Шэч зыхуащIыр яубыдащ

2023 гъэм и дыгъэгъазэм Налшык къалэм щыIэ УМВД-м зыхуигъэзащ илъэс 72-рэ хъу, щIыпIэм щыпсэу цIыхухъум. Абы зэрыжиIамкIэ, следователу зыкъезыгъэцIыхуа цIыхубзым и деж къэпсалъэри хъыбар къригъэщIащ и нысэм и зэранкIэ гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэ къызэрыхъуамкIэ икIи хъыджэбз гуэрым фэбжь зэригъуэтамкIэ. ИужькIэ къыхуигъэуващ къыхуигъэкIуэну цIыхум сом 400000 иритыну, уголовнэ жэуапым нэмысу Iуэхур зэфIэха хъун папщIэ.

 Следователь нэпцIым дзыхь хуищIри, цIыхухъур арэзы техъуащ, къыхуигъэлъэгъуам - Налшык къалэм КIыщокъуэм и уэрамым тет поликлиникэхэм я зым деж къакIуэри, къыIухьа курьерым ахъшэр иритащ.

А махуэ дыдэм пенсионерыр и нысэм деж псэлъащ, абы къыжриIащ псори зэрытэмэмыр икIи гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэм зэрыхэмыхуар.

Къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и УР-м и лэжьакIуэхэм шэч зыхуащIыр яубыдащ. Ар илъэс 24-рэ хъу, щIыпIэм щыпсэурщ.

Урысей МВД-м и управленэу Налшык къалэм щыIэм и Следственнэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ.

ЩIалэщIэр пIалъэкIэ щаIыгъ изоляторым къыщыхутащ.

ФадэхэкI птулъкIэ 400-м щIигъу

КъБР-м щыIэ МВД-м экономикэ шынагъуэншагъэм, коррупцэм пэщIэтынымкIэ и IэнатIэмрэ УФ-м и МВД-м Аруан районым щиIэ къудамэмрэ я лэжьакIуэхэм, къаIэрыхьа хъыбарыр зэхагъэкIри, Псыгуэнсу къуажэм щаубыдащ илъэс 61-рэ хъу, щIыпIэм щыпсэу цIыхухъур. Абы шэч хуащI хабзэншагъэкIэ контрафакт фадэхэкIхэр зыIэригъэхьэурэ ихъумэу.

ЦIыхухъум и унэ-лъапсэр къыщащым къытрахащ спиртхэкI зэрыт птулъкIэ 400-м щIигъу, аркъэ къыщIэзыгъэкIхэм я этикеткэхэр телъу, ауэ акцизхэр ящIымыгъуу. ИрагъэкIуэкIа экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, фадэхэкIыр ГОСТ-м къигъэувхэм техуэркъым, градус 35,8-м щIигъуркъым. Къытрахар и уасэщ сом мини 127-м щIигъу.

Шэч зыхуащIым хабзэхъумэхэм яжриIащ спиртхэкIыр имыцIыхухэм я деж къызэрыщищэхуар езым ирифыну. Аруан район ОМВД-м следствиемкIэ и IэнатIэм абы ехьэлIа уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 171.3 статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ ягъэкъуаншэу. ЦIыхухъум хуагъэуващ щIыпIэр имыбгынэну, хабзэр къызэпимыудыну.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: