ЩIыхуэр зытригъэкIыжащ

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм Налшык къалэм щиIэ къудамэм Iуэху къиIэтащ щIыпIэм щыпсэум алименту зэтрыригъэхьа щIыхуэр ирагъэпшынын папщIэ.

ЦIыхухъум и сабийм иритын хуейм хуимыгъэхьурэ сом мин 650-рэ щIыхуэ зэтригъэхьат. Суд приставхэм мызэ-мытIэу ар щагъэгъуэзащ суд унафэр имыгъэзащIэмэ кърикIуэнум, арщхьэкIэ и къалэнхэр къыфIэIуэхуакъым. Балигъ мыхъуа сабийм и хуитыныгъэхэр ихъумэн папщIэ суд приставым щIыхуэ зытелъым хъыбар иригъэщIащ, адэ къалэнхэм адэкIи зыпыIуидзмэ, административнэ жэуапым зэрырашэлIэнум теухуауэ.

Суд приставым епсэлъа иужькIэ цIыхухъур зыщIэгупсысыжри, щIыхуэр нэсу зытригъэкIыжащ.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: