«Iуащхьэмахуэ» курортым зеужь

УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къэ­кIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ министрымрэ тепсэлъы­хьащ щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм.

Мылъкухэр  зыхалъхьа унэтIыныгъэхэр

И гугъу ящIащ инвестицэ мылъкухэр зыхалъхьа проектхэм республикэм зэрызыщаужьым. Ап­хуэдэу нэгъабэ и мэ­къуауэгъуэ мазэм Шэджэм хадэ­хэкIхэр къыщагъэкI хуабэщ комплексым и япэ IуэхущIапIэр къыщызэIуахащ. Тырныауз дэт вольфрам-мо­либден къыщIэ­хы­пIэр къэгъэ­щIэ­рэщIэжыным зы­хуа­гъэ­хьэ­зыр. Къалэм и «Къу­хьэ­пIэ» райо­ныщIэм коммунальнэ, ­гъуэгу инфраструктурэ ухуэ­ны­гъэр жы­джэру щокIуэкI. Зэман гъунэгъум къриубыдэу ­Бахъсэн щрагъэжьэнущ псыр хуиту цIыху­хэм яIэ­рыхьэным теухуа ухуэ­ныгъэ­хэр.
Гулъытэ нэхъ хуащIу тепсэ­лъы­хьащ гъэм и лъэхъэнэ псоми лажьэ «Iуащхьэмахуэ» турист-рек­реацэ комплексымрэ «Налшык» курортымрэ.
КIуэкIуэ Казбек и гугъу ищIащ хьэрычэт IэнатIэр зэрыдаIыгъым и фIыгъэкIэ, илъэситIым къриу­бы­дэу зи щхьэ Iуэху зыщIэжхэм я бжыгъэм хъарзынэу зэрыхэ­хъуам, цIыху мин 71-м зэрыщIигъум.
Республикэм и Iэтащхьэм туризмэм и гугъу щищIым къыхигъэщащ 2023 гъэм и кIэм ирихьэлIэу зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр цIыху мелуан 1,5-м зэрыщIигъуар. УнэтIыныгъэм къы­пэкIуэу бюджетым иIэ хэ­хъуэр сом мелард 13-м нэблэ­гъащ, лэжьыгъэ IэнатIэу къызэ­ра­гъэпэщхэр проценти 10-кIэ нэхъыбэ хъуащ. «Мы зэманым экономикэм жыджэру зеужь, абы хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ хуэзыщI­ри турист унэтIыныгъэрщ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
«УФ-м и Президентым и пщэрылъкIэ туризмэм мылъку хухах, дэ ди къалэнщ ар нэсу къэгъэсэбэпыныр. Кавказым туриз­мэм зыщиужьыным Урысейм и Президентми Правительствэми гулъытэшхуэ хуащI. Курортым жы­джэру зеужь, зыгъэпсэхуа­кIуэ­хэм я бжыгъэм кIуэ пэтми ­хохъуэ, адэкIи къытпэщылъ къалэнхэр зэгъусэу зэрыдгъэзэ­щIэ­ным дыху­щIэкъунущ», - жиIащ Решетников Максим.

ЗэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ

Решетников Максим Къэбэрдей-Балъкъэрым щригъэкIуэ­кIащ гъэм и лъэхъэнэ псоми цIыхухэм зыщагъэпсэхуным ­хуэ­щIауэ щыт «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым      и зыужьыныгъэм теухуа зэIу­-щIэ.
Тегенекли жылэм щыIа зэхуэ­сым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Кавказ.РФ-м и генеральнэ унафэщI Юмшанов Андрей, УФ-м Экономикэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр ­Рес­пуб­ли-
кэм и Правительствэм, Iуащхьэмахуэ районым и щIы­пIэ само­управленэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ 2023 гъэм «Iуащхьэмахуэ» курортым игъуэта зыужьыныгъэхэм, апхуэдэуи илъэсыщIэм ирагъэ­кIуэкIыну Iуэхухэр щаубзы­хуащ.
«Урысейм и Правительствэмрэ Экономикэ зыужьыныгъэхэмкIэ и министерствэмрэ курортым ­гулъытэшхуэ хуащI. «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэр къэралым щынэхъ ин дыдэхэм икIи щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. БлэкIа илъэсым абы зыщызыгъэпсэ­хуахэм я бжыгъэм процент 27-кIэ хэхъуащ. ИлъэсыщIэ махуэ­шхуэхэм абы къекIуэлIащ цIыху мин 43-рэ, ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм щыIахэм нэхърэ хуэдищкIэ нэхъыбэщ. Ауэ зыгъэпсэхупIэм и зэфIэкIыр нэхъыбэжщ. 2026 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым хьэщIэ мелуан хуэдиз къригъэблэгъэфынущ икIи иджырей инфраструктурэкIэ къызэгъэпэща дунейпсо зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэу щытынущ», - жиIащ Решетников Максим.
«ФIыщIэ фхузощI нобэ фыкъызэрытхуеблэгъамкIэ, курорт Iуэхум и мызакъуэу, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIи республикэм гулъытэ къызэрыхуэфщIымкIэ. Абы дэ Iэмал къыдет къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм дыкъыкIэрымыхуу, зэманым дыдекIуу зыдужьынымкIэ. «Iуа­щхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм и зыужьыныгъэм хэтлъхьа мылъкур къызыхуэщхьэпар туризмэм и закъуэкъым. Абы Iуэху щызыщIэ хьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэм хэхъуащ, бюджетым къыхэхъуэ налогри нэхъыбэ ищIащ. Шэч къытесхьэркъым нобэрей зэIущIэри курортым и зыужьыныгъэм щхьэпэ зэрыхуэхъунум», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
Юмшанов Андрей тепсэлъы­хьащ Iуащхьэмахуэ щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм. Метр 3500-рэ лъагапIэм бгы-лыжэ инфраструктурэмкIэ ухуэныгъэхэм къыпащэ, къыщажыхьыну щIы­пIэхэм зрагъэубгъу. 2023 - 2024 гъэхэм я бгы-лыжэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу Кавказ.РФ-м километр 17 хъууэ щыта гъуэгур километр 23-м ­нигъэсащ, апхуэдэуи кIапсэ­ ­гъуэгуу тIу зэраутIыпщынум зы­хуагъэхьэзыр. Метр 4100-рэ лъагапIэм тет «Приют-11» цIэрыIуэр зэгъэпэщыжынымкIэ лэжьыгъэхэр зэтраублэжынущ. 2026 гъэм абы япэ хьэщIэхэр зэрыригъэблэгъэным хуэхьэ­зы­рынущ, апхуэдэу абдеж щылэ­жьэнущ МЧС-м и къегъэла­кIуэхэм я гупыр. Азау хуейр иджырей сервис-центркIэ къы­зэ­рагъэпэщынущ, абы Iуэху­тхьэбзэ зэмылIэу­жьыгъуэхэр къы­щыпхуащIэ къудамэхэр хэ­тынущ. 

2023 гъэм курортым кърашэлIащ инвесторхэр. Абыхэм я фIыгъэ­кIэ яухуэнущ иджырей хьэщIэщхэр, шхапIэхэр, спорт IуэхущIапIэ­-хэр, сабий центрхэр, бгым лыжэкIэ къежэхыным щыхуагъасэ, абы пыщIа Iуэхухэм щыхагъэгъуазэ еджапIэ. А проектхэм лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщынущ цIыху 1000-м щIигъу. Псори зэхэту инвестицэ мылъкуу абы текIуэдэнур сом мелард 39-рэ мэхъу. 

Фыкъеблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым!

Къэралым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максимрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Iуащхьэмахуэ и турист инфраструктурэр зрагъэлъэгъуащ. «Iуащхьэмахуэ» курортыр къызэрыщыхъуар, абы теухуа и еплъыкIэхэр министрым журналистхэм яхуиIуэтащ.
- «Iуащхьэмахуэ» курортым зэрызиужьым зэIущIэм дыщытеп­сэ­лъыхьа нэужь, абы щекIуэкIыр зэдгъэлъэгъуащ. Ди нэгу щIэкIащ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрыщыIэр, лэжьыгъэшхуэ щагъэзащIэ. Машинэ гъэувыпIэ ин къызэIуахащ, бэзэрым иубыд щIыналъэм къыхагъэхъуащ, нэгузегъэужьыпIэхэр ирагъэфIэкIуащ. ЩIыпIэм къы­щы­зэIуахыну хьэщIэщхэр зыухуэну инвесторхэр къыхэхынымкIэ зэпеуэ идогъэкIуэкI. КIапсэ, бгы-лыжэ гъуэгухэм къахэхъуащ, ахэр хуэдитI­кIэ нэхъыбэ хъуащ.
Кавказ.РФ-р хъарзынэу мэлажьэ, жэуаплыныгъэ хэлъу и къалэныр ирехьэкI. ФIыщIэ хуэфащэщ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки, Iуэхур тэмэму зэтеублауэ къызэрызэригъэпэщам папщIэ. ЩытыкIэ гугъум иту лэжьыгъэр зыфIэзыгъэкI цIыхухэм пщIэшхуэ яхуэфащэщ. Нэрылъагъущ ахэр Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэ-лIу зэрыщытыр, псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэращи - я респуб­ликэр фIыуэ зэралъагъур. Сыт нэхъыщхьэр жыпIэмэ, туристхэм я ­бжыгъэм хохъуэ, абы къегъэлъагъуэ щIыпIэр ягу зэрырихьыр. АдэкIи Iуэхум дыкIэлъыплъынущ, зыужьыныгъэхэр зэрекIуэкIым теухуауэ унафэ щхьэхуэхэр къэтщтэнущ.
Апхуэдэ зыужьыныгъэр зи фIыгъэр УФ-м и Президентым туриз­мэр зыужьыныгъэм и лъабжьэу къызэригъэлъэгъуарщ, абы зегъэужьыныр къалэн къудей мыхъуу, мылъкукIи щIигъэбыдэжащ. УФ-м и Правительствэми и нэIэ щIэтщ мыбдеж щекIуэкI лэжьы-гъэр. Кавказым зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ зиужь дитри, адэкIэ ипэкIэ дыкIуэтэнущ. Мы Iуэхум зи гуащIэ хэлъ псоми иджыри зэ фIыщIэ яхузощI. Фыкъеблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Налшык, Iуащхьэмахуэ лъапэ!

 

Поделиться: