Гупсысэ къабзэкIэ лъэпкъым пыщIащ

Лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэр зыхэзыщIэ режиссёрщ Адыгэ Республикэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор. Ар доцIыху «Кавказфильм» киностудием и лэжьыгъэхэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми ди гъунэгъу республикэхэми я театрхэм щигъэув спектаклхэмкIэ, трих адыгэ фильмхэмкIэ, зэфIигъэкI лъэпкъ IуэхухэмкIэ.

И IэщIагъэм хэлъ Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ лъэпкъ гупсысэр ехъумэ ЕмкIужым. Адыгэ фильмым щытепсэлъыхькIэ, къыхегъэщ абы елэжь дэтхэнэри адыгэу щытын зэрыхуейр.

- Адыгэм и хьэл-щэныр зымыщIэм дэ ттеухуауэ кино требгъэхмэ, ар ещхь хъуркъым. Къэтщтэнщ щапхъэу гухэлъ къызыхэщ теплъэгъуэ. Урысым и гурыщIэ къэIуэтэкIэр куэду къыщхьэщыкIынущ дэ ар зэрыдгъэлъагъуэм.  Ахэр нэIурыту гурыщIэм тепсэлъыхьмэ, адыгэ кином и лIыхъужьхэм я «зэпсэлъэкIэм» езы тIум я зыхэщIэм щэху хэлъщ. Псалъэм папщIэ, ар къыхэщынкIэ хъунущ я плъэкIэм – я напIэр зэраIэтым, зэрырахьэхыжым куэд къеIуатэ. Мис апхуэдэ гупсысэхэр щIэлъу тумыхмэ, адыгэ кино пхуэгъэпсынукъым. Адыгэ зэхущытыкIэр фильмым нэсу къыщыхуэгъэлъэгъуэнукъым нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIам. Лъым хэтын хуейщ, жыхуэсIэщ, - къыхегъэщ Андзор.

 «Кавказфильмым» теухуауэ режиссёрыр жыжьэ маплъэ:

- «Кавказфильм» киностудием и гугъу пщIымэ, ар жылапхъэ хуэдизщ иджыри зэрыхъур – къыщIэдзапIэщ. ЗекIуэну зи лъэ теувэ сабийм хуэдэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ. Дауи, ди лъэр быдэу дгъэувыным зэман ихьынущ. Мис а зэманым епхауэ зы гупсысэ хэплъэгъуэ къоунэху: бзэм и Iуэхур. Дэ адыгэ кинор лъэкIэ дгъэувыху, абы едгъэплъыну дызыхуейхэм я бзэр ящIэжыну пIэрэ, дакъыгурыIуэжыну пIэрэ?! Сыту жыпIэмэ, дэ ди бзэращ ди купщIэр, ди шыфэлIыфэр, ди дуней тетыкIэр. «Уадыгэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу щыткъым адыгэбзэр умыщIэнкIэ», - жызыIэхэм захуэзгъэзэнут: «Iэмал имыIэу пщIэн хуейщ уи бзэр!». ПцIыщ уадыгэу адыгэбзэ пщIэным ухуэмыпабгъэныр.

ЦIыхур - щIыуэпсыр - гупсысэр зэпхащ. Ари Андзор и деж щыболъагъу. ЩIыуэпсым и къарур зыхещIэ, абы и телъыджагъыр елъагъу, а телъыджэм хэзэрыхьа нэужьи зыкIи пхуэмыгъэутхъуэн гупсысэ къабзэхэр иIэу, езым гурыфIыгъуэ къызыхих, лъэпкъым къыхуэсэбэпын Iуэхухэм тогушхуэ. ГъэщIэгъуэнщ, лъэпкъ гупсысэр а щIыуэпс дыдэм къызэрырипх Iэмалри.

         - ЩIы хъурейм жыг лIэужьыгъуэ куэд ущрихьэлIэнущ. Иджы девгъэгупсысыт, лъэпкъ къэс зы жыг лIэужьыгъуэ хуэдэу. Адыгэм ди жыгыр си нэгум къыщыщIэзгъэхьэкIэ, мыпхуэдэ теплъэ изот: и лъахъцхэм куэдыщэ хэгъукIарэ, псэууэ къэна зыбжанэм зэрафIэщкIэ щIым зыхаукIауэ. Жыгыр нэхъри хэхъуэху, ар зыIыгъ лъахъц мащIэм нэхъри къатехьэлъэу. Псы хуэлIэурэ гъуж жыгымкIэ сыт къэзгъэлъагъуэр жыпIэмэ, - бзэр, хабзэр, щэнхабзэр.

         Дэ мы зэманым мыпхуэдэ щытыкIэ дитщ: ди тхыдэм дропагэ, ди адэжьхэм я лIыгъэм дытепсэлъыхьыжурэ абы дыкъыкъуогушхукI, ди блэкIам лъапIэныгъэу хэлъар къыдгуроIуэ. Ауэ, дэ езыхэр, нобэ щыIэхэр - щэ?! Дыхэт, сыт тхузэфIэкIыр? Пэжым ухуеймэ, дэ иджыри диIэщ Iэмал ди лъэпкъ жыгым псэ хэтлъхьэжыну, къару еттыжыну. АбыкIэ жэуап дохь, - жеIэ режиссёрым.

ЕмкIуж Андзор Хэкум къуэпс быдэкIэ пыщIащ:

- Адыгэм и тхыдэ гуузым, илъэсищэ зауэм и гугъу пщIымэ, лъэпкъым Хэку иIэнымкIэ лIыгъэшхуэ къалъыкъуэкIащ лъахэм къинахэм, пэлъэщащ къалэн гугъум – лъэпкъым къыхэкIа, дэнэ щIыпIи щыIэ адыгэ цIыхум и екIуэлIэжыпIэр яхъумэным. Илъэсищэ зауэм и Iэужьыр ди дунейм къыхэнащ игъащIэкIэ. Абы махуэ къэс дытемыпсэлъыхьми, ди гупсысэм хэтщ. Адыгэ цIыхум ар и гум къыпхуитхъыжынкъым, - жеIэ.

         Адыгэм и гъащIэм щыщ Iыхьэ къыхэщу щыIэщ фильмхэр. Абыхэм куэдрэ къыщагъэлъагъуэ насыпыншагъэ гуэрхэр, IэщIыб щIын хуей мыхъумыщIагъэхэр, хьэл-щэн зэхуэмыдэхэр – фIыри Iейри – зыхэлъхэр. Пэжщ, лъэпкъыр зыщIэгупсысынрэ игъэзэкIуэжынрэ къыдокIуэкI. А псом езгъапщэу, ЕмкIуж Андзор и лэжьыгъэхэм я гугъу сщIымэ, мыращ си гупсысэр: мыбы игъэлъагъуэр ди фIырщ, ди дахэрщ, щэнхабзэрщ, хабзэ-нэмысырщ. Мыбыи мыхьэнэ иIэщ: Андзор и лэжьыгъэхэм нэхъыжьи нэхъыщIи тыншу еплъыфынущ, уи нэр щIепхьэхын е сабийм имылъагъупхъэ зы теплъэгъуи хэткъым – къабзэщ. ГъэщIэгъуэн тщыхъуащ «Невиновен» фильмым теухуауэ къыджиIэжа зы хъыбар:

         - Иджыблагъэ Орлов областым щыщ журналист бзылъхугъэ интернеткIэ къэпсэлъащ «Невиновен» фильмым и IуэхукIэ. «Фильмым деплъри дигъэпIейтеящ, абы хэлъ гупсысэр ди щIалэгъуалэм зыхащIэн хуейуэ къыдолъытэри, хуит дыкъэпщIмэ, щIыналъэм щеджэ студентхэр едгъэплъынущ, - жиIащ бзылъхугъэм, икIи и унагъуэм ар къазэрыщыхъуар къыпищащ. - Зы пщыхьэщхьэ быным сахэсу деплъащ абы. ИкIэм щынэблагъэм, илъэситху зи ныбжь си нэхъыщIэм жиIащ: «Сыту лъэпкъ дахэ мыхэр!».

 Мис а сабийм фильмым хуигъэува нагъыщэм нэхъ лъапIэ сыхуейкъым сэ. Арагъэххэт си мураду тесхар – лъэпкъым ди дахагъэр згъэлъагъуэну арати, сабий псэ къабзэм а псалъэхэр къыщыжьэдэкIакIэ, къызэхъулIащ.

 ЕмкIужым и «Невиновен» фильмым и етIуанэ Iыхьэр («Невиновен 2») трихащ, мы зэманым ар зэхагъэувэ. Абы пэплъэхэр куэд дохъу!

Режиссёрым и лэжьыгъэр зэи зэпыуркъым, иджыпстуи зэлэжьын и куэдщ. Республикэм и макъамэ театрым ирагъэблэгъауэ мюзикл щегъэув. Пьесэр ПащIэ Маринэ итхащ, макъамэ щIэту. Нотэм ар иригъэзэгъащ Бэрбэч Беслъэн.

ДяпэкIэ и мурадхэм ящыщщ гупсысэ куу зыщIэлъ, цIыхугъэм и щапхъэ гъуэзэджэу тхыдэм къыхэщыж зы Iуэхугъуэ и лъабжьэу кино трихыну. Ар Ленинград блокадэм къыдаша сабийхэр Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Беслъэней адыгэ къуажэм дэс адыгэхэм къызэрырагъэламрэ зэрапIамрэщ. Андзор а Iуэхум теухуа тхылъ, дэфтэр куэд щIиджыкIащ, журт сабийхэр зы жэщым бын ящIу, зи унэцIэр езытауэ псэужхэм яхуэзащ, а Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэм епсэлъащ. Иджы а псори и лъабжьэу, документальнэ фильмым нэхъ хуэкIуэу сценарий ягъэхьэзыр. Мы зи гугъу тщIыри режиссёрым лъэпкъ гъуазджэм, тхыдэм, щэнхабзэм хуищI хэлъхьэныгъэхэм ящыщ зы лэжьыгъэ купщIафIэ зэрыхъунум шэч къытетхьэркъым.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться: