ЦIыхубз, бзылъхугъэ, пщащэ…

Сыт хуэдэ лъэхъэнэми зэманми адыгэхэм цIыхубзым хуащIу щыта нэмысыр къэзыгъэлъагъуэ псэлъафэ, фIэщыгъэ куэдымкIэ ди бзэр гъэнщIауэ къекIуэкIащ. Псалъэм папщIэ, «бзылъхугъэ» псалъэм и мыхьэнэр зэпкърытхынщ. Абы къикIыр «ДыкъэзыгъэщIар лъхугъэкIэ зыхуэупсауэ, и IэпкълъэпкъкIэ, гупсысэкIэкIэ, хьэлкIэ цIыхухъум къыщхьэщыкI Iэмыр» жиIэу аращ.

Бзылъхугъэр зэрыт ныбжьым, и щытыкIэм, хьэлым, бгъэдэлъ дахагъэм  теухуауэ фIэщыгъэцIэ зэмылIэужьыгъуэхэри къагъэсэбэп: фыз, цIыхубз, хъыджэбз, пщащэ, гуащэ. Мыбыхэм ящыщу «цIыхубз» псалъэращ цIыхум нэхъ Iурылъыр. Ар къызэрыгуэкI псалъэщ икIи уи пащхьэ итыр зэрыбзылъхугъэм нэмыщI зыри кърахыркъым.

ЦIыхубз псалъэмрэ бзылъхугъэмрэ я мыхьэнэкIэ зэбгъэдохьэ. Адрей бзылъхугъэхэм щапхъэу къыхуахьхэм я щIыкIэ дахэмрэ цIыхубэм дыгъэпсу къыхэзыгъэлыдыкI хьэл-щэнымрэ зыбгъэдэлъщ тIуми къарыкIыр. «Ерстэн, Суанд йоплъри, зэригъэщIэгъуэнур къыхуэщIэркъым: цIыхухъу щыгъын игъащIэм щыгъауэ пщIэжынукъым, напIэзыпIэм зыкъызэрихъуэкIыжащ, бзылъхугъэ щIыкIафIагърэ щэнрэ къищтэжащ: бгы псыгъуэ пщащэ къуданщ, уеплъамэ зэрыгумахэ дыдэр къыбощIэ. Данэ IэлъэщIри йокIупс, нэхъ дахи пщащэхэм яхэткъым» [КIэрашэ Т., «Шу закъуэ»].

ЦIыхубзымрэ бзылъхугъэмрэ кърагъэзэгъ мыхьэнэм хуэмыдэу, фыз псалъэм лъэныкъуитIкIэ убгъэдыхьэ мэхъу:

  1. фыз – ныбжь зиIэ цIыхубз;
  2. фыз – лIы зиIэ цIыхубз, унэгуащэ.

Апхуэдэу фыз псалъэм бзылъхугъэм и хьэл щхьэхуэ, цIыхухъухэм яхэлъынкIэ Iэмал зимыIэ, къикIыу къагъэсэбэп. Псалъэм папщIэ, фыз псалъэ, фыз хьэл, зыгъэгусэрей. Мыбыхэм щытыкIэ дахэ лъэпкъ къызэрамыгъэлъагъуэр наIуэщ. «Фыз хъыбарщ жумыIэмэ, зэхэсхари бжесIэнщ» [Нартхэр]. АдыгэлIым дежкIэ «фыз», «фыз хьэл», «фызыпхъэ» жыпIэу уещыным нэхъ щхьэфIэх щыIэкъым, ауэ абы къикIыркъым «фызхэм» хьэл мыхъумыщIэ гуэр далъагъуу, хьэмэрэ абыкIэ езы фызхэр ягъэнэхъыкIэу. Уеблэмэ фызхэм пщIэ щхьэхуэрэ хабзэ дахэрэ кIэлъызэрахьэу щытащ. Ар къыхощыж IуэрыIуатэм: «Фыз хасэ щIэупщIэркъым, фыз упщIэжь ирахьэлIэркъым», «Нартхэм яIэт хабзэжьу фыз и лъэIу фIэлIыкIыуи, ящIщ унафи, нарт лIитIи ягъэшэсри ирагъэжьащ».

Щхьэгъусэ зиIэ фызым утепсэлъыхьмэ, а зы псалъэрауэ къыщIэкIынущ щыIэр бзылъхугъэм ифI лъэныкъуэри и Iейри къызэщIиубыдэу зыхэлъыр. Мыбдеж бзылъхугъэм зрихьэн хуей дахагъэр, теплъэр, дауи, лейкъым, ауэ псом япэ иригъэувэркъым. Фызыр Iэщабэ-Iущабэу, бзэ IэфIу, набдзэгубдзаплъэу, хуабагъэр и нэм къыщIихыу щытын хуейщ. Абы и щапхъэу мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр адыгэм къыдокIуэкI: «ЛIым и узыншагъэр фызым и фIыгъэщ», «Насыпыр фызым къыдокIуэ», «Фыз дахэ тхьэмахуэ фызщи, фызыфI ныбжьрей фызщ».

Фызым и IэфIри дахагъэри фIокIуэд бзаджэ, ябгэ, быдэ жыхуиIэ плъыфэцIэхэр къыщыпыувэкIэ: «Фыз бзаджэ хьэщIэ мыгъашхэщ», «Фыз быдэ илI хьэлэлщ».

Фызыхъу псалъэм «цIыхухъу хьэл къэзыщта, цIыхубзым хуэмыфащэ унафэ, Iуэху, щытыкIэ, псэлъэкIэ зиIэ» жиIэу аращ къикIыр. Псалъэм папщIэ, «Фызыхъум къикIыр лIымрэ фызымрэ зэрызэхагъэкIыу щыта теплъэм зихъуэжауэ аращ: лIыр бланэжкъым, фызыр гумэщIэжкъым, пыIэрэ гъуэншэджрэ фызым щитIэгъащ, фызыр япэ итщ, лIыр яужь иуващ. ПащIэ закъуэрт, жи лIым къыхуэнэжари, ари фызыр къыщыхьауэ ирагъэупс…» [Нало, Фызыхъу]. Апхуэдэ щытыкIэ иува фызри лIыри, зэрыгурыIуэгъуэщи, теплъэгъуейщ, наджэ-фаджэщ. Зи фыз и кIэ къуагъ къуэс лIым нэхъ дыхьэшхэнрэ гущыкIыгъуэрэ щыIэу къыщIэкIынкъым. «Фызым унагъуэ унафэ ещI, лIым унэщIыб унафэ ещI».

Зи фызым и жыIэм фIэмыкI, абы фIэлIыкI цIыхухъухэм зэреджэр фыздэубзэщ. Ауэ мы псалъэм мыхьэнэуэ тIу иIэщ: цIыхухъугъэр зыIэщIауда гущыкIыгъуэмрэ зи щхьэгъусэм бзаджагъэкIэ езэгъ лIы Iущрэ. «ЛIыхъур фыз дэубзэщи, лIыбзыр фыз дэуейщ».

ЦIыхубзхэмкIэ къэдгъэзэжынщи, хъыджэбз, пщащэ, фызыпхъэ, дыщырыс псалъэхэм зи дэкIуэгъуэ дахэу, балигъыпIэ иува бзылъхугъэ дэмыкIуа жиIэу аращ къарыкIыр. «Хьэбыж хъыджэбзым и дежкIэ хьэуат, уафэт, щIылъэт, удз гъэгъат, гъатхэт – гъащIэ псот», «Хъыджэбзыр, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа жыхуаIэм хуэдэу, дахэт, гъэсат, хьэл-щэн гъуэзэджэ хэлът, Къэбэрдей псом фIыкIэ и цIэр щыIуат», «Хуцэ къыщашам КIулэ хъыджэбздэсу къыIущIащ», «ХьэщIапIэ здэкIуам пщащэ дэс яIэт», «А зэманым нартхэ я пщащэ дэс ину ягъэбакъуэртэкъым, псынщIэу кърагъэкIухьыртэкъым, щхьэдэхыпIэ ирагъэбакъуэртэкъым». Зэрынэрылъагъущи, мы псалъэухахэм хъыджэбзыр, пщащэр зэпIэзэрыту, гукIи, псэкIи, IэпкълъэпкъкIи къабзэлъабзэу, гъэфIарэ щэныфIэу бзылъхугъэ ныбжьыщIэущ къызэрыщагъэлъагъуэр – «Къундузыфэщ, си хур пщащэ дахэ, си хьэщIэ цIыкIу, - жиIащ фызыжьым», «Мэлычыпхъу пщащэ дэгъуэу Унэджокъуэм щызэхихым, Нарт шу гуп кърешажьэри Мэлычыпхъу цIыкIу и лъыхъуакIуэ къожьэ».

Дыщырыс псалъэр жьы дыдэщ, зи нэчыхь ятхауэ иджыри адэ-анэм ябгъэдэс, мыгувэу и щхьэгъусэм хуашэжыну хъыджэбз жиIэу аращ къикIыр.

АкъылкIи IэпкълъэпкъкIи балигъыпIэ иува бзылъхугъэхэм щхьэкIэ фыз, фызыку, цIыхубз псалъэхэр къагъэсэбэп. Фыз, цIыхубз псалъэхэр бзылъхугъэ ныбжьыщIэми нэхъ балигъыIуэми хужыпIэ хъунущ, унагъуэ исмэ, ауэ фызыку зыхужаIэр зи ныбжьыр ику нэса, хэкIуэта, фыз тIорысэхэращ.

Жьы хъуа цIыхубзхэм щхьэкIэ адыгэбзэм псалъэ зэхуэмыдэхэр хэтщ: фызыжь, нанэ, нэуэжь, анэшхуэ.  Псалъэм папщIэ: «Фызыжьым пIастэ хуабэ ищIат, лы игъэжьат». Фызыжь псалъэм «цIыкIу» плъыфэцIэр къыщыпыувэкIэ, гъэфIэныцIэ хуэдэу мэхъури, фIы, дахэ кърахыу бзылъхугъэм хужаIэ. «Фызыжь цIыкIум щIалэр иригъэблэгъащ».  ГъэщIэгъуэныракъэ, фызыжьым уи гур щызыгъэкIын, уи щIыб щIыхуэбгъэзэн мыхьэнэ иIэу адыгэбзэм зы псалъи хэткъым. Ар адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ бзылъхугъэм пщIэшхуэ хуащIу къызэрекIуэкIарагъэнущ къызыхэкIар.

ЦIыхубзым и дахагъэмрэ и дуней тетыкIэ дахэмрэ ирагъэбелджылыуэ мыпхуэдэ псалъэхэмкIи ди бзэр къулейщ: тхьэIухуд, тхьэIухудшыр, тхьэIухуднэзакъуэ, набдзэ фIыцIэ, пыжьынэ, набдзэ  къурашэ, къупщхьэ гуащэ, хурэ, назычэ.

ТхьэIухуд, тхьэIухуднэзакъуэ, тхьэIухудшыр жиIэмэ, зи дахагъэр къыпхуэмылъытэну егъэлея бзылъхугъэ кърагъэкI. Ауэ тхьэIухудшыр зыхужаIэр ныбжьыщIэ, хъыджэбз цIыкIухэращ. Хур псалъэр таурыхъхэм къыхахыжащ. Ар дунейм пщащэу тетым дахагъэкIэ ятекIуэ Iэмырым и фIэщыгъэцIэщ, муслъымэн диным къызэрыхэщымкIэ.

Пщащэ цIыкIум и нэр фIыцIэмэ, пыжьынэ хужаIэ. Назычэри апхуэдэу къамыгъэсэбэпыж псалъэжьщ, тхьэIухудым и мыхьэнэращ кърахри.

Адыгэхэр цIыхубзым и дахагъэм щытепсэлъыхькIэ, нэхъ зытрагъащIэр нэр, набдзэр, щхьэцыр, нэкIуращ. Iэпкълъэпкъым, пкъым тепсэлъыхьыну кърагъэкIуркъым. Адрей лъэпкъхэр Iэпкълъэпкъым  щхьэхуэ-щхьэхуэу тепсэлъыхьмэ, адыгэр абы къыпокIуэкI. Пкъым и гугъу щащIкIэ, адыгэхэм нэхъ къагъэсэбэп мыпхуэдэ псалъэхэр: псыгъуэ, зэкIуж, пкъы псынщIэ, щхьэпэлъагэ, лантIэ, жан. «КъызэрыгуэкI бзылъхугъэт ХьэкIуринэ. Пэжу мыщхьэпэлъагэми, и Iэпкълъэпкъ мащIэр зэкIужт, шхужь лъагэт, бгы псыгъуэт».

Щхьэцым мыхьэнэшхуэ иратырт адыгэ бзылъхугъэхэм, щыгъыныр екIуу зэрыпщыгъым хуэдэу, щхьэцри дахэу гъэщIэрэщIэн, къабзэу зехьэн хуейт. Щхьэцыр нэхъ кIыхьыху, нэхъ Iувыху, цIыхубзым и дахагъэр нэхъыбэу, и насыпыр нэхъ куууэ къалъытэрт. Нэхъ теплъафIэу, уэркъ дахагъэу къалъытэри щхьэц фIыцIэ, бжьыхьэ мэракIуапцIэ плъыфэрат. «ТIууэ зэгуэха, ухуэна щхьэц фIыцIэ Iувхэр IэдиитIу еутIыпщхьэхат и бгъэ лъагитIым». Адыгэхэм сырыхухэр яфIэфIыщэу щытакъым икIи зи щхьэц хужьыфэхэм, щыдыхьэшхыу, «фонащэцу сырыху» хужаIэрт.

УмыгъэщIагъуэу плъэкIыркъым Iупэм, нэм, набдзэм, нэкIум и плъыфэм щхьэкIэ адыгэхэм къагъэсэбэп плъыфэцIэхэм я бжыгъэр: нэкIуху, тхьэрыкъуэ пщэху, набдзэ пцIащхъуэкIэ, набдзэ къурашэ, нэфIыцIэ, пыжьынэ, дыхьэрэн (нэкIущхьэплъ), балий ныкъуэхъу, хъарбыз ныкъуэхъу (Iупэхэм щхьэкIэ). Къыхэгъэщыпхъэщи, ди адэжьхэм яфIэфIтэкъым, Iупэр щыIувым, щыплъыжьыбзэм деж.

Ди тхыгъэм и кIыхьагъым, зэрыщытлъагъущи, цIыхубз Iей, теплъэгъуей къызэрыкIыу зы псалъи къыхыхьакъым. Пэжщ, адыгэбзэм хэтщ зи теплъэр мыщIагъуэ цIыхухэм хуэгъэза плъыфэцIэхэр. Псалъэм папщIэ, лъэгъугъуей, Iуплъэгъуей, наджэ-фаджэ, наджэ-Iуджэ. Ауэ ахэр псори цIыхухъухэми цIыхубзхэми щхьэкIэ зэхуэдэу пхужыIэнущ. ЖыпIэнуращи, цIыхубзым и закъуэ хуэгъэза псалъэ Iей щыIэкъым.

ХьэлкIэ, щытыкIэкIэ зи цIыхубзыгъэр мащIэу зыIэщIэхуа бзылъхугъэхэм я щытыкIэр кърипIуэтэфыну псалъэ гъэщIэгъуэнхэри диIэщ: нэрыбгей (бзаджэ), хъурыгу (жьэшхуэ, зи лIым зэпымычу техъунщIыхь, ехъурджауэ фыз), лIыгъэжь (гущIэгъуншэ, лIымкIэ щысхьыншэ, псэупIэ езымыт), пIэщхьагъей (унагъуэм имызагъэ, щхьэгъусэкIэ мыщIагъуэ, мыхъумыщIэ, бзаджэ). «Узиунагъуэм уи унагъуэм нэрыбгей иухьэ!».

Фызхэр лIыпIэ зэриувэфыр къэзыгъэлъагъуэ плъыфэцIэхэри гъунэжщ: фызыхъу, лIыIуэлIыфэ, шыгурыхъу. «Шыгурыхъу Iэпхъуалъэншэ».

ЦIыхубз щхьэпс, щIыкIэншэ, нэмысыншэхэм щхьэкIэ мэскIэтIинэ, лIынэ-лIыпсэ, кIэудэ жаIэ. Нэчыхьыншэу зэрашэ, къэзыкIухь, укIытэ зимыIэ цIыхубзхэр къызэрагъэлъагъуэ псалъэ напэтеххэри хэтщ ди бзэм: къэхьпэ, куэпэч, хьэбз, пщыдэгъуэлъ, псэжь.

КIэух псалъэу жытIэнщи, гу зэрылъыттауэ, адыгэбзэм бзылъхугъэр зэригъэнэхъыкIэ псалъэ, плъыфэцIэ хэткъым, иужьрейхэм къищынэмыщIа.

Тамбий Гуащэмахуэ.

Поделиться: