Шахмат псынщIэмкIэ зэпоуэНалшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Кубокыр шахмат псынщIэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр. Ди республикэм и шахматистхэм нэмыщI, абы хэтащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым, Ставрополь крайм я лIыкIуэхэри - псори зэгъусэу спортсмени 103-рэ. Зэпеуэхэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр иратащ ТекIуий Эмир, етIуанэ хъуащ Джэдгъэф Чэмал, Щыхьмырзэ ФатIимэ ещанэщ. Ветеранхэм я зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ Дедюхин Олег, ныбжьыщIэхэм я деж - Келигов Хъалид, хъыджэбз цIыкIухэм ятекIуащ Бязровэ Кирэ. Шахмат псынщIэмкIэ зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ иратащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|