Гъатхасэм пежьэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм вэн-сэным зыхуэгъэхьэзырын щIадзащ.
 Республикэм и щIыналъэхэм щыIэ мэкъумэш управленэхэм къатахэм ятещIыхьауэ зэкIэ къызэрабжамкIэ, псори зэхэту гъавэм ирагъэубыдынущ гектар мин 28I-рэ, абы щыщу гъатхасэм хухахынущ гектар мин 2II-м щIигъу. 
Япэ ирагъэщыпхъэ лэжьыгъэхэм ящыщу иджыпсту жылапхъэхэр ягъэхьэзыр, щIыгъэпшэрхэр кърашалIэ, къэкIыгъэхэр узыфэхэмрэ хьэпIацIэхэмрэ  ящызыхъумэ хущхъуэхэр зэрагъэпэщ, мэкъумэш техникэхэм кIэлъоплъ, ахэр зэрагъэпэщыж, гъэсыныпхъэу зыхуэныкъуэнур зыхуэдизымрэ абыкIэ ахэр къызэзыгъэпэщыну IуэхущIапIэхэмрэ яубзыху. 
Абы къыдэкIуэу, «Россельхозцентр»-м и къудамэу КъБР-м щыIэм и IэщIагъэлIхэм бжьыхьэсэм и щытыкIэр къапщытэ икIи абыхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ахэр тэмэму щIым хиубыдащ, хъарзынэу заужь. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: