Хъыджэбз Iущ цIыкIу

(Таурыхъ)
Пащтыхь гуэрым цIыхухэр ириджэри яжриIащ дунейм нэхъ лъагъуныгъэ пэжу тетыр, нэхъ IэфIу щыIэр, нэхъ пшэру тетыр къэзыщIэм игъащIэкIэ хурикъун дыщэ иритыну. 
- Пщэдей иджы хуэдэ зэман хъуху пIалъэу фызот фыгупсысэну, - жиIащ икIэм пащтыхьым. 
ЦIыхухэр зэбгырыкIыжри, гупсысэн щIадзащ. 
ЛIы гуэрым хъыджэбз цIыкIу иIэт, илъэсиплI хъууэ. И адэр къыщыкIуэжам ар еупщIащ:
- Сыт пащтыхьым къывжиIар?
Адэм абы жриIащ пащтыхьыр зыхуейр. 
- АтIэ ар сэ къэсщIэнкъэ!
- Ар уэ къыпхуэщIэну?
- КъэсщIэнщ, - жиIащ хъыджэбз цIыкIум быдэу.
Адэм ар и фIэщ хъуакъым, ауэ псалъэм къыдэкIуэу жиIащ:
- АтIэ къыпхуэщIэнумэ, ди гъащIэм тхурикъун дыщэ пащтыхьым къыдитынущ. 
Хъыджэбз цIыкIум и адэм жриIащ пащтыхьыр зыщIэупщIам и жэуапхэр. 
ПIалъэр къэсри, пащтыхьым и деж цIыхухэр аргуэру щызэхуэсащ. Зэтемыхуэу куэд жаIащ, ауэ пащтыхьыр зыми арэзы техъуакъым. Хъыджэбз цIыкIу зиIэ лIым деж чэзур къыщысым, абы мыпхуэдэу жиIащ:
- ЩIыгум нэхърэ нэхъ пшэр щыIэкъым, жейм нэхърэ нэхъ IэфI щыIэкъым, бын лъагъуныгъэм нэхъ пэж щыIэкъым. 
- Хэт къыбжиIа ар? – щIэупщIащ пащтыхьыр. 
- ИлъэсиплI и ныбжьу хъыджэбз цIыкIу сиIэщ, абы къызжиIащ. 
- АтIэ а уи хъыджэбз Iущ цIыкIур къэмышууэ, къэмылъэсу, къэмылъатэу хьэщIэу къысхуэгъакIуэ, - къыжриIащ пащтыхьым. 
ЛIыр унэм къэкIуэжри, ипхъу цIыкIум жриIэжащ пащтыхьым зи гугъу къыхуищIахэр. 
Хъыджэбз цIыкIум и лъэIукIэ зы къуаргъ цIыкIурэ зы тхьэкIумэкIыхь цIыкIурэ къигъуэтащ лIым. Къуаргъ цIыкIур и блыгум щIигъэтIысхьэщ, тхьэкIумэкIыхьым кIапсэ ирилъхьэщ, ишэри, пащтыхьым и куэбжэпэм Iухьащ. Джэри, IуэхутхьэбзащIэхэр къыщыщIэкIым яжриIащ, «пащтыхьыр къэвгъаплъи сыкъевгъэлъагъу», - жиIэри. 
Пащтыхьыр лъагапIэм къытеуващ. 
- Сыкъэплъагъурэ? – еупщIащ хъыджэбз цIыкIур. 
- Узолъагъу. 
- АтIэ сыкъэшууакъым, сыкъэлъэсакъым, сыкъэлъэтакъым, мы цIыкIухэм сыкъахьащ, - жери иригъэлъэгъуащ къуаргъ цIыкIумрэ тхьэкIумэкIыхь цIыкIумрэ. 
- Уэ пщащэ Iущ цIыкIур ущапIым щыгъуэ сыт уагъэшхар?
- Гъуэгу гъурым къыщаубыда бдзэжьейрэ къэмыкIа къэкIыгъэкIэ сапIащ.
Пащтыхьым зыри жимыIэу къеплъащ, итIанэ унэм щIыхьэжащ. Мыгувэу IуэхутхьэбзащIэхэм хъыджэбз цIыкIум къыхущIахащ игъащIэкIэ хурикъун дыщэ. 
Поделиться: