Эверест унэзыхьэс гъуэгуанэ

Бгырыс цIыхухэм я дежкIэ сыт хуэдэ лъагагъэри къэгъэIурыщIэгъуейкъым. Къапщтэмэ, Iуащхьэмахуэ и жьэгъущIэсхэмкIэ гугъуехьышхуэ пылъкъым къурш щыгум нэсыным. Сыту жыпIэмэ, абыхэм фIыуэ ящIэ къуршхэм шынагъуэншэу зэрыщызекIуэну хабзэхэр. Арагъэнщ дуней псом щынэхъ лъагэ Эверест къуршым Кавказым, псом хуэмыдэу ди республикэм, щыщу зезыпщытхэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм къыщIыхэхъуэр. АтIэ сыт хэтщIыкIыр а лъагапIэм и щэхухэм.

Абы теухуауэ Урысей журналист Задонская Марие и тхыгъэ хьэлэмэтхэм къыхигъэща Iуэхугъуэ зыбжанэ гъэщIэгъуэн пщымыхъуу къанэркъым. Илъэс мелуан бжыгъэ ипэкIэ евразие плитар индие плитам жьэхихьэу, а тIум я зэхуакум къыдэхъукIа икIи зэи уэсыр зытемыкI, къурш щыгу нэхъ лъагэ дыдэм исщ дуней псом сыткIи пэIэщIэу уафэ лъащIэм щIэт Непал щIыналъэр. Абы и къалэ нэхъыщхьэ Катмандуи адрейхэм къащхьэщокI щIэкIыпIэ-щIыхьэпIэ защIэу зэрызэхэтымкIэ.

Эверест и щыгум дэкIыну хуей туристхэмрэ альпинистхэмрэ щызэхуэсыр Катманду и Тамеле хьэблэрщ. Непалыр япэу турист кIуапIэ щыхъуар 1951 гъэрщ. А зэманым, абы хьэщIэщ зэрыщымыIэм къыхэкIыу, туристхэр а щIыпIэм щыпсэухэм я унэм къыщызэтеувыIэн хуей хъурт. ЕмысамкIэ ефэгъуейуэ хьэщIэхэм къыхутрагъэувэрт якхэм я шэ Iувыр куэду зыхэкIа шей шыугъэр. Нэм къиплъыхьыр шхъуэкIэплъыкIэрэ сабэ гъуэплъым щIигъэна Катманду и къэпщытапIэ щIыпIэм ублэкIа нэужь а шей шыугъэрщ Гималаи къуршхэм дэкIыну хуейхэм ноби я гъуэгуанэр зэраублэр. Эверест и щыгум кIуэ гъуэгуанэм къыщыщIедзэ автобус къэувыIэпIэхэм ящыщ зым. Дунейр иджыри кIыфI зэхэтщ, уэрам зэвым къыщызыжыхь хьэхэмрэ адэ-модэкIэ сату тIэкIу щызыщIхэмрэ фIэкIа нэхущым хыумылъагъукIыу. КъыIухьа маршруткэм туристхэр йотIысхьэ, я хьэлъэхэри яIыгъыу. Сыхьэтитху гъуэгуанэ мытыншым иужькIэ ахэр ешаелIауэ къытехутэнущ дуней псом щынэхъ шынагъуэ дыдэу къалъытэ Луклу кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм: цIыхухэр зэрызохьэ, зэрогъэкIий, а щIыпIэм щыщ гуэр пщIымыгъумэ, зыри пхузэхэхынкIэ Iэмал имыIэу. «Кукурузник» кхъухьлъатэ цIыкIум итIысхьахэм псом япэу кърат IэфIыкIэхэмрэ я тхьэкIумэм Iуалъхьэн бжьэхуцрэ, арыншамэ моторхэм я гъуагъуэ макъыр пхуэхьынкIэ Iэмал иIэкъым. Кхъухьлъатэр зыщхьэщыт къурш щыгу жанхэр щыплъагъукIэ гулэгущтэм узэщIеубыдэ. Уэгу гъуэгуанэри шынагъуэншэу пхужыIэнукъым - кхъухьлъатэхэр а щIыпIэхэм куэдрэ щохуэх. Ауэ абы къызэтригъэувыIэркъым Эверест дэкIыну хуейхэр.

- Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр а шынагъуэм есэжа кхъухьлъатэзехуэхэм зыри къазэрыфIэмыIуэхужырщ, уеблэмэ абыхэм я нэхэр иллюминаторым щыхуамыгъазэ къохъу, жызыIэхэми уарохьэлIэ. Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэжу къалъытэр кхъухьлъатэр къыщытIыс щIыпIэрщ - ари дуней псом щынэхъ кIэщI дыдэщ. Туристхэр къыщетIысэх Кхумбу тафэр Сагарматха лъэпкъ паркым щыщщ. Абы щыпсэу шерпхэр (Тибетым щыпсэу лъэпкъ щхьэхуэщ) лэжьыгъэу яIэр зыщ - дуней псом щынэхъ лъагэ Джомолунгмэ дэкIхэм ядэIэпыкъун, я хьэлъэр яхудэхын. Эверест дэкI гъуэгур зыкIи къыщхьэщыкIыркъым Непалым и гъуэгухэм: дэгъэзеигъуэ-къегъэзыхыгъуэщ, щIыпIэ занщIэ укъуэдияхэми ущрохьэлIэ. Лъэныкъуэ псомкIи тропик къэкIыгъэхэр (примулэхэр, рододендронхэр) щыкуэдщ. Нэхъ лъахъшэIуэу банан жыгхэм, жыглыц псыIэхэм уащрохьэлIэ, мывэ яжьафэу зэхэлъ Гималаи къурш джабэхэм псыр къожэх.

Эверест удэзыш гъуэгум япэу нэм къыщыфIэнэр гъуэгум къыщыпIущIэхэм я нэгум гуфIэгъуэ лъэпкъ къызэримыщымрэ зэрыщIыхуфэмрэщ. Языныкъуэхэр шыдым тесщ, лъэныкъуабэу зэрещIар плъагъуу, лъэсу кIуэхэми яIэщIэлъ баш къудейр къатохьэлъэ. Ар къызыхэкIыр Эверест и къэувыIэпIэхэр цIыху къызэрыгуэкIым хуэмыхьыным хуэдизу зэрылъагащэрш, а гъуэгуанэм зыхуэзымыгъэхьэзырамкIэ шынагъуэ дыдэу. А щIыпIэм щыпсэухэр мардэ ухуам сыт щыгуи тетщ, лъагапIэм щызекIуэ хабзэхэм уебакъуэ зэрымыхъунур я гъащIэм хэпща хъуауэ.

Япэрауэ, лъагапIэм хуэму хуэкIуэн, псы щIэх-щIэхыурэ ефэн хуейщ. Шерпхэмрэ нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ а щIыпIэм тэрмэшу щылажьэхэмрэ къызэрыушу миллилитр 300 зэрыхуэ крушкIи 2-3 псы хуабэу ираф, итIанэ пщэдджыжьышхэм, шэджагъуашхэм, пщыхьэщхьэшхэм хуэзэу апхуэдиз дыдэ трафыхьыж. ЛъагапIэм ущыIэу кофеин зыхэлъ (кофе, шей) уефэ хъунукъым - IуэхукIэ уIукIын хуей зэрыхъум къыхэкIыу. Апхуэдэу ядэркъым газ зыхэт псыIэфIхэри - фошыгъур зыщIэзыша Iэпкълъэпкъым щIыIэ узыр хуэлъэщ. «Бгылъагэ узым» къыкIэлъыкIуэу нэхъ яфIэшынагъуэщ щIыIэ узымрэ «Кхумбэ и псчэ»-кIэ зэджэ псчэ лIэужьыгъуэмрэ.

ЕтIуанэрауэ, фIыуэ шхэн хуейщ. ЛъагапIэм ерыскъым гур щыхуэкIуэркъым. Абы укъигъапцIэу къарур щIэхункIэ мэхъу - къуршым дэкIымкIэ ар шынагъуэщ. Непалым щыпсэухэм махуэм щэнейрэ ираф чечевицэмрэ прунжымрэ къыхэщIыкIа хьэнтхъупсыр, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI, пхъашэу зэтеуда гуэдзым къыхэщIыкIа щIакхъуэ щIыгъуу. Бжьыныхум гулъытэшхуэ хуащI, лъагапIэм цIыхур есэнымкIэ зэрысэбэпым къыхэкIыу.

Сыт хуэдэ гъуэгуанэ гугъури зи фэм дэхуэ шерпхэр щыпсэу къуажэ щхьэхуэ щыIэщ, ФорцекIэ еджэу. Абы дэтщ къырхэм дэкIыным щыхуагъасэ школ щхьэхуэ. Къуршым дэкIхэм я хьэлъэхэр яхудэзых дэтхэнэри шерпкъым. Шерпхэр ику ит лIэщIыгъуэм (илъэс 600 ипэкIэ) Тибетым икIыу КъуэкIыпIэ Непалымрэ Индиемрэ Iэпхъуа лъэпкъ щхьэхуэщ. Ахэр нэхъыбэу зэлэжьу щытар Iэщ гъэхъунырт. Тибетым къинахэм псэупIэу къыхахыр щIыпIэ нэхъ лъагэхэрщ. Апхуэдэ дуней тетыкIэм ахэри абыхэм къатехъукIыжахэри ипсыхьащ узэрыбауэ хьэуар щымащIэ къурш нэхъ лъагэ дыдэхэм щыпсэуныр къатемыхьэлъэу.

Непалым узыщрихьэлIэ лъэпкъхэм ящыщу нэхъ пщIэ зыхуащIри апхуэдиз бэшэчагъ зыбгъэдэлъ шерпхэрщ. Гималаим дэкIыну а щIыпIэм кIуэхэр куэдщ, мылъку хэхыпIэу Непалым иIэри аращ, арщхьэкIэ шерпхэр япэ къэсым щIыгъуу гъуэгу техьэнукъым. ЗэфIэкIышхуэ зиIэ альпинистхэрщ ахэр къэзылъыхъуэр. Шерпхэм я бынхэр илъэситхум щыщIэдзауэ хуагъэхьэзыр къуршым дэкIыным. Мы зэманым ахэр щыпсэу къуажэ цIыкIум Эверест и щыгуитхуми дэкIауэ цIыху 80-м нэблагъэ щопсэу. Абыхэм я дэтхэнэми къуршым плIэкIэ дах килограмм 17-м нэблагъэ. Щыгухэм я нэхъ лъагэ дыдэми нэсын щхьэкIэ абыхэм я бэуэкIэ къудейм зыкIи зихъуэжыркъым, апхуэдизу Эверест и дуней щытыкIэм сыт и лъэныкъуэкIи есэжащи. Шерп нэсым и цIэр къалэжьын, туристхэм ящIыгъуу тэрмэшу лэжьэн папщIэ ахэр Гималаим щынэхъ лъагэ щыгуитхуми дэкIауэ щытын хуейщ: Лобуче (метр 6119-рэ), Чо-Ойю (метр 8201-рэ), Мерэ (6476), Ама-Даблам метр (6814-рэ), Чолаце (метр 6440-рэ). Хьэлъэхэр зыхь шерпхэр сыт щыгъуи щыгум япэу нэсын хуейщ, зыщIэсыну палаткэхэр хуагъэувауэ зыплъыхьакIуэхэм къаIущIэн хуэдэу.

Эверест, псом хуэмыдэу абы и ипщэрабгъу джабэм, удэкIыныр икъукIэ гугъущ. Шерпхэм зэ дэкIыгъуэм къалэжь доллар мини 8 - 9-р. Ахэр щыпсэу къурш лъахэм нэгъуэщI лэжьыгъэ щыщымыIэкIэ, ахъшэ хэхыпIэу къахуэнэр Эверест дэкIыну зи нэ къикIхэр дашынырщ.

ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
Поделиться: