Пащтыхьыгъуэм и дамыгъэт

Пащтыхь тажышхуэр лIэщIыгъуэрэ ныкъуэкIэ Урысейм и пащтыхьыгъуэм и дамыгъэ нэхъыщхьэу екIуэкIащ. Ар 1762 гъэм ящIауэ щытащ, Екатеринэ II тетыгъуэр щиубыдым ирихьэлIэу. Пащтыхь гуащэр тахътэм щитIысхьэкIэ щхьэратIэгъэну тажым елэжьащ лъэпкъкIэ франджы дыщэкI Позье Меремирэ швейцар Экарт Георг Фридрихрэ. Ахэр Урысейм щыпсэурт, а зэманым къэралым и дыщэкI нэхъыфI дыдэуи къалъытэрт. Пащтыхь тажышхуэр щIыным кIэлъыплъыну ягъэуващ пащтыхь гуащэм и секретарь Бецкой Иван.

Тажым и эскизыр Экарт игъэхьэзыращ, мывэ лъапIэхэмкIэ ар гъэщIэрэщIэныр Позье дзыхь хуащIащ. Абыхэм дэIэпыкъуэгъуу яIащ дыщэкI IэпщIэлъапщIэ гупи. Пащтыхь дамыгъэм елэжьахэщ илъэситIым щIигъукIэ. Екатеринэ ЕтIуанэм пащтыхь тажыр игу ирихьащ, ар зэрыхьэлъэми мыхьэнэ иритакъым – килограммитIым нэблагъэ хъурт. Тажыр пащтыхьыгъуэм и дамыгъэ лъапIэу щытащ 1917 гъэ пщIондэ. Екатеринэ II нэмыщI, ар щхьэратIэгъэну къахуихуащ Павел I, Александр I, Николай I, Александр II, Александр III, Николай II, Пётр III. Пащтыхь къэс тажыр яхуэхъун хуэдэу кIэлъыплъыжырт. Ари егъэлеяуэ лэжьыгъэ гугъут – дзыхь зыхуащIыр дыщэкI нэхъ IэпщIэлъапщIэ дыдэхэрт. I9I4 гъэм, Япэ дунейпсо зауэр къэхъея нэужь, тажыр Петроград ирашри, Москва Iэщэхэм я палатэм щIалъхьащ, абдеж нэхъ хъума щыхъуну къалъытэри.

1980 гъэхэм Пащтыхь тажышхуэр къагъэщIэрэщIэжащ Гохранэм лабораторэм и лэжьакIуэхэм. Ди зэманым пащтыхь дамыгъэр щахъумэ Урысей Федерацэм и Налмэс фондым. Дамыгъэр Москва Кремлым ипх хъунукъым.

1971 гъэм къыдэкIауэ щытащ «Урысей пащтыхьыгъуэм и тажыр, е Аргуэру къахуэмыубыдхэр» («Корона Российской империи, или Снова неуловимые») фильмыр. Телевизореплъхэм абдеж щалъэгъуар пащтыхь тажым тращIыкIа пыIэрт, налкъутхэм япIэкIэ мыщIэ къызэрыгуэкIхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. Абы иужькIэ, тажым и копиер зыбжанэрэ къыщагъэсэбэпащ фильмхэм.

Пащтыхь тажышхуэр Кремлым къыдэпш зэрымыхъум къыхэкIыу, Романовхэ я илъэс 400 юбилейр щагъэлъапIэм, смоленск дыщэкI IэпщIэлъапщIэхэм абы и копие ящIауэ щытащ, нэгъуэщI щIыпIэхэм бгъэIэпхъуэрэ къэбгъэсэбэп хъууэ. Копием папщIэ шэсыпIэ узэрихьэ уасэри (страховкэ) пудкъым – доллар мелуани 100 мэхъу.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: