НэхъыфIхэм ящыщщ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ 2023 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа, дызыхыхьа лъэхъэнэм къапэщыт къалэнхэр щаубзыхуа зэIущIэ зыубгъуа. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

 ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, республикэм и хабзэхъумэ органхэм я унафэщIхэр, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэедрэ.

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий и докладым къыщыхигъэщхьэхукIащ хабзэхъумэхэм цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, жылагъуэ зэпIэзэрытыныгъэр зэтеIыгъэным, лъэпкъ политикэм къэралым и сэбэп зыхэлъхэр щыпхыгъэкIыным егъэщIылIауэ къапэщыта къалэнхэм зэрапэлъэщар.

- 2023 гъэм щIэпхъаджагъэхэр нэхъ мащIэ хъуащ. Ар и Iэужьщ министерствэм и лэжьакIуэхэм къэрал, муниципальнэ властым, республикэм и нэгъуэщI хабзэхъумэ IэнатIэхэм япыщIауэ зэфIагъэкIахэм, - къыхигъэщащ министрым.

Абы жиIащ цIыхуу яукIхэр, фэбжь хьэлъэ зытрадзэхэр, хъунщIэным ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ. Апхуэдэу балигъ мыхъуахэм хабзэм къемызэгъыу ялэжьахэми кIэрыхуащ.

Информацэ-телекоммуникацэ технологиехэм щызэхащIыхьхэр къызэпыудыным, ахэр сэтей къэщIыным ехьэлIа Iуэхухэри ирагъэкIуэкIащ. Абы къыхэкIыу республикэр яхыхьащ апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэр нэхъ Iэзэу къыщахутэ щIыналъэ нэхъыфIипщIым. 2023 гъэм гъуэгу къэхъукъащIэхэм хэкIуадэхэмрэ фэбжь щызыгъуэтхэмри фIыуэ нэхъ мащIэ хъуащ.

Къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм я гъэзэщIэкIэ хъунухэм я гугъу щищIым, министрым жиIащ псом япэу хабзэхъумэхэм нэхъ IэмалыфIхэр къахузэгъэпэщын зэрыхуейр, ахэр тэмэму лэжьэн папщIэ. Урысейм и МВД-м и щIыналъэ органхэр щылэжьэну унитI районхэм щаухуа иужь, 2023 гъэм щIадзащ Iуащхьэмахуэ ОМВД-м и зы объектым. Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и IэнатIэм, Налшык къалэ УМВД-м и РЭО-м я хэщIапIэхэр ятащ. Апхуэдэуи хабзэхъумэхэмрэ пенсионерхэмрэ фэтэри 140-рэ хъууэ хуаухуа унэр и чэзум хьэзыр ящIащ.

И псалъэм и кIэухыу Павлов Василий къытеувыIащ я лэжьыгъэр тэмэму зэфIахын папщIэ гу нэхъ зылъытапхъэу къапэщытхэм, дызыхьа илъэсым зэфIагъэкIын хуей унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм.

Къызэхуэсахэм адэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я къалэнхэр хьэлэлу зэрагъэзащIэм папщIэ фIыщIэ яхуищIащ икIи къыхигъэщхьэхукIащ блэкIа илъэсым хабзэр гъэбыдэн и лъэныкъуэкIэ къапэщыта къалэнхэм хабзэхъумэхэр дэгъуэу зэрапэлъэщар.

- УнэтIыныгъэ псоми фIы и лъэныкъуэкIэ къыщыгъэлъэгъуэфынухэр щыIэщ. Абы и фIыгъэкIэ, ди цIыхухэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и мызакъуэу, республикэ властым и органхэми хуащI дзыхьым хохъуэ, - къыхигъэбелджылыкIащ КIуэкIуэ Казбек.

ЗэIущIэм пащэу, IэнатIэм къыщыхэжаныкIа лэжьакIуэхэм гулъытэ хуащIащ.

ЩытыкIэ хэхам иту и къалэнхэр щапхъэ пылъу зэригъэзэщIам папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и ФIыщIэ тхылъ хуагъэфэщащ Урысей МВД-м Тэрч районным щиIэ къудамэм и полицэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и майор Фардзинов Борис.

КъулыкъукIэ и пщэ къалэнхэр хьэлэлу зэригъэзащIэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм лэжьыгъэ зэмыщхьхэр зэрыщызэфIигъэкIам, апхуэдэу 2023 гъэм лэжьыгъэм щызригъэхъулIахэм папщIэ «ФIыщIэхэр зэриIэм папщIэ» фэеплъ медалыр, Урысейм и МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиIэ управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIым и ЩIыхь, ФIыщIэ тхылъхэр, апхуэдэу къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и ЩIыхь, ФIыщIэ тхылъхэр республикэ МВД-м и лэжьакIуэ зыбжанэм иратащ.

ИужькIэ щIыналъэ къудамэ нэхъыфIым Вымпел зэIэпахыр зэрыратым ехьэлIа Iуэхухэр екIуэкIащ. 2023 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэм япкъ иткIэ иджы ар лъысащ Урысейм и МВД-м Шэджэм районным щиIэ къудамэм.

ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм къызэхуэсахэр едэIуащ Урысей МВД-м и район къудамэхэм я IэнатIэхэм я унафэщIхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэмрэ къапэщыт къалэнхэмрэ ятеухуауэ жаIахэм.

Зытепсэлъыхьа Iуэху псомкIи унафэ пыухыкIахэр къащтащ.Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий унафэщIхэм ахэр гъэзэщIэнымкIэ къалэн щхьэхуэхэр яхуигъэуващ.

Илъэс лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэм видеоконференц IэмалкIэ хэтащ Урысей МВД-м ДознаниемкIэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Монахов Сергей. Абы къыхигъэщащ уголовнэ Iуэхухэр щызэхагъэкIкIэ, хабзэм зыкIи емыбакъуэу ткIийуэ тетын, абыхэм теухуа унафэхэр и чэзум къащтэн зэрыхуейр. Апхуэдэуи къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек министерствэм и лэжьыгъэр фIыуэ къызэрилъытар абы къулыкъу щызыщIэхэр я къалэнхэм зэрехъулIэр къэзыгъэлъагъуэ пщалъэ гъуэзэджэу зэрыщытыр. Псом хуэмыдэу цIыхухэм хабзэхъумэхэм къыхуащI дзыхьым зэрыхэхъуам теухуар.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: