«Зы абыкъурэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ»

Ди лъэпкъым и гушхуапIэ нартхэр щыщыIа зэманым щегъэжьауэ шымрэ цIыхумрэ быдэу зэпхат. Шы лъэпкъ къэгъэщIынкIи, а псэущхьэ угъурлыр тэмэму зехьэнкIи гъэсэнкIи Iэзэ хуэхъуагъэххэт. Нартхэр щыпсэуар илъэс мин 3,5-м щIигъужауэ къыщалъытэкIэ, нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ ди лъэпкъымрэ шымрэ къызэдакIуа гъуэгум и кIыхьагъыр.
Мифологием хыхьэжу нартхэм яIащ шы лъэпкъ алъпыр. ЗэкъуэшитI, Уэзырмэсрэ Хъымыщрэ, я адэ Пызгъэщи, Къанж и адэ Дэбэчи, Щокъан и адэ Нэсрэн ЖьакIи зытесахэр алъпщ. IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Бадынокъуи, Къанж и къуэ Щэуеи, Бэтрэзи зытесахэр тхы IупщIэ лейрэ дзажэналъэ лейрэ зыхэлъа алъпхэт. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр чынт зауэлIым къытрихат. Апхуэдэу щыщыткIэ, а чынтхэри шы хъунрэ гъэсэнрэкIэ армуакъым.
Нартхэм яшхэм фIащу щыта цIэхэу эпосым къьыхощ мыпхуэдэхэр: Фэехъу, ПщIэгъуалэ, КIэупс, ЕркIагуэ, ЕркIуцэ, Пэхужь, Iущэ, ТхъуэкъарапцIэ, БлапцIэ, Щхьэгъур, Джэмыдэжь, ПщIэгъуалэ, Тхъуэжьей, КъарапцIэ, ПцIэгъуэплъ, Псыгъуэ, Бланащхьэ, КIыхь, КIэщI, ЦIыкIу, Гъуэ, нэгъуэщIхэр.
Ди лъэпкъхэр (адыгэхэр, абазэхэр, абхъазхэр) къызытекIыжа хьэтитIхэм (хьэтхэм) шыр щIащIэу щытащ къыутанхэм иту зэрызауэу щыта зауэ гy шэрхъитIхэм (боевая колесница). Абыхэм щIэщIат шитI, къыутанми зауэлIу зы е тIу итт, зыр шабзэкIэ бийм яхэуэу, адрейм шыхэр зэригъак1уэу.
Ауэ ди нарт эпосым зыщIыпIи дыщрихьэлIакъым шы щIащIэу щытауэ къыхэщу.
Илъэс бжыгъэ куэдкIэ узэIэбэкIыжми, Синд къэралыгъуэр щыщыIами, мыуэтIхэм, зиххэм, къуэсэгъухэм (касогхэм), нэгъуэщI адыгэ лIакъуэхэми я зэманхэм хэплъагъуэркъым шыр щIащIэу щытауэ. Арагъэнщ ди лъэпкьым щIимыIэр шыр зэрыщIащIэ Iэпслъэпсхэм я цIэхэр езым ейуэ. Адыгэхэм шыр щIащIэу щаублар урысхэм нэхъ яхыхьэ-яхэкI щыхъуаращ.
Адыгэшым ищIэт къытес лIыр зыхуэдэр икIи, ар лIы хъуну къилъыта нэужь, зэи къигъэщIэщхъуртэкъым и псэр пыхунуми. АдыгэлIыр ныбэкIэ и шым нэхъ егугъут къилъхуа и быным нэхърэ. Абы и щыхьэту Хьан-Джэрий мыпхуэдэ щапхъэ къехь: «... 1833 гъэм Кавказ псом гъаблэшхуэ щыIат. ЦIыхур хуабжьу гугъу ехьырт. ИтIани езыхэм зыкъагъанэурэ яшхэр ягъашхэрт. Чэрчэнеипщым и шы хъупхъэхэр зэнтхъ, хьэ, хукIэ игъашхэрт, езыри и цIыхухэри ныбэкIэ хуабжьу гугъу ехьми. Абы папщIи пщым емыкIу хуищIыну зыми ижьэ зэтрихатэкъым, ищIэр тэрэзу къалъыта нэхъ.
Адыгэхэр шыбз шэс щыхъуар совет властыр зэфIэувэу хабзи-бзыпхъи зэхатхъуэжа нэужьщ. «Фыз утесу дауэ къэпкIухьын‘?» - жаIэти, шыбз ягъасэтэкъым, лъхуэпIэуэ зэрахуэ нэхъ.
Езым и шы лъэпкъ зиIэ дэтхэнэ пщыри ткIийуэ кIэлъыплъырт и дамыгъэр зыхуэмыфащэ шы трамыдзэным е нэгъуэщIым къимыгъэсэбэпыным.
Адыгэхэм куэду шы ящэу щытащ, ауэ а ящэм зэи хагъахуэтэкъым шыбзи хакIуи, ящэр алащэ защIэт. Адыгэшыр ящэхурт ди гъунэгъу лъэпкъхэм къинэмыщIу Урысейми, Кърымми, Молдавиеми, Польшэми. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу урысыдзэм хэт дэтхэнэ офицерми и шэщым адыгэш щIэтын хуейуэ илъытэрт.
Кърым бэзэрым адыгэшхэр (псом хуэмыдэу «щолэхъур», «бэчкъаныр», «къундетыр») езыхэм яйхэм нэхърэ хуэдэ 25-кIэ щынэхъ лъапIэт. Уеблэмэ апхуэдэ зы алащэ щхьэкIэ унэIуту 5 - 6 щыщIат къэхъурт. Езыхэм яшхэр пиастр 15 - 20 и уасэмэ, адыгэшхэр и уасэт пиастр 200 - 500.
Уанэшу ягъэсэну ягъэувар зыщIагъэтыр шэщ зэщIэуфат, лъапэнэху мащIэ нэхъ имыIэу. Абы, япэрауэ, шыр нэ жан ищIырт, етIуанэу, гъудэ-бадзэ щIыхьэтэкъым. Iус егъэшхыныр Iэбжьыб закъуэкIэ къыщIадзэти, махуэ къэс хагъахъуэурэ хуэшхым хуэдизым нагъэсырт. Зи пкъыфэл тэмэму ит шым езым хурикъун нэхъыбэ ишхынукъым, Iусыр хуит хуэпщIми. Абы папщIэ шыр зэрагъэуврэ мазэм щIигъуа нэужь, Iусыр чейм изу бгъэдагъэувэрт. Шы ягъасэм (ягъэхъэзырым) Iуагъахуэртэкъым удз цIынэ, зэрагъашхэр мэкъу дыгъэлрэ Iусрэт, и цыр дахэ хъун папщIэ Iусым хакIутэрт ху мыужьгъа тIэкIуи. Адыгэ уанэшыр гъэсэным илъэс ныкъуэм щIигъу ихьырт.
Шым и натIэм хужьышхуэ исмэ, натIэ гъуджэщ, хужь мащIэ исмэ, натIэ вагъуэщ, и лъакъуэр лъэгуажьэм нэс хужьмэ, лъэпэд щыгъщ, и лъэкъыцыр нэхъ мыхужьмэ, лъапэхущ, шы къарэм и пэщхъынхэм цы хужьыфэ къикIухьмэ, пэхущ. Шым и фIалъэ лъакъуэхэр лъэдийм деж щыкъуаншэмэ, шкIэ лъакъуэщ.
Шым и узыфэ зэмылIэужьыгъуэу мыбыхэм щыгъуазэт адыгэхэр: сэкъау, пэгъубжэ, шынтIыIу, фIэнтIыIу, мылъкусын, шытехьэгъуэ, сэрмэлыч, дзэмыхэ, гъэса (зэщIэплъауэ псы ирагъафэу ягъэувыжмэ), лъы, шы хьэпIацIэ, уэлмэ, нэгъуэщI куэдми. Пэгъубжэмрэ (сап) сэрмэлычымрэ (сыбыр язвэ) мыхъумэ адрейхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу ягъэхъужыфу щытащ.
Мифологием хэт алъпым къинэмыщIауэ, адыгэ-абазэхэм я шы лъэпкъыу щыIащ мыпхуэдэхэр: КъэбэрдеймкIэ - Абыкъу, Къандур, Къэбан, Къундет, Къуралей, Трамэ, Хьэгъундокъуэ, Щолэхъу, Шагъдий. ШэрджэсымкIэ - Ачэтыр, Алъэсчыр, Хьэгъундокъуэ, Абыкъу. КIахэмкIэ - Бэлэтокъуэ, Бэчкъан, Еслъэней, Мэчарэ, Чэрчэней. Абазэшхэу - Лоутхъуэ, Трамэ, Иуан. ЛIакъуэу зейр къытхуэмыгъуэтыжауэ иджыри шы лъэпкъыцIэ Iэджэ щыIэщ: Агъэн, Джэлыкъ, Джырынджыху, Жажэ, Жыращты, Къатлъэнжэн, Къураты, Хьэбэч, Чэбэхъан, нэгъуэщI куэд. Шэч хэмылъу ди деж къэса лъэпкъыцIэхэм къинэмыщIауэ, иджыри куэдыкIей щыIащ. Адыгэ лIакъуэхэр 30-м блэкIыу щыщытакIэ, лIакъуэ къэси шы лъэпкъ тIурытI-щырыщ мынэхъ мащIэ яIащ.
Щолэхъушым нал щIалъхьэу щытакъым. Абы и лъэдакъэмкIэ адрей шыхэм хуэдэу зэгуэх иIэтэкъым, и лъэкъуампIэр фалъэIум хуэдэу хъурейт, езы шыр хуабжьу цIэрыIуэт, егъэлеяуэ шы быдэт, лъэщт.
ЗекIуэшкIэ бэчкъанышыр, нэхъыфI уимыгъэлъыхъуэну, цIэрыIуэт, жэрыкIыхьт гъуэгу кIыхькIэ къылъэщIыхьэ щыIакъым, жэщым я нэхъ кIыфIым зэ нэхъ зэрымыкIуа гъуэгур къигъуэтыжт, хуэкIыхь щIыкIэу зэхэзекIуэшхуэ зиIэт, и кIэбдз лъакъуэхэр фIалъэхэм щхьэпрыбэкъукIт лъэкъуампIэм щIигъукIэ.Трамышхэр лIэужьыгъуитIу щыIащ: адыгэ трамрэ, абазэ траму. Абазэ трамхэращ иужь къинэу 30 гъэхэм зэрапхъуэжар. Гум-Лоукъуажэ (Красный Восток) щыщ зэкъуэш Трамэхэм ягъафIэу зэрахьа шы лъэпкъ хъарзынэр «кулак» дощI жаIэри, зейхэр Хэкум ирахущ, яшхэри зэрапхъуэри, абыхэм ящыщу къэрэшейхэм яIэрыхьахэрщ иужькIэ «къэрэшэIеишу» къыщIидзыжахэр. Абыхэм узэреджэн хуейр «абазэшщ». Трамышыр щызекIуэкIэ и лъэбакъуэм дэхъуу и тхьэкIумэхэри зэригъакIуэт лъэныкъуэ псомкIи игъазэу.

ЗекIуэлIхэм я хъуэпсапIэ шы лъэпкъ хъарзынэу щытащ абыкъушри. УанэшкIэ къыхуэт щыIэтэкъым. Арагъэнщ уэркъыжьхэм щIыжаIар: «Зы абыкъурэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ», - жиIэу. Нэхъ укъуэдияуэ мы псалъэжьыр зэрыщытар мырат: «Зы абыкъушрэ Лоухэ ягъэщауэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, уунагъуэщ». Лоухэ хуабжьу хуэIэзэу шыкIэ аркъэн ягъэщу щытати аращ псалъэжьым щIыхыхьар. Гъатхэ дамыгъэ тедзэгъуэм адыгэхэм къунанхэм, къунажынхэм я кIэ, я сокухэр паупщIт, дахэу къащыхьт. Абы зэхуахьэс шыкIэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу Лоухэ къахьурэ шыкIэ аркъэн ирагъэщIырт.
Паллас зэхигъэувэу Броневский зэригъэзэхуэжа тхылъым дамыгъэ щхьэхуэ-щхьэхуэ яIэу адыгэ-абазэш 30-м щIигъум я цIэхэр итт. Ар щызэхагъэувар  19-нэ лIыщIыгъуэм и пэщIэдзэхэрат.
Дэ иджы «адыгэшкIэ» дызэджэ хъуну къытхуэнэжар къэбэрдеиш закъуэращ. Абы ящыщу лъы къабзэ зыщIэтхэращ «шагъдийкIэ» зэджэр.

Шэрджэс Алий, «Адыгэхэмрэ абыхэм я хабзэхэмрэ» тхылъым къыхэтхащ.
Поделиться:

Читать также: