Медаль куэд къытхуахь

Дон Iус Ростов къалэм щIышылэм и 26 - 27-хэм щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) «Доным и Кубокыр» къэхьыным хуэунэтIа 7-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 39-м я спортсмен 1500-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм псори зэхэту медаль 21-рэ зэхьэзэхуэм къыщихьащ, абы щыщу 12-р япэ махуэм.
Я ныбжьрэ я хьэлъагърэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Хаджиевэ Азалие (кг 26-рэ), Къуэныкъуей Эмилие (кг 41-рэ), Щоджэн Басир (кг 41-рэ), Мэлъкъуэнды Дамир (кг 37-рэ), Бицу Къантемыр (кг 58-рэ), Щокъуий Ислъам (кг 68-рэ) сымэ.
Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 42-рэ), Ахъмэт Дамир (кг 63-рэ), Хубуловэ Анжеликэ (кг 68-рэ) сымэ дыжьын медалхэр къахьащ. Шарифовэ Сарэ (кг 30), Хаджиевэ Сальмэ (кг 68-рэ), Джэш Аслъэн сымэ ещанэщ. 
Зэхьэзэхуэм и етIуанэ махуэми ди спортсменхэр хуэмыхуакъым - псори зэхэту медалибгъу абыхэм къахьащ. 
«Доным и Кубокым» и дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ ПщыхьэщIэ Эстеллэрэ (кг 44-рэ), Iусен Дамиррэ (кг 55-рэ). ЕтIуанэ хъуахэщ Къурмэн Эмилие (кг 33-рэ), Сатушы Мадинэ (кг 49-рэ), Пэфыф Эвелинэ (кг 59-рэ), Созаев Артур (кг 48-рэ) сымэ. Ещанэхэр Басовэ Викторие (кг 59-рэ), Бицу Къантемыр (кг 59-рэ), Къэзанш Къазболэт (кг 63-рэ) сымэ. 
НыбжыщIэ цIыкIухэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа «Доным и сабийхэр» зэхьэзэхуэм медалих ди командэм къыщихьащ – дыщэу 3, дыжьыну 1, домбеякъыу – 2. 
КъБР-м и командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Ахъмэт Амир, Унэжокъуэхэ Къантемыррэ Абдельджэбаррэ, Тикаев Идрис, Хан Станиславрэ Викторрэ, Уэзрокъуэ Анзор сымэ. 
Псори зэхэту командэхэм къахьа медалымкIэ дыдейхэр ещанэ хъуащ. АбыкIэ ди япэ ищащ Краснодар краймрэ Ростов областымрэ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: