ЩIалэгъуалэр IэщIагъэхэм драгъэхьэх

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, хабзэ хъуауэ, илъэсым къриубыдэу зыбжанэрэ къыщызэрагъэпэщ курыт школхэр къэзыуххэр еджапIэ нэхъыщхьэм зыщыхурагъаджэ IэщIагъэхэм щыгъуазэ щыхуащI зэIущIэхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ ныбжьыщIэхэм ящыщ куэдым къыхахыф я гъащIэм IэщIагъэ щахуэхъунур.

Студентхэм я урысейпсо махуэшхуэм ипэ къихуэу, зи гугъу тщIы зэхуэсым хуэдэ, «Профстарт» фIэщыгъэр иIэу, иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ еджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм. Абы кърихьэлIат ди республикэм щылажьэ курыт школхэм я 11-нэ классхэр мы гъэм къэзыух еджакIуэ 30-м щIигъу. А ныбжьыщIэхэм яхуэзащ университетым и егъэджакIуэхэр, студент нэхъыжьхэр. ШколакIуэ нэхъыжьхэм папщIэ къызэрагъэпэщат Iуэхугъуэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ куэд. Апхуэдэхэт лекцэ зэмылIэужьыгъуэхэр, семинар гъэщIэгъуэнхэр, зэхуэзэхэр.

НыбжьыщIэхэм а махуэм къахуэза егъэджакIуэхэм ящыщщ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, университетым и профессор Хъурей Арсен.

- Зи гур щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэгъэгъуэтыным хузэIуха ныбжьыщIэхэу балигъыпIэ иувахэ, си гуапэщ фи зэфIэкIым, гупсысэм адэкIи зегъэужьыным хуэгъэпса мурад дахэхэр фызэриIэр, - захуигъэзащ еджагъэшхуэм щIалэгъуалэм. – Фэ къыхэфхыну IэщIагъэр зыхуэдэр, гъащIэ гъусэ фщIынур зытевухуэну унэтIыныгъэр фэр фIэкIа зыми ищIэркъым. Фи гумрэ фи псэмрэ жаIэм федаIуэ, абыхэм къыватынущ фызыхуеджэну IэщIагъэмкIэ фи пащхьэ къиувэ упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я жэуап пэжхэр. Ди республикэм, къэрал иным и къэкIуэнур зэрыхъунури фэращ зэлъытар, фхэлъ жыджэрагъырщ, хэлъэтырщ. Набдзэгубдзаплъэу фыщыт, IэщIагъэ фхуэхъунур къыщыхэфкIэ. ИужькIэ фызыхущIемыгъуэжын лъагъуэ нэхум фытеувэну си гуапэщ. КъБКъУ-м щIэныгъэ нэсрэ IэщIагъэфIрэ щызэвгъэгъуэтыфынымкIэ Iэмал куэд иIэщ. Абыхэм гупсэхуу щыгъуазэ зыхуэфщI, упщIэ фиIэмэ, фи унэтIакIуэхэри дэри дыхьэзырщ сэбэп дыфхуэхъуну. Фи Iуэху фIы ирикIуэ, ныбжьыщIэхэ.

Профессор цIэрыIуэр апхуэдэу гуапэу, зэIухауэ епсэлъылIащ школакIуэхэм. Университет гъащIэм, езым и студент илъэсхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэми яхутепсэлъыхьащ. НыбжьыщIэхэри жыджэру хэтащ псалъэмакъым. Абыхэм упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэр я куэдт, жэрдэм гуэрхэри яIэт.

 Форум иным и етIуанэ махуэри гъэщIэгъуэну къыхузэрагъэпэщат ныбжьыщIэхэм. Ахэр хэтащ IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятещIыхьа Iуэхугъуэхэр щекIуэкIа зэхуэсхэм. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, медицинэм, робототехникэмрэ мехатроникэмрэ, дронхэр гъэлъэтэным, криминалистикэм, инженериемрэ техникэмрэ епха щIэныгъэ унэтIыныгъэхэм, нэгъуэщIхэми хухахауэ щыта лэжьыгъэхэр. А утыкухэм ныбжьыщIэхэм хьэлэмэт куэд къыщащIащ, щхьэж дэзыхьэх IэщIагъэм елъытауэ. Университетым и IэщIагъэлIхэр абыхэм яхутепсэлъыхьащ IэщIагъэхэм я щэхухэм, университетым зэрыщыхурагъаджэ методикэ хьэлэмэтхэм, щIэныгъэ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм зэхуэсым кърихьэлIахэр щыгъуазэ хуащIу.

- Дызэригугъам хуэдэу, ныбжьыщIэхэм хуабжьу яфIэхьэлэмэтащ зыхэта Iуэху псори, псом хуэмыдэу гуп-гупу къызэдгъэпэща лэжьыгъэхэр, - форумым тепсэлъыхьу жиIащ КъБКъУ-м еджапIэ нэхъыщхьэм щIэгъэтIысхьэным хуэгъэхьэзынымрэ IэщIагъэм хуэунэтIынымкIэ и къудамэм и унафэщI Вындыжь Альбинэ.

Вындыжьым щIалэгъуалэр зэпкърыхауэ щыгъуазэ хуищIащ 2024 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщIагъэтIысхьэну щIыкIэхэм, абы къыхыхьа IуэхугъуэщIэхэмрэ IэщIагъэщIэхэмрэ. НыбжьыщIэхэми къагъэлъэгъуащ ябгъэдэлъ щIэныгъэ, творческэ зэфIэкIхэр.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: