Экскурсоводхэм я щIэныгъэр къапщытэ

Дунеяплъэхэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр щIыпIэхэм щыгъуазэ зыщIу къезышэкI экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ я IэнатIэм зэрыхуэфащэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр иджыблагъэ Налшык къалэм щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ а IэнатIэм щылажьэхэу ди республикэм щыщу цIыхуищрэ Ставрополь крайм къикIа зырэ.

Абыхэм къапэщылъащ ябгъэдэлъ щIэныгъэр зыхуэдэр япэщIыкIэ тестхэмкIэ къагъэлъэгъуэну икIи а Iыхьэм пхыкIа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуэлхэм, Джылы-Су, псы хущхъуэхэр къыщыщIэж щIыпIэхэм, Безенги аузым тепсэлъыхьын хуейуэ билетхэр къыхахащ.

Мыбдежми экскурсоводхэм яхузэфIэкIащ къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэр я щIэныгъэхэмкIэ къыдахьэхын икIи зыпэрыт IэнатIэхэм фIыуэ зэрыхащIыкIым щыхьэт техъуэ тхылъхэр къратащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: