Сэфралыкъуэ Мэт и шы гъэпскIыпIэ

И лIыгъэмрэ Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэ гъунэншэмрэ мызэ-мытIэу наIуэ яхуищIами, зэрахэт къудейр икIагъэу къалъытэрти, егъэзыгъэкIэ къызыхыхьа пщы-уэркъ гупым увыIэгъуэ ямыIэу къалъыхъуэрт Сэфралыкъуэр зэрагъэкIуэдын. Езыри бэлэрыгъыртэкъым, псэхупIэ къызэрырамытынумкIэ гурыщхъуэ ищI зэпытти.

Мэт абы щыгъуэ зэрыхэкуу цIэрыIуэ щыхъуауэ куэд дыдэм къацIыхурт, дэнэ лъахи нэIуасэхэр щикуэдт, бийм кIэлъыплъ бзэгуэгъухэри иIэт, зауэм къуентхъыу къыхихыр цIыхухэм ятригуашэрт, абыхэм езыри хъыбарыншэ ящIыртэкъым, пщы-уэркъхэм сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэ къыкIэлъызэрахьэну ягъэхьэзырми…

Махуэ гуэрым шу гупыр, Ажьджырыкъуэ Кушыку яхэмыту, Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэр зэпаупщIу Инжыджышхуэ псыхъуэм дыхьэну кIуэрт. Кушыку зэрамыгъусэр къагъэсэбэпу, а махуэм Сэфралыкъуэм кIэ иратыну мурад быдэ ящIат. ПсыхъуитIыр зэпызыщIэ лъагапIэм деж щиIэ Iуащхьэшхуэм фоч хьэзыр зыIыгъ лIыукI уасэкIэ къытрагъэтIысхьат, «пщIэгъуалэм тесыр егъэпсых!» жраIэри.

Ар зылъэгъуа Iэщыхъуэ гуэрым Сэфралыкъуэм щэхуу хъыбар кърегъащIэ. Шулъагъуэ (щIыпIэцIэщ) нэкIум дэкIри, гупыр Шыщхьэжь и Iэхэлъахэм щихьэм, Сэфралыкъуэм гу зылъримыгъатэурэ и шыныбэпхыр етIатэри ирегъэхуэх. Ар и щхьэусыгъуэу къэувыIа мэхъури, гупым закъыкIэрегъэху. И гъусэхэр къуагъым зэрыкъухьэу, езым Шыщхьэжь лъапэм щиIэ псы ятIэ куум пщIэгъуалэжьыр хехуэри, IэпапIэ закъуи хужьу къыхэмынэжыху, ятIэ фIыцIэкIэ зэфэзэщу иIауэ ялъэщIохьэж…

Мыдрейхэм ар ялъэгъуа щхьэкIэ, пэтIыс ящIам зыри лъэIэсыжыфынутэкъым. Гупыр абы щыхуэблагъэм, уэркъ щIалэ гуэр шы брулыфэ тести, пэтIысыр абы къоуэри кърегъэпсых.

Шухэр нос Инжыджышхуэ телъ мывэ лъэмыжым. А лъэмыжым и щIагъым лъэбакъуэ пщыкIутху хуэдиз нэхъ бгъуагъ имыIэу Инжыджышхуэ и псы Iэлыр зэрыщыту щызэхуэсырт, ухыхьэн щызогъэтри, ухэплъэнкIэ шынагъуэу, архъуанэхэр игъэкIэрахъуэрэ гъуахъуэу ехыу. Лъэмыжыр - Инжыдж псыр бгым етIэхъуурэ зи щIагъыр щIиха мывэ зэфэзэщт, цIыхуIэ хэмыIэбауэ. Мис а щIыпIэ шынагъуэр къагъэсэбэпыну мурад ящIат Мэт и зэфIэкIым ирибампIэхэм, япэ Iэмалыр къащемыхъулIэм.

Кушыку и пIэкIэ гупым я пашэр пщышхуэ зи напэ трихауэ щытарати, абы Мэт зыхуегъазэ:

- Сэфралыкъуэ, мыбдеж пщыи уэркъи щыту хъуар си щыхьэту Тхьэ пхузоIуэ – мы лъэмыжым уелъэу псэууэ укъыхэкIыжыфмэ, уэркъыцIэр пфIэтщыну! – жеIэри. Мэт зэуэ къыгуроIуэ фIеягъэу къыхуагупсыса псоми нэхърэ мыр зэрынэхъ шынагъуэр. Къэгъуэтыгъуейт зи щхьэм зыгуэр игъэв абдежым пхухэпкIэну. Ауэ, мо шхыпцIрэ щIэнэкIалъэ къэзыщIу зэхэувэжа вакъэ плъыжь къомыр зыхуейр арат – Мэт шынэу абы хэмылъэфынырт, армыхъуамэ абы уэркъыцIэ къратыну гуIэжу аратэкъым.

Сэфралыкъуэм и хакIуэ пщIэгъуалэ ятIэ фIыцIэкIэ цIэлар зэпрыууэ лъэмыжым тригъэувэщ, мо къыхуэдзэлашхэу зэхэтхэм захуигъазэри:

- ЛъхукъуэлI напэр къысхуренэж! Пщырэ уэркъыу лIыгъэ зиIэр си ужь къиувэнщ! – жиIэри, щIакIуэр къызэкIуэцIихщ, щIакIуэ жьэгъупсыр шым и пщэм ирищIэщ, щIакIуэ кIапэхэр шым и щхьэм иришэкIри, пщIэгъуалэм лъэщу елъэдэкъауэщ иригъалъэри, нэри-пэри зыхь псым хэлъащ. ТIуми насып яIэти, зизысауэ лъа хакIуэр апхуэдэу ехри, кIэбдзхэр нэхъапэ псым хыхьэу хэпкIащ. ЗэрыхэпкIэуи псыр зэгуэкIри, шыри тесри – жьгъумпI, игъэбзэхащ зэгуэуэжри…

Псым тIэкIу къигъазэу нэхъ бгъуфIэ здэхъужым нэс псы щIагъкIэ зэрызэтесу есыххэри, итIанэ зыкъыдрадзеижащ. Ауэ лъэныкъуитIымкIи екIуэлIапIэншэу мывэ блынт, бгъуэнщIагъхэр псы Iэлым щIилъыкIарэ архъуанэр щIигъэкIэрэхъуэжу. Псым къызэрыдэуеижу, щIакIуэ кIапэр шым и щхьэм къыфIех, и жьэгъупсыр етIатэри, куэдрэ къыдэгъуэгурыкIуа, джатэрыуэкIэ ящIа и щIакIуэр Инжыджышхуэ тыхь хуещI. Шым ар зэрытемылъыжыр псынщIагъуэшхуэ къыхуохъу, тесри апхуэдэу къемыхьэлъэкIыжу.

Мэт Iэ ижьымкIэ лъэрыгъыпсыр иIыгъыу зредзыхри, сэмэгумкIэ псыр шым дыщIитхъуурэ йосых. Псыр нэхъри бгъуэ, и Iуфэхэри екугъуафIэ мэхъу. Жьэгъу екIуэкIыпIэрэ дэкIыжыпIэ тIэкIурэ здиIэм къосылIэри, абдежым зыщетIэщI. Уанэр трехри, шыр псым хэтурэ ятIэ фIыцIэу и цым кIэрылъар къыхехуж, IэбгъукIэ кърилъэщIэхым псы трикIэурэ. Шыр дзэл жыгым лъагэу ирепхри, езым и щыгъынхэр, и щIагъщIэлъхэр екъузыжри дыгъафIэм иредз. Ахэр гъущыжыху езыми зегъэпскI, и Iэщэхэр елъэщIыжри, фочми фочкIэщIитIми гын щабэ ятрекIутэж, и джатэри зэрехри егъэгъущыж. ЗызэщIекъузэжри къыдошэсыкIыж…

Мыдрей гупыр, Мэт псым къыщIэщыжауэ щамылъагъум, къызэрымыкIуэу гуфIат. Шыхэр шыщхьэзэфIэдзэу зэрапхри, шэджагъуашхэ ящIыну Iэнэ яухуэ пэтрэ, шы къарэкIэ псым хэпкIар пщIэгъуалэ къазым тесу къыкъуокIыж. А тэлайм ар зылъэгъуахэм я нэхъыбэм я напэм дыд хэпIуамэ, лъы къыщIэкIыну пхужыIэнтэкъым, апхуэдизу я фэр пыкIати.

Сэфралыкъуэр къосыжри:

- Гу фIыцIагъкIэ лъэпкъым зэрану къыхуэфхьыр нэхъыбэщ, сэбэп фызэрыхуэхъум нэхърэ. ЦIыху зэхэгъэж зыщIу къэувхэр бийм и дэIэпыкъуэгъущи, апхуэдэм зэрыпыкъуэкIыпхъэри зэрыхуэфащэущ! – жиIэщ, къадиублэри, езыр нэхъ къэзылъагъу мыхъуу лъэпкъыр зэрыIыгъыу бийм пэувыным зэран хуэхъу пщы-уэркъыу хы иупщIэтащ.

- Сывигъусэ нэхърэ, Псыжь адрыщIым сызэпрыкIыу къэзакъхэм кхъуэ яхуэзгъэхъуми нэхъыфIщ, - яжриIэри ежьэжащ.

Ажьджырыкъуэр тIэкIу гъейшейуэ хэлъти, Мэт абы кIэлъыкIуэри, къехъулIа псори жриIэжащ, зы имыущэхуу. Кушыку зыкъомрэ гупсыса нэужь:

- Уэ зыкIи узгъэкъуаншэркъым, Мэт. Уэ Хэку лъагъуныгъэмрэ цIыхухэм я фэм дэкI бэлыхьымрэ къаIэта цIыхухэм уащыщщ, уи къаруи уи пси уемыблэжу бийм уапэщIэтщ, зауэлI бжыгъэм яхуэмыщIэфын уи закъуэ бгуэщIу. Ар зыгурызыгъэIуэну хуэмейхэр «УмыувыIэжмэ, къиувыкI уIущIэнщ!» жыхуаIэм IущIащ, уэри сэри яжетIам къемыдаIуэу. Пэжу, ахэр псэужатэмэ, IэджэкIэ нэхъыфIт, нэгъуэщI мыхъуми бий зырыз хагъэщIынт, ари лейтэкъым. Ауэ, я пагагъ кърамыгъэзэфым ебэкъуэфатэкъыми, текIуэдэжащ. Уи пIэм ситамэ, шэч хэлътэкъым сэри ардыдэр зэрысщIэнум! Иджы, Мэт, зэман гуэркIэ уэрэ сэрэ ди закъуэ Псыжь и IуфитIыр къэдущэкIунщ. А гупыр дэ гъусэ тхуэхъужынкъым, - жеIэ.

Абы иужькIэ а тIум, я закъуэу, куэд дыдэ зэдагъэхъащ. Дзэшхуэ зэхуашэсу теуэшхуэ щащIкIи, яхэтащ шупэхутэу, джатэпэрыкIуэу…

Сэфралыкъуэм и пщIэгъуалэр зыхигъэпскIыхьу фIыцIэ-къарэ щыхъуауэ щыта ятIэ сэрэшыр сэри слъагъужащ. Мэт къызэлъауэ жыхуаIэ мывэ лъэмыжу нэмыцэхэм къагъэуауэ щытар иджы лъэмыжышхуэ ящIыжауэ цIыхухэм къагъэсэбэп. Сэфралыкъуэм и шымрэ езымрэ здыхэпкIа щIыпIэри къыздыхэкIыжауэ щытари лIыжьхэм дагъэлъэгъуат. Ноби абдежым нэхъыжьхэм: «Сэфралыкъуэм и шы гъэпскIыпIэ», «Сэфралыкъуэм и елъапIэ» хужаIэ…

 

ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться:

Читать также: