ЕтIуанэми дыщытокIуэ

Гъэ джэгугъуэщIэм жы­джэру зыхуэзыгъэхьэзыр ди «Спартак-Налшык»-р ЕсэнтIыгу къалэм щыIэу етIуанэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ ири­гъэкIуэкIащ щIышылэм  и 31-м. А махуэм ар IущIащ Таганрог къалэм и «Форте» командэм.

Зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм зэрыщIидзэу ди щIалэхэр япэ ищащ, гупым и капитан Хьэ­шыр Алан и фIыгъэкIэ. Абы IэкIуэлъакIуэу игъэзэщIа пенальтим Iэмал гуэри къыхуигъуэтыфакъым хьэрхуэрэ­гъухэм я гъуащхьэтетым. 
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм зэрыщIидзэжу, Таганрог къикIахэм бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжащ, ауэ, джэгугъуэм хухаха зэманыр и кIэм нэблэгъауэ, ди щIалэхэм япэ ищыжын яху­зэфIэкIащ. Мыбдежми ди командэм пенальти аргуэрыжьу игъэзэщIэн хуей хъуащ. Иджы топым лъэщу еуар КIэды-       кIуей Хьэчимщ. Ди гуапэ зэ-ры­хъущи, ди щIалэр гъуэм блэукIакъым, абы и фIыгъэкIи етIуанэ текIуэныгъэр налшыкдэсхэм къахьащ. МахуиплI ипэкIэ ди щIалэхэм ирагъэ­кIуэкIа япэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм 1:0-у щыхагъэщIащ «Алание-2»-р.
Налшыкдэсхэм ящыщу «Фор­те»-м дэджэгуащ Къумы­къур, Каркаевыр, Молэмусэр, КIэ­дыкIуейр, Березовыр, Гъуэгузокъуэр, Бажэр, Торосян, Мас­ленниковыр, ХьэцIыкIур, Наршауовыр, Селяевыр, Жангуразовыр, Дмитриенкэ, Топурие, ЛIупыр, Котовыр. 
Абыхэм нэмыщI, а махуэм ди щIалэхэм яхэту губгъуэм кърагъэхьащ гъуащхьэхъумэ щIалитI, ди гупым къыхыхьэн мурад яIэу, я зэфIэкIыр къагъэлъэгъуэну къэкIуауэ.
КъыкIэлъыкIуэ зэныбжьэ­гъугъэ зэIущIэр мазаем и 6-м Налшык щекIуэкIынущ. А махуэм кърагъэблэгъэнущ Псы­хуа­бэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-р. 

Поделиться:

Читать также: