Мейкъуапэ зыхуагъэхьэзырКисловодск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Ставрополь крайм кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, зэпеуэхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ростов областым я лIыкIуэхэр, я ныбжькIэ илъэсий хъухэм къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэмрэ. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм ди республикэм и спортсменхэм дыщэ медалу 36-рэ къыщахьащ икIи гуп зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|