Ансамблым и лэжьыгъэр зыублахэр

Ди «Кабардинка» къэрал ансамбль цIэрыIуэращ зи гугъу тщIыр. Сыт хуэдэ Iуэхуми псыпэ зэриIэм ещхьу, мы гупми къызэринэкIа гъуэгуанэр, япэу лъэбакъуэ абы щызычахэр дигу идгъэху хъунукъым. Зи цIэ тщыгъупщэ мыхъунухэм ящыщщ Лэкъун Жанусэ, Исаковэ Галинэ, Къэбэрдокъуэ Тамарэ, Урыс Къэрэжан, нэгъуэщIхэри. 
Лэкъун Жанусэ
Жанусэ и гур пасэ дыдэу лъэпкъ макъамэхэм, къафэхэм дахьэхауэ щытащ. Зыгуэрым гуфIэгъуэ иIэу джэгу къыдахакъэ - Жанусэ абы къыщыхутэрт. Къафэм еплъу щытынут ар зимыщIэжу. Еплъырт ар нэхъыфIу къафэм куэдрэ, абы ещхь хъунуи ехъуапсэрт. Апхуэдэурэ и сабиигъуэ-цIыкIугъуэ дыдэр йокIри, къуажэ еджапIэми щIотIысхьэ. Мыбы ар къафэм зэрыдихьэхым, дихьэхым и мызакъуэу, абыкIэ зэчий гуэрхэри бгъэдэлъу зэрыщытым гу къыщылъамытэу къэнакъым. Аращ ар 1931 гъэм щыIа олимпиадэм ягъэкIуэн щIэхъуари. ИкIи, дауэ къыфщыхъурэ, а сабийм япэ увыпIэр къэфэнымкIэ къехьри, Ростов щыIэ зэпеуэм хагъэхьэ!
1934 гъэм ар мы зи гугъу тщIы ансамблым хагъэхьащ. КъызэрагъэпэщагъащIэт, куэди хэттэкъым. Къашыргъэ КIурацэ, Бэдракъ Ленэ, Исаковэ Галинэ, Жаным Ленэ, Атэлыкъ Аслъэнджэрий, Болэ Мурат… ЦIыху зыбгъупщIым щIигъуу арат.
«ГупыфI дызэрыгъэхъуауэ, зы бынунагъуэм хуэдэу дызэкъуэту, дызэрылъагъу-дызэрылъытэу лэжьэн щIэддзат. Ди IэщIагъэр псоми фIыуэ тлъагъурти, сыт хуэдэ гугъуехь дыхуэмызами, ди къару демыблэжу дылэжьащ. Ди лъэпкъ къафэхэм нэхъыфIу, нэхъ дахэу хэлъыр ди къэралышхуэу щытам и щIыпIэ Iэджэм щыдгъэлъэгъуащ», - игу къигъэкIыжт Жанусэ.
Исаковэ Галинэ
А зэманым къафэмкIэ зэпеуэхэр, олимпиадэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIырт. Абыхэм щыщ зы къэнакъым Галинэ зыхэмыта. Ансамблыр къыщызэрагъэпэща илъэсми абы и къэфакIуэ ар хъуащ. ЗанщIэуи хъыджэбзу хэтым я нэхъыфIу къафэу щIидзащ. Абы щыгъуэм балетмейстер иIэу щытакъым ансамблым. Исаковэм езым ищIэ къэфэкIэмкIэ адрейхэр игъасэу яхэтащ. Абыи и закъуэтэкъым, увыIэгъуэ имыIэу Галинэ ансамблыр зэрефIэкIуэн-зэрызиужьыным телэжьащ – къэфакIуэ къызыхэкIыну къилъытэ ныбжьыщIэхэр къригъэблэгъащ, ядэлэжьащ. Апхуэдэу Исаковэ Галинэ ансамблым хуэлэжьащ илъэс 20-м нэблагъэкIэ.
Къэбэрдокъуэ Тамарэ
Тамарэ ансамблым хыхьащ 1937 гъэм. Ди лъэпкъ къафэхэрт нэхъыбэу абы щыгъуэм ягъэзащIэри, Тамарэ а псоми хуэIэзэт. Абыхэм нэмыщI, куржы «Ликури» къафэри хьэлэмэту абы игъэзащIэрт Чихрадзе Давид щIыгъуу. 
Къэбэрдокъуэр ансамблым хэтащ 1946 гъэ пщIондэ. Абы ансамблым зиужьын папщIэ хуищIар мащIэкъым.
Урыс Къэрэжан
Лъэпкъ хорым псынщIэу зиужьауэ, зэфIэувауэ зэрыщытар зыкъомкIэ и фIыщIэщ Ленинград консерваторэр къэзыухахэм яхэта Урыс Къэрэжан.
Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрыхъуар Москва щыщагъэлъэпIэну махуэхэм махуэшхуэ программэм хэтащ Къардэн Хьэсэн и «Зэкъуэтыныгъэ» кантатэр. Ар ягъэзэщIауэ щытащ  ди ансамблым и хорымрэ Москва и къэрал филармонием я артистхэмрэ, кантатэр къыхэзыдзауэ щытар ди Къэрэжант.
МЫД Хьэжмусэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ. 1994 гъэ
Поделиться:

Читать также: