Шордакъ гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжынущ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэм я фIагъым хэпщIыкIыу хэхъуащ, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щыIэ щыщIэныгъэ куэд зэрагъэзэхуащ. ЦIыхубэм деж щекIуэкIа щIэупщIэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, гъуэгухэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ къэралым щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ цIыхубэм я нэхъыбэр арэзыщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр зэрекIуэкIым, гъуэгухэр хэпщIыкIыу зэрефIакIуэм, цIыху зэхэзекIуапIэхэмрэ машинэ зэхэзежапIэхэмрэ дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ техникэ IэмалхэмкIэ зэрызэщхьэщагъэкIым гу лъымытапIэ иIэкъым. А лэжьыгъэм 2024 гъэми къыпащащ. Лъэпкъ пэхуэщ Iэм ипкъ иткIэ зэрагъэпэщыж Шордакъ къуажэмрэ Дзэлыкъуэшхуэ псымрэ зэпызыщ Iэ гъуэгур.
Зи гугъу тщIа гъуэгур Шордакъ къуажэм и Школьнэ фIэщыгъэр зиIэ уэрам нэхъыщхьэм пхокI. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыху 1700-м щIигъу зыдэс къуажэм дежкIэ а гъуэгум мыхьэнэшхуэ иIэщ, икIи абы и зэгъэпэщыжыным жылэм и псэукIэр нэхъыфI зэрищIынуми шэч хэлъкъым. Километррэ метр щиблрэ зи кIыхьагъ гъуэгур хэр цIыхухэр нэхъыбэу щызэхуэс IуэхущIапIэхэм йокIуалIэ: сабий гъэсапIэм, курыт еджапIэм, сымаджэщым, мэжджытым. Абы къыхэкIыу, гъуэгур зыхуей хуэгъэзэныр цIыхум и шынагъэншагъэр къызэзыгъэпэщ IэнатIи мэхъу.
Мысыхьэтым Шордакъ къуажэ кIуэцIым дэкI гъуэгум телъ асфальт къилъэлъар трахащ. Ар хуагъэхьэзыр тIуащIэу зэтелъ асфальтобетон зэрытралъхьэнум. Абы къищынэмыщIауэ, гъуэгубгъухэм зрагъэукъуэдий, иужькIэ ягъэбыдэн хуэдэу. Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, къуажэ гъуэгум дяпэкIэ зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщынущ, гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэнущ, уэздыгэ пкъохэр хатIэнущ.
Абы къищынэмыщIауэ, Шордакъ къуажэм къыдэкI гъуэгум зэпиупщI, Дзэлыкъуэшхуэ псыежэхэм телъ лъэмыжри зэрагъэпэщыжыну я гугъэщ. Ар 1950 гъэхэм ящIахэм ящыщщ, ауэ ар зэрызэрамыгъэпэщыжрэ зэманыфI дэкIащ. Иужьрей дыдэу гъуэгуухуэхэр абы щеIусар 1980 гъэхэрщ. Аращ къызыхэкIыр жьы хъуа лъэмыжым и лъабжьэр щ Iэрыщ Iэу ягъэжыным, ибгъухэр гъуэгущхьэIухэм къыхагъэхьэжыным епха унафэхэр. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэмыжым и лъэгур зытрагъэжыхьыну щIыпIэхэм и куууагъыр къалъытащ, лъэмыж бгыкъухэмрэ щхьэIумрэ здыхагъэувэнур ягъэнэхуащ. Лъэмыжым и пкъыр псыхъуэ нэпкъхэм хагъэжыхьа нэужь, лъэныкъуитIымкIэ къекIуалIэ гъуэгухэм хыхьэжу асфальтобетон тралъхьэну я гугъэщ. Къыхэгъэщын хуейщ лъэмыжым ирахьэлIа лэжьыгъэр зэрыщыту цIыхум и шынагъэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ мардэхэми, гъуэгум и фIагъыр къэзыIэт щапхъэхэми зэрытехуэр.
Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхум нэхъ щ Iэгъэхуэбжьауэ иужь щихьэнур гъатхэращ, лэжьыгъэ псори зэф Iагъэк Iыну щытраухуар гъэмахуэращ. Лэжьыгъэхэр къанэ щымы Iэу гъуэгуухуэхэм хуагъэува пIалъэм иту йокIуэкI, ухуэныгъэ технологием къигъэув мардэхэр зыри къэмынэу нэсу ягъэзащIэ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: