Адыгэпщ Бэрзэхъурэ Гизольфи лIакъуэмрэ

Къэхъугъэ телъыджэхэмкIэ зи гъащIэр гъэнщIауэ щыта, ныбжьэгъу пэжхэмрэ жагъуэгъу гущIэгъуншэхэмрэ зи бэу дунейм тета, гупсэхугъуэмрэ ажалымрэ я зэхуаку къыдэкIыу къэгъуэгурыкIуа...
Иджырей тхыдэджхэм «ар» зэрамыгъэфIа фIэщыгъэцIэрэ хуамыгъэфэща дзырэ щыIэжкъым. Европэм нэхъ ин дыдэу щыIа Сан-Джорджио ахъшэ хъумапIэм и унафэщIхэм зэрыжаIэу щытамкIэ, щIыхуэм ишхарэ езыр щхьэщытхъу хъужауэ апхуэдэт а нэрыбгэр. 
Къаффэм (Кърым хытIыгу ныкъуэм ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ щиIэ и псыIум урым-генуэзхэм курыт лIэщIыгъуэхэм къыщагъэунэхуа къалэ-быдапIэт) дэсхэм зэрагугъэмкIэ, «ар» и щхэцыпэм къыщыщIэдзарэ и лъэпхъуамбэ жьакIэм нэс зэрыщыту къаугъэт. Византиер лъырэ пщIэнтIэпскIэ къэзызэуа тырку сулътIан Мухьэмэд ЕтIуанэм «ар» и бий пэрытхэм ящыщу ибжат, Кърым хъан Менгли-Гирей зэрыжиIэмкIэ, - хьэIуцыдзт… А псоми я щхьэ кIуэжу къалъытар – урыс пащтыхь Василий и къуэ Иоанн «ар» Москва хуэкIуэн щхьэкIэ имыщIэн щымыIэу зэрыщытарт. 
Зи гугъу тщIыр къывгурымыIуамэ, Тэмтэрэкъей (Тмутаракань) къалэжьыр здэщыIа Темэн (Тамань) хытIыгуныкъуэм лIэщIыгъуэ курытхэм зыщызыубгъуа Матрегэ быдапIэм и иужьрей унафэщI де Гизольфи Захариещ. Ар - зи хьэл-щэнрэ зи насыпрэ нобэрей тхыдэджхэм я акъыл къахуимыгъэтIасэ цIыхущ. 
А лъэхъэнэм Къаффэ къызэрыкIэрыху щымыIэу, Матрегэ къалэр политикэмрэ хьэрычэтымрэ я курых, гъащIэр къыщикъуэлъыкI щIыпIэу къалъытэрт. БыдапIэр зейр зыхьэ-адыгэхэрами (зиххэм), абыхэм яхэст урымхэри, алыджхэри, урысхэри, ермэлыхэри. Кърым хытIыгу ныкъуэмрэ Темэнымрэ я зэпылъыпIэм зэрыхуэзэм къыхэкIыу, Матрегэр уасэншэт, Iуэху нэхъыщхьэ дыдэу абдежым къыщекIуэкIхэр щызэрахьэри а тэхъуанэрт. 
А псом къыхэкIыу Генуер хущIэкъурт а къалэр и унафэм щIигъэувэну, зэрыщыту и IэмыщIэм ирилъхьэну. Урымхэмрэ адыгэхэмрэ Iуэхушхуэхэр зэдащIэ щыхъум (XIII-XV лIэщIыгъуэхэм), Матрегэм и мыхьэнэри нэхъ лъагэж хъуащ. Апхуэдэу генуэзхэм Кавказым и бгыжьхэм дыжьын къыщыщIахыну Iуэхушхуэхэр зэтраублэрт. Ауэрэ Псыжь нэс Iэбэрт. Абдеж икIыу, бдзэжьей гъэгъуа щхьэкIэ Тэн Iуфэ екIуалIэрт.
Дызытепсэлъыхь лIэщIыгъуэм урымхэмрэ адыгэхэмрэ Матрегэ къалэр икIэм-икIэжым зи IэмыщIэ къинэн хуейм щхьэкIэ зэхуэдзэлашхи хъуат. ПсалъэкIэ щызэгурымыIуэм, адыгэ уэркъхэмрэ урымхэмрэ зауэм зыхуагъэхьэзыру щIадзат. АрщхьэкIэ, абдежым зы цIыхум и нэгу къыхущIэмыгъэхьэ, зыми игу къэмыкI Iуэхугъуэм псори зэхигъэкIащ… 
Урымым пщIэ лъагэ щызиIэ, лъэпкъ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщу Гизольфи лIакъуэм къыхэкIа зы щIалэрэ адыгэпщ нэхъыщхьэ Бэрзэхъу и пхъумрэ лъагъуныгъэшхуэ зэхуащIащ. ПситI зэрыгъуэтам, Шекспир и трагедием къызэрыхэщыжым хуэмыдэу, зыри зэран яхуэхъуакъым, - ныбжьыщIэхэр зэрышащ. 
Абдежым урымхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъ «дэп гъэплъар» мамырыгъэкIэ ягъэужьыхащ – гуфIэгъуэм къыхихри, Бэрзэхъу Матрегэ къалэр и малъхъэм тыгъэу иритащ. Адыгэм и тхыдэм апхуэдэ зэи хэтакъым, пхъум и щыгъынхьыжым къалэ псо дыщIагъуу! 
Бэрзэхъу цIыху лъэрызехьэт. Ар илъэс куэдкIэ урымхэм япэщIэтащ, ягурыIуа иужькIи зыхьэ-адыгэхэр тыркухэм иращIылIэн хуея чыристэн зауэм (крестовый поход) хуигъэзыру къекIуэкIащ. Зи гугъу тщIы зэманым чыристэн диным иту щыта зыхьэ-адыгэхэр Трапезунд пащтыхьым дамэгъу зэрыхуэхъум и щыхьэт тхыгъэ Бургундием и герцог Филипп I453 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м Iэрагъэхьауэ щытащ. А дэфтэрым къызэрыхэщыжымкIэ, тыркухэм ирамыщIылIа чыристэн зауэм хэтын хуея адыгэхэм я дзэзешэу щытынур Бэрзэхъут.
 ЛIэщIыгъуэжьхэм къыпхыкIыу, нобэм къыхэпшэхъуа тхыгъэжьхэм япкъ иту дыпсалъэмэ, зи гугъу тщIа лIэщIыгъуэхэми адыгэм дунейпсо утыкум щиубыду щыта увыпIэр хуабжьу инт, пщIэи дзыхьи кърагъэзу, къыхуащIу… (ГъэкIэщIауэ)     
ДЗЫГЪУЭНЭ Тимур.
Поделиться:

Читать также: