Анэдэлъхубзэм сабийр егъафIэ

Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ кафедрэм и унафэщI Дзасэжь Ларисэ студентхэм еджэныр щIэщыгъуэ ящещI, и IэнатIэм гурэ псэкIэ пэрытщ. Бзылъхугъэм и псэ къулейр иджыри нэхъыбэжу мэгуашэ – цIыкIухэм адыгэбзэр зэребгъэщIэн лэжьыгъэ щIэщыгъуэхэр егъэхьэзыр. Сабийхэм папщIэ зэхигъэувэ бзэгъэпсалъэ-бзэгъэджэгу цIыкIухэм куэд къыподжэж. Ахэр цIыкIухэм зэрафIэфIым хуэдэу щхъуэкIэплъыкIэщ, Iущыгъэ яхэлъщ, джэгукIэ Iэмалым йозагъэ, нэхъыщхьэращи, гурыIуэгъуэу гъэпсащ.
Дзасэжь Ларисэ 2002 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ и къудамэр къиухри, кафедрэм лэжьапIэ къэнэжащ. И IэщIагъэм пэрытыну гукъыдэж кърет щIэблэр фIыуэ зэрилъагъум, къайхъулIэнIауэ зэрыфIэфIым.
- ИнджылызыбзэмкIэ я зэфIэкIым имызакъуэу, си студентхэм я дэтхэнэ ехъулIэныгъэми гурэ псэкIэ сыщогуфIыкI. Си гур хохъуэ абыхэм щIэныгъэ ябгъэдэлъу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу, пщIэ яIэу щыслъагъукIэ, - жеIэ.
Ларисэ бзэ зыбжанэ зэрищIэм Iэмал кърет ахэр зэригъэпщэну.
- Куэд щIауэ щIэныгъэр щыхьэт техъуащ – бзэ нэхъыбэ пщIэху, акъылыр нэхъыфIу мэлажьэ. Абы къыхэкIыу, сыкъегъэуIэбжь, адэ-анэ куэдым я быным анэдэлъхубзэр ирагъэщIэну щыхуэмейкIэ – а хъугъуэфIыгъуэм щыхагъэныжкIэ. Абыхэм щхьэусыгъуэ ящI сабийм бзэ зыбжанэр къытехьэлъэну къазэрыщыхъур. Языныкъуэхэми жаIэ нэгъуэщIыбзэхэр пщIэнымкIэ адыгэбзэр зэран хъууэ. Ауэ ар пцIыщ. Дэтхэнэ бзэми зы дуней телъыджэ къытхузэIуех. Бзэ зыбжанэ щыпщIэм деж гупсысэ зэтемыхуэхэр зэпэплъыту, щхьэхуэныгъэхэр зэбгъапщэу, Iэмал зэмыщхьхэм уахэдэфу зыбогъасэ. Бзэхэр зэдгъэпщэху, гъэщIэгъуэн гуэрхэм гу лъыдотэ. Ахэр зэрызэтепщIыкIыр куэд мэхъу. Бзэуэ хъуам анэдэлъхубзэр къащхьэщокI и мыхьэнэкIэ: ар ди гъащIэм и къыщIэдзапIэщ - дунейм дыкъыдытехьащ абы. Бзэращ дэтхэнэри лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа цIыху дызыщIыр.
Хэт гу лъитауэ пIэрэ мы Iуэхугъуэм: зы псалъэр бзэ зэмыщхьхэмкIэ къэIумэ, ар зэхуэмыдэу зыхыдощIэ дэ. НэгъуэщIыбзэм щыщ псалъэхэр акъылкIэ нэхъ зэдгъэзахуэмэ, анэдэлъхубзэм и псалъэр куэдкIэ нэхъ куущ - ахэр гу лъащIэм носри, абдеж аргуэру къыщожьэж, - анэдэлъхубзэм теухуа и гупсысэ бзыгъэхэмкIэ къыддогуашэ ар.
 ЦIыху бгъэсэнумэ, лъэпкъ гупсысэ къэпIэтынумэ, хабзэрэ щэнхабзэрэ къыдэпхыжынумэ, псом япэу гулъытэ яхуэщIын хуейщ щIэблэм. Егъэлеяуэ лэжьыгъэ куущ цIыкIухэм бзэр фIыуэ егъэлъагъунымкIэ, балигъхэми ар къагъэIурыщIэжынымкIэ бзылъхугъэм и лэжьыгъэхэр: псалъалъэ-псалъэгъэнахуэхэр, махуэгъэпсхэр, джэгукIэ щIэщыгъуэхэр, псалъэзэблэдзхэр адыгэбзэкIэ зэхелъхьэ.
 Ларисэ инджылызыбзэкIэ тхылъ гъэщIэгъуэнхэм, сабийм и гупсысэм зэрызрагъэужь гуэрхэм ирихьэлIэрти, ди адыгэ сабийхэм яхуехъуапсэрт апхуэдэхэр яIэну.
Илъэс зыбжанэ ипэ, и ныбжьэгъу бзылъхугъэм и щIалэ цIыкIур адыгэбзэкIэ дерс ишэрти, абы щыгъуэ гу лъитащ сабийхэм къащыдэлажьэкIэ къагъэсэбэпыну яIэр зэрымащIэ дыдэм. Игу щIыхьащ нэгъуэщIхэм яIэр ди сабийхэм зэрамыIэр.
- Абдежым си гум абгъуэ щищIащ зы гупсысэм: зыгуэр щIэн хуейщ. А зэманым ирихьэлIэу дизайн Iуэхум и пIалъэм сэ хэсщIыкIыртэкъым, дерс зэребгъэкIуэкI хъуну лэжьыгъэхэр зэхэзгъэувэнуи апхуэдэ Iэмал сиIэу къысщыхъуртэкъым. Апхуэдэурэ си гупсысэхэр утыкум къинат.
Зэман дэкIауэ, зэрымыщIэкIэ къызэхъулIауэ жыпIэ хъунущ адыгэ сабийхэм сызыхуехъуэпсахэр. Си зы еджакIуэ папщIэ, WordWall онлайн утыкум (платформа) дерс щызгъэхьэзырырт. Мы программэм тету адыгэбзэкIэ зыгуэрхэр къэзгупсысыфыну пIэрэ атIэ, жысIэу сытемыгушхуащэурэ зыщеспщытым, хъарзынэу къызэхъулIащ. Сызэлэжьахэм ящыщ зыбжанэ щапхъэу езгъэлъэгъуащ Тыркум адыгэбзэкIэ щезыгъаджэ си ныбжьэгъум. Егъэлеяуэ игу ирихьащ. Абы и ужькIэ сытегушхуащ инстаграммым напэкIуэцI къыщызэIусхыну – сыхуейт си лэжьыгъэхэр нэхъыбэм къахуэсэбэпыну, - жеIэ.
Ауэрэ дизайн зэращI приложенэ щIэщыгъуэ гуэр къигъуэтри, абыкIэ адыгэ сабийхэм уазэрыдэлажьэ хъуну гуэрхэр зэхигъэуващ. Адыгэбзэм мыхьэнэ езытхэм, зи быным ар езыгъэщIэну зыфIэфIхэм Iэмал яIэ хъуащ Ларисэ и напэкIуэцIым кърилъхьэхэр тхылъымпIэкIэ къыщIагъэкIыу къагъэсэбэпыну.
Дзасэжьым и лэжьыгъэхэр егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм, анэхэм къагъэсэбэп. Интернет напэкIуэцIхэми куэду щызэбграгъэкI. ЦIыкIухэм уазэрыдэлажьэу игъэхьэзырхэр хуиту и напэкIуэцIым къыбохыф пщIэншэу.
- Сыт гукъыдэж къызэзытыр, абыхэм сыщелэжькIэ, жыпIэмэ, цIыхухэм къызэрагъэсэбэпырщ, ахэр адыгэбзэм и дежкIэ хэлъхьэныгъэ гуэр зэрыхъурщ. ЦIыхухэр къыспэмыджэжу щытамэ, сэри Iэпэдэгъэлэл сщIыжынкIэ хъунут а къэзгупсысхэр, - жеIэ езым.
Сабийхэм яхуэгъэзауэ езыр фIэфIу зэлэжьхэм ятеухуауэ иджыри мурадхэр, гупсысэ щIэщыгъуэхэр иIэщ бзылъхугъэм.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэр нобэ куэдым яджыжын хуей мэхъу, хамэбзэр зэраджым хуэдэ дыдэу. Дауи, апхуэдэм деж къэбгъэсэбэпыну Iэмалхэри щхьэхуэщ – нэхъ тынш дыдэмкIэ къыщIэбдзэн хуейщ. Щапхъэ куэд къыхэпхыфынущ инджылызыбзэр зэрырагъэдж щIыкIэм. Ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ инджылызыбзэм и Iэмалхэм тептхыкI къудейкIэ зэрымыхъунур. АтIэ а щапхъэхэр адыгэбзэм и лэжьэкIэм къибгъэзэгъэн хуейщ.
Иджыри зы Iуэхугъуэ хэлъщ мыбы: иджырей сабийхэр бжыгъэкIэ къекIэрэхъуэкI дунейм и щIэблэщ. Абыхэм я гупсысэр къэпхьэхун папщIэ иджырей технологиехэм къыдат Iэмалхэр къэдгъэсэбэп хъунущ. Псалъэм папщIэ, телефон приложенэхэр, онлайн джэгукIэхэр, мультфильмхэр адыгэбзэкIэ щыIэмэ, сабийр къыдэпхьэхыфынущ, къипшэфынущ бзэм и лъахэм. Мис апхуэдэ гупсысэхэр сиIэщ, - жеIэ.
Лъэпкъым и дежкIэ бзэм иIэ мыхьэнэр зэрызыхищIэм дыщыщIэупщIэм, Ларисэ къита жэуапыр гурыхь тщыхъуащ:
- Бзэр тхыдэ щIэинщ, псалъэкIэ бауэу. Абы къыпкърокI лъэпкъым и хьэл-щэныр, и гупсысэкIэр, и псэр. Бзэ тIурымылъмэ, лъэпкъыу дыщыIэфынукъым. ЗэрытщIэщи, ЮНЕСКО-м ди адыгэбзэр яхибжащ кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зыпылъ бзэхэм. ДызыIут IэнатIэр гугъу пэтми, дэ Iэмал гуэрхэри диIэщ ди бзэр къедгъэлынымкIэ. Пэжым ухуеймэ, ди фIэщу зетпщытмэ, абы тхуэмыгъэзэщIэн хэлъкъым – ауэ сыт – дызэкъуэувэн хуейщ абы папщIэ. Дауи щIыи, ди ныбжьым итхэращ абыкIэ жэуап нэхъ къызытехуэр – гува мыхъу щIыкIэ, хэкIыпIэу щыIэхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ.
Езы Ларисэ зэрыцIыкIурэ тхылъ еджэну фIэфIщ. Таурыхъхэмрэ шыпсэхэмкIэ къыщIидзащ, зэрыжиIэмкIэ. ИлъэсипщI щрикъум, Булычёв Кир и тхылъхэм я фIыгъэкIэ, щIэныгъэ фантастикэри фIыуэ илъэгъуащ. Нэхъ иужькIэ, «фэнтэзи» жыхуаIэри къыхигъэхьащ.
 Сабиигъуэр гурыфIыгъуэшхуэу къелъытэ ди псэлъэгъум, аращ абыхэм яхуэгъэзауэ зызрипщытхэр фIыуэ къыщIехъулIэри.
- Сабийм и дунейр щхъуэкIэплъыкIэрэ телъыджэу зэхэтщ. ГуфIэн, гушхуэн, джэгун хуейщ ар. Абы къыхэкIыу, цIыкIухэр щебгъаджэкIэ, къэбгъэсэбэп Iэмалхэри нэжэгужэу, щIэщыгъуэу, сабиипсэ пIейтейр дэзыхьэхыу щытыпхъэщ, - жеIэ.
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: