ПщыIэпщокъуэ Къазий

Къазий теухуауэ Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ: «Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, абы и къуэрылъхухэу Къэбэрдеишхуэр зыIэщIэлъа Къазийрэ, Джылахъстэнейр зыIэщIэлъа Щоджэныкъуэрэ, езыхэр зэгурымыIуэми, я адэжьхэм урысхэм хуаIа щытыкIэм тету псэуащ». Ауэ ар пэжкъым. Пщыхэм теухуауэ цIыхухэм къаIуэтэж хъыбархэр зэтехуэтэкъым, арауэ къыщIэкIынущ Шорэ щызыгъэуари.
Щоджэныкъуэмрэ Къазийрэ зэрызэкъуэшыр пэжщ, ауэ ахэр зи щIэблэр Темрыкъуэтэкъым, атIэ ПщыIэпщокъуэт, икIи зэкъуэшхэр зэхуэмыарэзыуэ, зэхуэдзэлашхэу щытауэ зыщIыпIэ дежи къыхэщыркъым. ПщыIэпщокъуэ езыр зэи урысхэм ефIу щытакъым.
1569 гъэм Щоджэныкъуэпщымрэ абы и къуэш Къазийрэ кърым хъан Долэт-Джэрий зэремызэуари къыхэгъэщыпхъэщ. Сыт-тIэ ПщыIэпщокъуэ и къуэ Къазий тхыдэм къызэрыхэнэжар, игъэхъар?
Япэрауэ, къыхэгъэщыпхъэщ Темрыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ зэхуаIа зэпыщIэныгъэхэм дызэрыщымыгъуазэр. Абы теухуауэ дэфтэр щыIэу зэи дрихьэлIакъым. Ауэ тхылъ щыIэщ Мамсырыкъуэрэ ПщыIэпщокъуэ Къазийрэ нэхъ зэпыщIауэ зэрыщытамкIэ. Абы и щыхьэтщ Иван IV Мамсырыкъуэ къахуригъэхьа фIыщIэ тхылъхэр. 1578 гъэм мэлыжьыхь мазэм урыс пащтыхьыр Мамсырыкъуэрэ Къазийрэ къелъэIуащ хэплъыхьауэ шуудзэ урысыдзэм ядэзэуэну Украинэм щыщ Темников къалэм ягъэкIуэну. А лъэхъэнэм Ливон зауэр екIуэкIырт. Тхылъым апхуэдэу итми, дэ тхужыIэнукъым Мамсырыкъуэрэ Къазийрэ зэпыщIэныгъэ яку дэлъауэ. Абы щхьэкIэ къэмынэу, шынагъуэ гуэр къызэрыкъуэкIыу Къазий урысхэм я дежкIэ зигъэбгъунлъэрт, уеблэмэ абы пэжу хущытыну псалъэ быдэ щарити щыIэт. Абы и щхьэту къэбгъэлъагъуэ хъунущ 1578 гъэм Идар Къамболэт и гъусэу Москва кIуа лIыкIуэхэм ПщыIэпщокъуэ Къазийрэ Тепсэрыкъуэ Сосрыкъуэрэ зэрахэтар. Тыркумрэ Кърымымрэ яубыдынкIэ гузэвэгъуэр къазэрылъэIэсу, къэбэрдей пщыхэр зэкъуэувэн хуей хъурт.
Темрыкъуэ лIа нэужь, Къэбэрдейм пщышхуэу щыхахар Къамболэтщ. Абы и ужькIэ Къейтыкъуэ и къуитIым - Аслъэнбэчрэ Жансэхъурэ - пщыгъуэр зэIэпахащ. А пщышхуэхэр езы Къэбэрдей псом щыхахыжащ зи нэхъыжьыгъуэм, зи чэзу пщы лIакъуэм тещIыхьауэ.
16-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм, урыс пащтыхьым зэрилъытэмкIэ Къэбэрдейм и пщышхуэу щытын хуеяр Мамсырыкъуэт. А зэманым пщыхэм яхэтакъым абы хуэдэу хахуэ, акъылыфIэ, хыхьэхэкI зиIэ. Ар и лIыгъэкIи и цIыхугъэкIи Кавказми, Урысейми, Кърымми къыщацIыхурт. Апхуэдэу щыт пэтми, Къэбэрдейм пщышхуэу къыщащтакъым. Дэфтэрхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Мамсырыкъуэр Къазийм иригъэукIащ, гъэпцIагъэкIэ зришалIэри. Къазий зэфIэкIышхуэ зиIэ щIалэм ефыгъуэрт, еижырт, нэхъыжьыгъэр къылъымыс щIыкIэ пщышхуэ ящIыну зэрыхущIэкъури игу техуэртэкъым. Мамсырыкъуэм дагъэкIуащ абы и къуэш Думэныкъуэри.
А зэкъуэшитIыр яукIа нэужькIи Къэбэрдейр мамыру псэуауэ, пщыхэр зэгурыIуэу щытауэ пхужыIэнукъым. Уеблэмэ Идархэ лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуэнкIэ шынагъуэ щыIэ хъуат. Арауи къыщIэкIынущ Темрыкъуэ и къуэш Жылэгъуэт и къуэ Къанкълыш, абы и къуэж Щэнджэлей сымэ я уэркъхэри я жылагъуэхэри ящIыгъуу щтапIэ щIихьэжар. Арат Черкасскэ слободари яхуэныр къызыхэкIар.
Темрыкъуэ и къуитIыр укIыкIейуэ ирагъэукIа нэужь, Къазий шынагъуэ иIэ мэхъу Идархэ ялъ ящIэжынкIэ. Арати, абы и мылъкури и унафэм щIэт псори къызэщIегъэуIуэри, Беслъэнейм мэIэпхъуэ. Iэпхъуами, а пщы къудамитIым я зэбииныгъэр зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым, нэхъри зэщIэна мыхъумэ.
Къазий и зэманым Къэбэрдей псор зэщIэчауэ, дэтхэнэ зыми езым ипщ иIэжу щытащ. Абы щыгъуэ Къазий нэхъ зыпыщIауэ щытыр Тыркурт, Тыркум и IупэфIэгъут кърым тэтэрхэри. Нэгъуей ЦIыкIуми благъагъэкIэ пыщIати, ари и лъэныкъуэт. Талъостэнейр зи унафэ щIэт пщы нэхъыжь Щолэхъури Персием пыщIат, Идархэ Урысейм и телъхьэт. А зэманым Урысейри, Тыркури, Персиери Кавказ Ищхъэрэм къыщIэхъуэпсырт, Урысейми хузэфIэкI къигъанэртэкъым Тэрч Iуфэм зыщигъэбыдэн папщIэ. А лъэхъэнэ хьэлъэращ Урысейм Къазий и Къэбэрдейр къигъэсэбэпыным гулъытэ нэхъ хуищI щыхъуар, ар нэхъ къигъэдэIуфыну къыщыхъурти. Абы и жэрдэмкIэ Къазий и хэкум къегъэзэж, и уэркъхэри къуажэхэри зыщIегъужри.
1614 гъэм Къазий урыс пащтыхьым псалъэ быдэ иритащ игъащIэкIэ пэжу бгъэдэтыну. Ауэ Къазий зэтэкъым икIи тIэутэкъым апхуэдэ псалъэ быдэ зэритар. Езы пащтыхьми Къазий пщышхуэу къилъытэу зэи щытакъым. Къилъытэу щытамэ, щытхъу тхылъ къыхуригъэхьыну хъунт.
1615 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м Къазий яукIащ. ЕзыгъэукIар Щолэхъурэ абы и къуэ Къэрэщейрэщ.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: