ПсыхэкIыу къыщIагъэкIым хохъуэ

Къэралым СтатистикэмкIэ и комитетым и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ. 2023 гъэм и щIышылэ - щэкIуэгъуэ мазэхэм псыхэкIыу ягъэхьэзырым и индексыр проценти 113,8-рэ хъуащ.
Ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм елъытауэ псыIэфIу къыщIагъэкIам процент 11-кIэ, нарзаныпсым процент 11-кIэ, сырэм процент 34-м нэблагъэкIэ хэхъуащ, е ахэр зэрырагъэхъуам хуэдэу къэбгъэлъагъуэмэ – псыIэфIыр декалитр мелуан 20,7-рэ, нарзаныпсыр – литр ныкъуэ зэрыхуэ птулъкIэхэм игъэхъуауэ мелуан 95,8-рэ, сырэу – декалитр 0,48-рэ.
ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, 2023 гъэм и мазэ 11-м къриубыдэу республикэм ерыскъыхэкIыу псори зэхэту къыщыщIагъэкIам и промышленнэ индексыр проценти 101,1-рэ хъуащ. 

 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: