Щолэхъу

Щолэхъу пщы телъыджэу зэрыщытамрэ, пащтыхьым пэжу зэрыбгъэдэтамрэ теухуа тхыгъэ гъуэзэджэхэр щыIэщ. Абы и адэ Щэнджэлей 1624 гъэм дунейм ехыжати, илъэс нэхъ дэмыкIыу, пащтыхь Михаил Федорович и унафэкIэ, Тэрч къали абы и гъунэгъу слабодахэми щыпсэу лъэпкъхэм япщу игъэуващ, и адэм пщIэшхуэ хуащIу, къулыкъур фIыуэ зэрихьэу зэрыщытар къилъытэри.
Щолэхъу пщы къулыкъур къэбэрдейхэми, шэшэнхэми, ингушхэми я деж щызэрихьэну, пащтыхьым и унафэр щигъэзэщIэну, зауэм ишэну, тэрч дзэзешэхэр зригъэкIуэну и пщэ къыдэхуащ.
Щолэхъу къэбэрдеишхуэ пщыхэмрэ Кърым хъаныгъуэмрэ игъэблагъэрт. Япэрауэ, езы Щолэхъу и щхьэгъусэ Пэрхъан Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэ и шыпхъут, етIуанэрауэ, и шыпхъу нэхъыщIэр кърым калга Шахин Джэрий и щхьэгъусэт.
Черкасскэ Щолэхъу и благъэ гуэрхэри жагъуэгъу къыхуэхъужауэ, игъэбийт. Апхуэдэу, Аслъэн и къуэ Бэрокъуэрэ Къундет и къуэ Чэлимэтрэ Щолэхъу ягъэкъуаншэу лъэIу тхьэусыхафэ куэд пащтыхьым хуатхырт. Ауэ ахэр псори пцIы зэфэзэщу къыщIэкIащ. Езы Щолэхъу а псом щыщIэупщIэм къыщIэщащ Бэрокъуэрэ Чэлимэтрэ къызэрыдзэлашхэр.
Iуэхур апхуэдэу зэрыщытыр, къэбэрдей пщыхэр щIызэгурымыIуэр къызыхэкIыр – пщыгъуэм щаIыгъыну увыпIэрт, абы Iэтащхьэу щыщытыным зэрыхущIэкъурт. Урысей пащтыхьым деж я Iуэху щыдагъэкIын папщIэ, Бэрокъуэрэ Чэлимэтрэ Щолэхъу и закъуэтэкъым пцIы зыкIэралъхьэр. Ахэр хущIэбжэрт Къазий и Къэбэрдейми, Щолэхъу и Къэбэрдейми. Ар апхуэдэу щыхъуа лъэхъэнэр Бэрокъуэ, Чэлимэт, Щэнджэлей и къуэхэм къуажэ мащIэ дыдэ фIэкIа щаIэщIэмылъыжам щыгъуэщ. Пщыхэм я зэбииныгъэр адыгэ лъэпкъым я тхьэмыщкIагъэ ину щIыщытари аращ.
Ауэ Щолэхъу пащтыхьым пэжкIэ хуэлажьэрт икIи абы щхьэкIэ гулъытэ къыхуищIыпхъэт. Щолэхъу Идар и къуэхэм я пщы лIакъуэ къыхэкIат. Идархэ къатехъукI пщыхэр Урысейм зэпымыууэ гъунэгъуу бгъэдэту, Къазийхэрэ Щолэхъужьрэ я бынхэм ебэн зэпыту зэрыщытым къыхэкIкIэ, я зэкъуэтыныгъэр, зэрыIыгъыныгъэр нэхъ лъэщурэ 30 гъэхэм къэскIэ екIуэкIат. И адэжьхэм я уэсятым тету, и псалъэ иIыгъыжу, урыс пащтыхьым хуэпэжу, пщы лъэщу псэуащ. И къару илъыгъуэрэ и фIыгъуэ дыдэу 1635 гъэм шым къехуэхри, Щолэхъур зэшэзэпIэу иукIауэ щытащ. Абы щIэблэ зэримыIам къыхэкIыу, пщыгъуэр и къуэш нэхъыщIэ Муцал къылъысащ.
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: