Мэкъумэш лэжьыгъэм зэгъэтIылъэкIыпIэ иIэкъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм 2023 гъэм «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ лажьэ «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ я IэнатIэхэм нэхъ псынщIэу зегъэужьын» щIыналъэ пэхуэщIэм хухихащ сом мелуан 95-рэ. Ар процент 30-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
Министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, «Агростартап» программэм хыхьэ грант дэIэпыкъуныгъэу ахъшэр хуаутIыпщащ мэкъумэш IуэхущIапIэ къызэIузыхыну жэрдэм зыщIахэм. Мэкъумэш кооперацэм зегъэужьынымкIэ щIыналъэ центрым субсидие хухахащ, мэкъумэш потребительскэ кооперативхэм, фермерхэм дэIыгъыным къыхуагъэсэбэпыну.
Мыдрейуэ, иужьрей махуэхэм губгъуэхэм Iуву къыщытрилъхьа уэсым и фIыгъэ бжьыхьэсэм екIыну къалъытэ «Россельхозцентр»-м и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и IэщIагъэлIхэм – жылэхэм псы ирикъуу ягъуэтынущ, итIанэ уэсым ахэр щIыIэмрэ жьапщэмрэ щихъумэнущ. Иджыпсту бжьыхьэсэхэм хъарзынэу заужь.
2024 гъэм бжьыхьэсэм хухахащ гектар мин 70,6-рэ, абы щыщу гектар мин 65-р - хьэцэпэцэм.
Гъатхэр къызэрыблагъэу, дунейм и щытыкIэм Iэмал къаритмэ, бжьыхьэсэм щIыгъэпшэрхэр щIалъхьэн щIадзэнущ.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: