ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэр ипэ ирагъэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ щIыналъэхэм щIыпIэ унафэ щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм чэнджэщакIуэ хасэхэр (совещательные органы) къыщызэрагъэпэщ.
Шэджэм щIыналъэм абы теухуа зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ щIыналъэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Борсэ Юрэ жылагъуэ Iуэхухэм нэхъ жыджэру хэт, урысейпсо икIи хэгъэгупсо утыкухэм зи пэхуэщIэхэмкIэ къыщыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм я япэ зэIущIэ зэхэтащ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэтрэ Шэджэм щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Арыпщэ Жаннэрэ. Нахуэ зэрыхъуамкIэ, щIалэгъуалэм я чэнджэщакIуэ хасэр КъБР-м и Iэтащхьэм епхауэ лэжьэнущ, ауэ щIыналъэ къулыкъущIапIэм и унафэм щIэту и лэжьыгъэр иубзыхунущ.
ЗэIущIэм кърихьэлIа щIалэгъуалэр дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм, экономикэм и зыужьыкIэм, жылагъуэ гъащIэм щIалэгъуалэ Iуэхухэм щаубыд увыпIэм, абыхэм къыхалъхьэ пэхуэщIэхэр щыIэныгъэм хэпща зэрыхъум ехьэлIауэ упщIэ куэдкIэ къулыкъущIэхэм зыхуагъэзащ. КъищынэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ зыбжани къыщаIэтащ зэхуэсым. Апхуэдэу щIалэгъуалэр щIэупщIащ грант дэIэпыкъуныгъэ зэрагъуэтыну щIыкIэм, ар къаIэрыхьэн папщIэ зэфIагъэкIыпхъэ Iуэхугъуэхэм, я гуращэрэ жэрдэмхэмкIэ щызэлъэIэсын хуэдэу щIыналъэм ЩIалэгъуалэ центр къызэрызэрагъэпэщыпхъэм, курыт еджапIэм щIэсхэмрэ щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэрагъэгъуэтыну еджапIэ нэхъыщхьэ щIэтIысхьахэмрэ зэрыщIэн, я ехъулIэныгъэхэмкIэ зэдэгуэшэн папщIэ зэIущIэ нэхъыбэIуэ къызэрыхэлъхьапхъэм, нэгъуэщIхэми.
- Дызытет дунейм апхуэдизкIэ псынщIэу зехъуэжри, дыгъуасэ къыхалъхьа жэрдэмым пщэдей хуэдэм къару щимыIэж е зэхъуэкIыныгъэхэр щыхэлъхьэн хуей куэдрэ къохъу. Ар дызыхэпсэукI гъащIэм и хабзэ хъуащи, зыдедгъэкIуурэ ди Iуэхухэр идогъэкIуэкI. Ауэ, сыт хуэдэ гукъэкI дымыщIми, дэ тщIэн хуейщ икIи тщыгъупщэ хъунукъым дызыпэрыува IэнатIэм а зэхъуэкIыныгъэхэр хэмытатэмэ, нэгъуэщIынэкIэ демыплъыфынкIи, абы и гъунэ гуэрхэр къытхуэмыгъэлъагъуэу тIэщIэкIынкIи хъуну зэрыщытар. Арыххэуи, абы хуэхьэзыру сыт щыгъуи. фыщытын хуейщ НэгъуэщI лъэныкъуэкIи фэ зэи фщыгъупщэ хъунукъым зэфIэувауэ, дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм елъытауэ лантIэу зихъуэжу лъэпкъ хабзэхэр къыдэрыддэгъуэгурыкIуэм. Лъэхъэнэ кIыхьхэм къыпхыкIыу ди нобэм къэса а хабзэхэр гъащIэм и къэхъугъэ Iэджэм япсыхьащ, абыхэм защыхуэбгъазэм деж, ущимыгъэуэну чэнджэщ щхьэпэхэр къызэрыхэкIынум шэч хэлъкъым. Нобэрей дунейм тетхэм ди къалэнхэм хохьэ блэкIам и щхьэпэмрэ къэкIуэным епха гугъэхэмрэ зэтпхыурэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр егъэкIуэкIыныр. Мис ар ди тегъэщIапIэмэщ пщIэ щыдиIэнур, IуэхуфIхэр щызэфIэтхыфынур, жылагъуэм хуэщхьэпэн жэрдэмхэри къыщыхэтлъхьэфынур, – жиIащ министрым.
Лу Азэмэр апхуэдэу тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэр къэрал къулыкъущIапIэхэм епсэлъэфу, бгъэдыхьэкIэ къыхуагъуэтыфу щытын зэрыхуейри. «ЛэжьыгъэфIым кIуэрабгъу хъарзынэхэр иIэщ, абыхэм уаригъуэзэфу ущытыныр есэныгъэ щIагъуэхэм ящыщщ. ЦIыхухэм нэхъыбэрэ уахыхьэху къапщIэр абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, зыгъэпIейтейхэм я закъуэкъым, атIэ апхуэдиз информациер шыбзэм зэрыщIэгъэкIын хуейм, а псом зы жыпхъэ къахуэбгъуэту утыку ихьапхъэр къызэрыхэхын хуейм зыхубогъасэ. Мис а гупсысэ зэпцIаращ къулыкъу зыIэщIэлъхэм ябгъэдэлъхьэн хуейр – фызэыпэрыувэ IэнатIэм абы фызэрыхигъэгъуэзэнум шэч хэлъкъым», - къыхигъэщащ Лу Азэмэт.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: