Iуащхьэжьхэм я щэхухэр

Сыкъыщыхъуа Зольскэ жылэм и Iуащхьэжьхэм (курганхэр) сызэрысабийрэ сыдахьэхыу щытащ. Ахэр, инхэри цIыкIухэри, къуажэм удэту плъагъурт, Iуащхьи 10 хуэдизи хъурт.

… Нэхъыжьхэм къыджаIэрт Iуащхьэжьхэр пщIэшхуэ зыхуащIу щыта цIыхухэм я кхъащхьэу. Нэхъыбэу сэ сфIэгъэщIэгъуэныр Мэмыш и Iуащхьэ нэхъ инырт, ар Зольскэ ипщэкIэ километри 5 - 6-кIэ жылэм пэжыжьэу щытт. ЛъэныкъуэкIэ абы укъеплъмэ, и щыгум хэIэтыкIа гуэр уи нэм къыIуидзэрт. Зэгуэрым си адэм сеупщIащ а Iуащхьэм апхуэдэу щIеджэмрэ абы и щхьэм Iуащхьэ цIыкIу тетыжыр зищIысымкIэ. Абы жэуап къызитащ: «Ар Iуащхьэ цIыкIукъым, атIэ абрэдж Мэмыш и кхъащхьэ дыдэращ. Ар Бабыгуей (Сэрмакъ) жылэм дэсу щытащ, Пушкин Александр и лIыхъужь Дубровскэм хуэдэу, беижьхэм япэщIэтащ. Зэгуэрым Мэмыш уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. Мэмыш и псэр щыхэкIым уэсяту къигъэнат а Iуащхьэм, жылэ псор хуиту щыплъагъу щIыпIэм, щыщIалъхьэжыну».

Си адэм сызыщIигъэдэIуар сэ яхуэсIуэтэжат си классэгъухэм. Си хъыбарыр зэхэзыхахэм яз Борщенкэ Анатоли абы щыгъуэм къыджиIэжащ езым и ныбжьыр илъэс 12-м щитым Ашабей (Малкэ) жылэм адэкIэ археологхэм къыщатIэщIыжа Iуащхьэм гъэщIэгъуэн куэд зэрыщилъэгъуар. Апхуэдэ Iэмал абы щIиIар, IэщIагъэлIхэм псы яхуишэну къалэн щащIати арат. Толэ зэрыжиIэмкIэ, а Iуащхьэм скифхэм я пщыр щIэлът. Ар и пащтыхь тахътэм тест, и хъуреягъкIэ цIыхубзихым, хъумакIуихым, и шым я къупщхьэлъапщхьэхэр щылът. «Еджагъэшхуэхэм я зым къыдгуригъэIуат скифхэм я пщым адрей гъащIэми шы, хъумакIуэ, цIыхубз щиIэн хуейуэ къалъытэу зэрыщытар. КъыщIагъэщар абы и щыхьэтт», - дыщIигъужащ абы и псалъэм.

Си классэгъу нэхъыжьым жиIахэр, дауи, сэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуат, сыхуейт зи гугъу ищIа Iуащхьэмрэ дыщэ тахътэмрэ слъагъуну. 1936 гъэм и бжьыхьэм ебланэ классым щеджэ дэ Сэрмакъ дыкIуащ, школ самодеятельностхэм я район зэхыхьэм дыхэтыну. МалкэкIэ дежэхырти, Толэ дигъэлъэгъуащ Налшык-Псыхуабэ гъуэгум метри 100 хуэдизкIэ пэжыжьэ Iуащхьэ зи гугъу къытхуищIар.

Илъэс куэд дэкIауэ журнал гуэрым сыкъыщеджащ скифыпщым и тахътэм теухуа тхыгъэ кIэщI. ЕгъэджакIуэхэм сахэупщIыхьу сыхуежьащ а тахътэр здашар дэнэ щIыпIэми зэзгъэщIэну, ауэ зыри абы щымыгъуазэу къыщIэкIащ. Мы Iуащхьэм утету фIы дыдэу уолъагъу Iуащхьэмахуэ къыщыщIэдзауэ Казбек бгым нэс екIуэкI Кавказ бгы къуршхэр. ЩIыналъэм зыщызыгъэпсэхухэм папщIэ Iуащхьэм 1960 гъэхэм тращIыхьауэ щытащ тIысыпIэ дахэ щхьэ телъыжу. Илъэсищ щытыгъами аращ, ар Iуащхьэм и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ ебэурэ зэтещэхэжащ. УхуакIуэхэм къалъытатэкъым е ящIатэкъым Iуащхьэр къатIауэ зэрыщытар. Iуащхьэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэр, илъэс мин ипэ зэтракIутар, быдэу зэтелът, еIусахэтэкъыми, ауэ адрей лъэныкъуэм щIы тракIутэжа къудейуэ арати, щабэт. Абы къыхэкIыу щIыщIэр етIысэхыурэ тIысыпIэри абы дэкIуат.

Сыт хуэдизу а Iуащхьэм и тхыдэм сыдимыхьэхами, 1930 гъэхэм журналым тету къысIэрыхьа тхыгъэ кIэщIымрэ Борщенкэ Толэ къыджиIэжа хъыбарымрэ фIэкIа сэ нэгъуэщI абы теухуауэ къысIэрыхьатэкъым.

1953 гъэм Кремлым сыкIуащ япэ дыдэу. Зыуи си щхьэм схуимыгъэкI тахътэм теухуауэ Оружейнэ палатэм сыщыщIэупщIэну мурад сщIащ. Абы  IэщIагъэлIхэм къыщызжаIащ ар Ленинград Эрмитажым щIэтын зэрыхуейр.

Илъэсхэр кIуэрт, сэри дыщэ тахътэм сегупсысырейт. 1986 гъэм и жэпуэгъуэм Ленинград щызэхуэсат Япэ гвардие дзэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэр. Дэри абыхэм драгъусэу школ, IуэхущIапIэ куэдым, Эрмитажым дыщыIащ. Ветеран зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм я лъэIукIэ хуит дащIащ нэхъ лъапIэ дыдэу Эрмитажым щахъумэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыщIэлъым дыщIагъэхьэну. Зи насып къикIа цIыхуипщIыр дыщIашащ икъукIэ быдэу яхъумэу дызыIуплъа щIыунэм. Абы щылажьэ бзылъхугъэ тIорысэм дигъэлъэгъуащ, ищхьэкIэ зэрыжысIауэ, нэхъ лъапIэ дыдэу абы щIэтхэр. Скифхэм я пщым и тахътэм сыщIэмыупщIэу къэзгъэнэнт?! АрщхьэкIэ ар абы куэд щIауэ щIэмытыжу къыщIэкIащ. Псэлъэгъу къысхуэхъуа цIыхубзым жиIэрт ар лэжьапIэм къыщыува зэманым а тахътэр Эрмитажым зэрыщIэмытыжар, ауэ лэжьакIуэ нэхъыжьхэр абы тепсэлъыхьыжу зэрызэхихар.

Языныкъуэ Iуащхьэжьхэм иджыри щэху куэд яхъумэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, и нэхъыбапIэм ахэр гущIэгъуншэу зэтракъутэ, щIэныгъэлIхэм къахутэфыну щытар къэгъазэ имыIэу тфIэкIуэду.

           

Зытхыжар Хэку зауэшхуэм и ветеран, Полищук Иванщ, 2014 гъэ.
Поделиться:

Читать также: