Пщым я пщыж Инал Нэху

Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм хэткъым лIыхъужь икIи пщышхуэ Инал нэхъ цIэрыIуэрэ пщIэ зыхуащIрэ. Абы къехъулIащ адыгэщIхэр къэрал ищIу лъэпкъыр зэкъуигъэувэну.
Инал щыпсэуамрэ и тепщэныгъэмрэ хуэпхь хъунущ 15-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм. Пщышхуэм теухуа тхыгъэхэм уащыхэплъэкIэ, къыбохутэ ар къызытехъукIар адыгэ-мамлюкхэм, Мысырымрэ Щамымрэ тепщэныгъэ щызыIыгъахэм, зэращыщыр. 

Инал тепщэныгъэр иубыдын ипэ, 14-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм Кавказ Ищхъэрэм бэлыхьышхуэу илъащ эмир Темыр Лъашэм и дзэшхуэр щIыпIэм къызэрытеуар. Адыгэхэр тэтэрыпщ Тохъутэмыщ и гъусэу хуабжьу езэуащ икIи хэщIыныгъэшхуэ иратащ зэрыпхъуакIуэм и дзэм. 1345 гъэм Темыр Лъашэ Мэзкуу зэтрикъутэ нэхърэ, апхуэдэу гуащIэу къыпэщIэта Адыгэ Хэкум теуэм нэхъ къищтащ. ИкIи, ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Тэн къызэпрыкIри, ди щIым къихьащ. Дапхуэдэу ерыщу щымытами, бийм къехъулIакъым Адыгэ Хэкур иубыдыну, ауэ хэщIыныгъэшхуэ къритащ. Адыгэхэм куэду яфIэкIуэдащ цIыхур, къалэхэр зэтекъута хъуащ, псэукIэр екIэкIуащ. Зи гугъу тщIы щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу, адыгэхэм я зэкъуэтыныгъэр къэтIэсхъащ, щхьэзыфIэфIу, зэмызэгъыжу, зыр адрейм зэран хуэхъуу къызэхэнащ.
Апхуэдэ щытыкIэр къагъэсэбэпу, Ахын и Iуфэу адыгэщIым ит джэнуез (Генуе) быдапIэхэр, къалэхэр щхьэзыфIэфIу зэрыпсэуным хуэщIэкъуу щIадзэ. Уеблэмэ игъащIэ лъандэрэ щхьэхуиту щыта Адыгэ Хэкур, 13-14 лIэщIыгъуэхэм монголхэм яхуэмыубыдар, джэнуез къалэхэм я унафэ щIагъэувэнкIэ шынагъуэ щыIэт.
Мис апхуэдэ щытыкIэ гугъум ди лъэпкъыр къришащ Инал. ЛIыпIэ иувэри, дунейм тетыхукIэ пщышхуэр зэлэжьари зэгупсысари зыщ: адыгэ лъэпкъыр зэкъуигъэувэжу, абы иIа къарур, щIыхьыр къызэриIэтыжынырщ. 
Псом япэу абы дзэ къызэригъэпэщри, дырийпсырий жыIэмыдаIуэу псэу адыгэпщхэм езэуэн щIидзащ, и унафэ щIигъэувэу зы ищIыжын мурадыр иIэу. ЗэпэщIэувэныгъэм Инал гъэру къыпэщIэхуащ дзэпщ щэщI, икIи нэхъ ерыпIынэу хэтипщIыр щхьэпылъэ ищIащ. 
И мурадыфIхэр щалъагъум, адыгэ лъэпкъыр сыт и лъэныкъуэкIи Инал дэIэпыкъуу щIидзащ, и унафи щIэуващ. Адыгэ хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Инал Адыгэ Хэкум и Хасэшхуэм щыхахащ пщым я пщыжу. АдыгэщIыр Инал Iыхьэ плIыщIу игуэшри, дэтхэнэми езым и хеящIэ къыщызэригъэпэщащ, цIыхубэм я ныкъусаныгъэхэр, тхьэусыхафэхэр нэхъ тыншу щызэпкърахын щхьэкIэ. 
Инал и къэралым и къалащхьэ хъуащ Шэнджыр быдапIэу Темэн хытIыгуныкъуэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щаухуар. АдыгэщIыр зы къэралыгъуэ ищIа нэужь, пщышхуэм и IэмыщIэ къихъуащ адыгэхэм я дзэ зэгуэтри, икIи ар къигъэсэбэпурэ бийхэм япэщIэувэн щIидзащ. XIII лIэщIыгъуэ лъандэрэ Адыгэ Хэкум къизэрыхьауэ ис тэтэрхэм ятеуэри, ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Тэн нэс ирихужьэжащ. 
Дзэпщ лIакъуэлIэш Тамбий Къэбардэ Псыжь и адрыщI адыгэщIыр хуит къищIыжащ. Инал, и дзэпщым пщIэ хуищIыр къигъэлъэгъуэн папщIэ, унафэ ищIащ Псыжь къуэкIыпIэмкIэ къедза адыгэщIхэм «КъэбэрдейкIэ» еджэну. Тамбий Къэбардэ Балъкъ Iуфэ деж зыщигъэбыдэри, а лъэныкъуэм и тепщэу зыкъомрэ щытащ. АрщхьэкIэ, дапхуэдизу пщIэ имыIами, Тамбий Къэбардэ лIакъуэлIэшу къэнэжащ, икIи, пIалъэ дэкIа иужь, Къэбэрдейм щытепщэ хъуащ Инал къытехъукIахэр. 
Тэтэрхэр Адыгэ Хэкум ирихужа иужь, Инал зауэ ирищIылIащ джэнуезхэм. Абыхэм адыгэдзэм зэрапэщIэтын къару яIэтэкъым, ауэ быдапIэ зыщагъэпщкIухэр убыдыгъуейт. Дапхуэдэу щымытами, пщышхуэм къехъулIащ джэнуез къалэхэмрэ быдапIэхэмрэ я нэхъыбэр иубыдын, и унафэ щIигъэувэн, Хъумэрэн быдапIэ лъэщым фIэкIа къэмынэу. 
Хъумэрэныр Псыжь къыщыщIэж щIыпIэхэм икIи Куржым, Абхъазым кIуэ къурш гъуэгухэм пэмыжыжьэу лъагапIэм тетт. Адыгэдзэм куэдрэ къаувыхьа нэужь, яхузэфIэкIащ быдапIэм джэнуезхэр дахужын. Мис абдежым къыщыщIэдзауэ жыпIэ хъунущ, Адыгэ Хэкум къина джэнуез быдапIэхэр, къалэхэр адыгэхэм я унафэ щIэувауэ. Ахын и Iуфэм Iут джэнуез къалэхэр Инал зэтрикъутакъым. Ахэр сату и лъэныкъуэкIэ сэбэп хъурт, жыIэдаIуэт, адыгэр куэду дэст.    
Адыгэ Хэкум и гъунапкъэхэр зэфIигъэува нэужь, Инал хущIэкъурт и къэралым ди гъунэгъу абазэхэмрэ абхъазхэмрэ зэрыхигъэхьэным. Абхъазым щынэхъ лъэрызехьэ Ашэхэрэ (Ачба) Шашэхэрэ (Чачба) къелъэIурт пщышхуэм и унафэм щIэувэну, къытеуэхэм и гъусэу пэщIэувэну.
Инал хуейт Абхъазым дэIэпыкъуну икIи абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщт и щхьэгъусэ етIуанэр Шашэхэ зэрапхъур. А зэманым ирихьэлIэу абазэпщ Уэздемыр Инал и унафэ щIэтыну хуэмейхэм я пашэу зауэ къиIэтащ. Пщышхуэм Уэздемыр и дзэр зэхикъутэри, абы иужьым иту Абхъазым ихьащ. 
Зауэр Уэздемыр яукIри увыIащ. Инал и тепщэныгъэр къалъытащ абазэхэми абхъазхэми. Абы щыгъуэ Абхъазыр иубыдыну ныкъуакъуэрт Мегрелие пщыгъуэри. I433-34 гъэхэм Инал Мегрелием текIуэри, абхъазыщIым ирихужащ. И тепщэныгъэм АбхъазыщIым зыщригъэубгъуа нэужь, а щIыпIэм пIалъэкIэ къинащ икIи щылIэжащ. Ар щIалъхьащ Псхьу псыхъуэ абрагъуэм дэт Iуащхьэу метр I200-рэ зи лъагагъым. Инал-къубэ зыфIаща а лъагапIэм и Iэхэлъахэр ноби щIыпIэ лъапIэу къалъытэ икIи яхъумэ. Нэхъ пасэхэм адыгэхэр Инал-къубэ кIуэрти, и лъабжьэм Iэщ щаукIырт, Инал и псэм тхьэпэлъытэу щелъэIурт.
Инал дунейм щехыжам адыгэхэми, абазэхэми, абхъазхэми хуабжьу ягу къеуащ. Нэгумэ Шорэ зэритхыжамкIэ, «Пщы Инал лъэпкъым щыщхэм щIыхь хуащIырт, цIыхушхуэу икIи цIыху Iущу къалъытэрт, я адэм хуэдэу фIыуэ ялъагъурт. Ар и гъащIэ псор иухыхукIэ и IэмыщIэ илъ цIыхухэм я псэукIэр зэрыригъэфIэкIуэнымрэ и хэкур мамыру зэригъэпсэунымрэщ зытелэжьар. Абы щхьэкIэ «щихъщ» хужаIэрт, псалъэжьу къежьат: «Тхьэм къыдитыж Инал и махуэр!» жыхуиIэри. 
СулътIан Хъан-Джэрий къилъытэрт адыгэхэм Инал насыпым и тхьэпэлъытэу ябжу. Пщышхуэм и щIыхьыр апхуэдизу инти, Адыгэ Хэкум, дэнэ дежи – бгыхэм, хуейхэм, псыхэм – Инал и цIэр фIащащ.
Инал щхьэгъусэ тIэуней иIащ – адыгэрэ абхъазрэ. Абыхэм къуиплI къатехъукIащ: КIэмрыгу, Жанэ (Зан), Тобылэ, Беслъэн, 
КIэмрыгу нэхъыжьыгъэм тету адыгэщIым и кур, Шанджыр къалэр хэту, къыIэрыхьащ. ИужькIэ а щIыр КIэмрыгу и къуэхэу Бэлэтокъуэрэ Хьэтыкъуэрэ пщыгъуэ зырызу ягуэшыжащ. Хьэтыкъуей къыхэкIыжащ Темэн хытIыгуныкъуэм ипщэкIэ къыщызэпэща ХэгъэкIэ пщыгъуэр. Жанэ (Зан) къыIэрыхьащ Темэн хытIыгуныкъуэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмрэ Iузэв (Азов) хым и къуэкIыпIэ Iуфэмрэ, щIыпIэми Жэней цIэр игъуэтащ.
Тобылэрэ Беслъэнрэ къаIэрыхьащ Уарп и къуэкIыпIэ адыгэщIхэр. Абыхэм къатекIащ къэбэрдеипщхэмрэ беслъэнеипщхэмрэ. Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ зэпэгъунэгъуу, сыт хуэдэ Iуэхури зэгъусэу зэдащIэу къекIуэкIащ. Инал и къэралыгъуэр апхуэдэ щIыкIэм тету и къуэхэм ягуэшыжат. Зы пщыгъуэм имысыжми, адыгэхэр Iуэхушхуэ хъуамэ зэгуэту, зэкъуэвэу щытащ. Адыгэпщхэм сытым дежи Инал къазэрытехъукIар я набдзэм телът, абы и мыхьэнэм куэдрэ зэгуригъаIуэрт.
Инал адыгэхэм яхуищIар апхуэдизу инти, XIX лIэщIыгъуэм нэсыху Кавказым Адыгэ Хэкум нэхърэ нэхъ щIышхуэрэ нэхъ лъэщрэ щыIакъым.  

 

КЪЭГЪЭЗЭЖ Жыраслъэн.
Поделиться:

Читать также: