Хахуагъэрэ лIыгъэрэ къэзыгъэлъэгъуахэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум теухуа, абы хэкIуэда з­ауэлIхэр ягу къыщагъэкIыж зэIущIэм. 

Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэдахэм я фэеп-лъым удз гъэгъахэр телъ­хьэным иращIэкIа зэхыхьэм ­кърихьэлIащ къэрал къулыкъущIапIэхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэ­хэм я лIыкIуэхэр.
Республикэм и цIыхухэм защыхуигъазэм КIуэкIуэ Казбек жиIащ:
- Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм и цIыхухэу пщIэ зы­хуэсщIхэ! Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Нобэ илъэс 35-рэ ирокъу советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ. Афганистаным къулыкъу щезыхьэкIа дэтхэнэри тетащ къыхуащIа     дзэ  унафэм  икIи   абыхэм щIыхь пылъу ягъэзэщIащ къыхуагъэува къалэнхэр.
Мы махуэм дэ пщIэ яхуэтщIу дигу къыдогъэкIыж лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъэгъуа сэлэтхэр, сержантхэр, офи­церхэр - псалъэ быдэ ятам хуэ­пэжу Хэкум и деж щаIэ дзэ, граждан къалэныр нэсу зыгъэзэщIахэр.
Афган зауэм хэтащ совет сэлэтрэ офицеру мелан ны­къуэм щIигъу, абы щыщу ­1800-м щIигъур ди хэкуэгъу-хэщ, Къэбэрдей-Балъкъэр ­Республикэм щыщхэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщ куэд псэужкъым.
Дэ сытым дежи фIыщIэ ­яхуэт­щIу дакъыдекIуэкIынущ ди Хэкум и щхьэщыжа-кIуэу хамэ къэралхэм щIыхь пылъу щыщыта псоми, ду-  нейм ехыжахэм я фэеплъыр тхъумэнущ. Абыхэм къагъэ­лъэгъуа лIыгъэр, хахуагъэр ­щапхъэ яхуохъу Хэкум и ­хъумакIуэ нобэрей щIэблэм, дзэ Iуэху хэхам хэту псэемыб­лэжу ди къэралым и шына­гъуэншагъэмрэ щхьэхуиты­ныгъэмрэ зыхъумэхэм. Абы­хэми щэ бжыгъэкIэ яхэтщ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и къуэ пажэхэр.
Афганистаным къикIыжа нэужь, ди зауэлIхэм я къуэ­шыгъэ зэпыщIэныгъэхэр ямы­гъэкIуэдам и мызакъуэу, хэкупсагъэ яхэлъари щахъу­мэфащ, абы и мыхьэнэр        нэхъ ­лъагэ ящIу. Я фэм дэкIа, я нэгу щIэкIа псор зрагъэ­тIылъэкIри, абыхэм гъащIэм я увыпIэ щаубыдыжащ, унэ­тIыныгъэ зэ­хуэмыдэхэм щолажьэ, жыла­гъуэ Iуэхухэми жыджэру хэтщ, щIалэгъуа-лэр гъэсэнми я гуа­щIэшхуэ халъхьэ. ЩIыналъэм ще­кIуэкI жылагъуэ гъащIэм адэкIи жыджэру хэтыну дащогугъ.
ЗауэлI хахуэхэм узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, фIыгъуэ яIэну сохъуэхъу.

Поделиться: