Лъэпкъым и къарур зыхъумэ

«Зи бзэр фІыуэ зымылъа­гъум и Хэкум гулъытэ нэс хуиІэ­нукъым. Зи бзэр къы­зы­фІэ­мыІуэху цІыхур мы­гъа­сэщ. Абы и бзэр къы­щІыфІэ­мыІуэхур и лъэп­къым и блэ­кІари, нобэри, къэкІуэнури зыуи къри­дзэркъыми аращ», - жиІэгьащ Паустовскэм.

Гупсысэшхуэ зыщІэлъ мы псалъэхэр зыщагъэгъуп­щэ хъунукъым зи лъэпкъым и къэкІуэнум игъэпIейтей, абы зи щхьэм, зи бзэм пщІэ хуэ­зыщІыж щІэблэ узыншэ къы­щІэхъуэныр зыгъэнэхъапэ дэтхэнэми, сыту жыпIэмэ дунейм и къэхъугъэ нэхъыщ­хьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхы­дэр, зэрахьэ хабзэхэр, ад­рейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэ­кIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэбзэрщ. Анэдэлъхубзэр бзэ ­къудей­къым - ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гуп­сы­сэхэм уазэрылъэIэсыф Iэ­мэп­сымэ къызэрымыкIуэщ.
Мы гъэм илъэс 23-рэ хъуауэ къэрал куэдым щагъэлъапIэ Анэдэлъхубзэм и ду­нейпсо махуэр. 1999 гъэм ЮНЕСКО-м абы хуэунэтIа унафэ щхьэхуэ къищтащ. Ар трау­хуащ мазаем и 21-м. 1962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэ­жыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым щызэтраукIауэ щытащ. А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъым зи гуащIэр мащIэ, зи хуитыныгъэкIэ дэкъуза лъэп­къыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэ фIыцIэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэщ а махуэр.
Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ а хъугъуэфIыгъуэ иныр, къэхъугъэ лъапIэ бзэр, ар зи бжыгъэкIэ нэхъ лъэпкъ мащIэ дыдэм ейуи ирехъуи, кIуэдыжыныр ебгъэщхь хъунущ гузэвэгъуэ инхэм. Бзэр щымыIэжмэ, дунейм токIуэ­дыкIыж илъэсищэ бжыгъэкIэ лъэпкъ щхьэхуэм иухуа и хабзэр, щэнхабзэр, езы лъэпкъри адрейхэм яхошыпсыхьыж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъ лъэпкъышхуэхэм я бзэм лъэпкъ мащIэхэм я щэнхабзэри анэдэлъхубзэри утыкум ирегъэкI. Зи анэдэлъхубзэр­ нэсу къэзымыгъэсэбэпым и къарур хуэмурэ щIокIри, ар нэгъуэщIхэм яхошыпсыхьыж.
Аращи, Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр лъэпкъыр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм иджыри зэ псори дезыгъэгупсысщ, ди анэбзэр мыкIуэдыжын, абы зиужьын папщIэ, ди къэралымрэ дуней псомрэ щызе­кIуэ хабзэхэр ди тегъэщIапIэу, дэтхэнэми ди къалэн дгъэзэщIэным дыкъыхуезы­джэщ.
Мы махуэхэм ди республикэм щокIуэкI Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэхэр, курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм щаублащ мазэ лэжьыгъэхэр. Ахэр яхуэгъэп­сащ ди щIыналъэм щып­сэу дэтхэнэ лъэпкъми и анэ­дэлъ­хубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр игъэ­лъэгъуэным, зыIурылъ лъэп­­къым емылъытауэ бзэ псори мамырыгъэмрэ зыу­жьы­ны­гъэмрэ хуэгъэлэжьэ­ным.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ