Еш имыщIэу адыгэ литературэм хуэлэжьа усакIуэ

Хьэнфэн Алим къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу
Хьэнфэн Алим Мэзан и къуэр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм I922 гъэм бадзэуэгъуэм и I0-м къыщалъхуащ. Адыгэ унагъуэ къызэрыгуэкIым къыхэкIа щIалэ цIыкIур и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ IэнатIэ гугъу пороувэ: илъэсий и ныбжьу абы и адэр фIокIуэд, и щхьэ закъуэ къарукIэ сабииплI ипIыну къызыхуэна и анэм жеи псэхуи имыIэу ахэр зыхуей хуегъазэ. Апхуэдэ къулейсызыгъэ зытелъ унагъуэм къэралри щIэгъэкъуэн къыхуохъу – къуажэ пэщIэдзэ еджапIэм зыкъомрэ щеджа нэужь, а зэманым Черкесск къалэм къыщызэIуахауэ щыта интернат еджапIэм Алим щIагъэтIысхьэ. А лъэхъэнэм интернатым и унафэщIу икIи щезыгъаджэу щыта Мамхэгъ Хьисэ и фIыгъэкIэ щIалэ цIыкIум анэдэлъхубзэм лъагъуныгъэ ин хуещI, литературэм етхьэкъу, усэ итхыу щIедзэ. И унагъуэм зыгуэркIэ зыщIигъэкъуэн и мураду 8-нэ классыр къызэриухыу ар егъэджакIуэ курсым щIотIысхьэ, иужькIи Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм егъэджакIуэу щылажьэу щIедзэ. И IэщIагъэм нэсу зэрыхуэмыхьэзырыр къызыгурыIуэжа щIалэр 1940 гъэм езым и лъэIукэ дзэм хохьэ икIи ар Грознэ къалэм дэта, авиацэм щыхуагъасэ еджапIэм щIотIысхьэ. Хэку зауэшхуэ къежьам и зэранкIэ, а еджапIэр къимыухыу, ар къызэрыгуэкI сэлэту зауэм Iухьэн хуей мэхъу. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIа зауае гуащIэм адыгэ щIалэ ныбжьыщIэр илъэсиплIым щIигъукIэ хэтащ, лIыгъэ къигъэлъэгъуахэм папщIи абы «Хэку зауэшхуэ» орденым и япэ нагъыщэр, «ЩIыхь» орденым и ещанэ нагъыщэр, медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфэщащ.
Мамыр лэжьыгъэм хуэзэша щIалэр 1945 гъэм зауэр зэриухыу дзэм къыхокIыж, и хэкуми къегъэзэжри, и нэ къызыхуикI егъэджакIуэ лэжьыгъэм пэроувэж, Инджыдж ЦIыкIу къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм щылажьэу щIедзэ. ЩIэныгъэ бгъэдэлъымкIэ зыхуэмыарэзыж егъэджакIуэр пединститутым лажьэрыеджэу щIотIысхьэ икIи ар абы ехъулIэныгъэкIэ къеух. Зи япэ тхыгъэхэр «Шэрджэс плъыжьым» къытехуэу щIэзыдза усакIуэр 1948 гъэм газетым и редакцэм ирагъэблагъэ, зэман дэкIа нэужь радиокомитетым яшэ, иужькIэ тхылъ тедзапIэм и редактор къулыкъур и пщэ къыдалъхьэ. Зи щIэныгъэм, художественнэ Iэзагъэм зэрыхигъэхъуэным зэпыу имыIэу яужь ит усакIуэм I956 гъэм Ставрополь къалэм дэт парт еджапIэр, 1964 гъэм Литературэ институтым деж къыщызэIуаха литературэ курс нэхъыщхьэр къеух. И лъэпкъ литературэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэ хьэлэмэт хуищIахэр къалъытэри, Хьэнфэн Алим саугъэт куэдрэ «Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ», «Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэмрэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ ар, Черкесск къалэм щIыхь зиIэ и цIыхущ. Пенсэм кIуа иужьи, усакIуэ гъуэзэджэм творческэ лэжьыгъэ ин иригъэкIуэкIащ, и тхыгъэхэр газетхэм, журналхэм тригъадзэу, ахэр зэрыт тхылъ щхьэхуэхэр дунейм къытехьэу, литературэм къыхыхьэ ныбжьыщIэхэм гъэсакIуэ, чэнджэщэгъу яхуэхъуу.
Илъэс куэдкIэ еш имыщIэу адыгэ литературэм хуэлэжьа а усакIуэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ абы, тхылъ тIощIым щIигъу къыдигъэкIащ, и тхыгъэхэр тхылъеджэхэм я гум, я псэм дыхьащ. Абы и зэфIэкIыр, и художественнэ Iэзагъыр нэхъ наIуэ щищIар лирикэмрэ сабий литературэмрэщ, шэрджэс литературэм нэхъ къыщыкIэрыхуу щыта а жанрхэм а усакIуэ гъуэзэджэм зригъэужьащ.
Хьэнфэныр тотхыхь екIуэкI гъащIэм къигъэув Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм. цIыхухэм я псэемыблэж лэжьыгъэм, лъэхъэнэ кIэщIым къриубыдэу и лъахэм зыIэригъэхьа текIуэныгъэфIхэм, абы хуиIэ лъагъуныгъэм, лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэм, мамырыгъэр хъумэным, адэжь щIыналъэм и теплъэр къэгъэлъэгъуэным, лъагъуныгъэм, къэхъу щIэблэщIэр нэсу, къызыхэкIам хуэфащэу гъэсэным.
И хэкуми и лъэпкъми псэуху хуэпэжащ Алим, хузэфIэкIыу, и Iэ къыпекIуэкIыу абы хуимыщIэIауэ къигъэнакъым. Куэд зыгъащIэ куэд елъагъу жыхуаIэрати, Iэджэ игъэвауэ, гъащIэм и фIи и Iеи хэплъауэ, ар дунейм ехыжащ 20I3 гъэм гъатхэпэм и I4-м.
 

Усэхэр  
ГъуэрыгъуапщкIуэ
КъыкъуэкIащи, дыгъэм
Дунейр зэпеплъыхьыр,
БзийхэмкIи ди пщIантIэр
КъеIэбэрэбыхьыр.
Iэ къыддилъэ хуэдэ
Ди щхьэм къытоIэбэ,
ИгъэкIылу, ди нэм
Ар къытфIыщIоIэбэ.
Аурэ гушыIэныр
Дыгъэм щIегъэхуабжьэ,
ЩIэхыуи зыхыдощIэ
Ар зэрыжьэражьэр.
Дыкъигъэгузавэу
Ди щхьэм дрегъапхъуэ,
ЖьауапIэ дылъыхъуэу
Псори дыщIегъапхъуэ.
ЖьауапIэ дгъуэтауэ
Дыгъэм дыкъоплъакIуэ,
Езым зыкъытпищIу
Пшэм зыныхегъапщкIуэ.
Дыбэлэрыгъауэ
Жьауэм дыкъыщIокIыр,
Езыр щIэгуфIыкIыу
Зэуэ пшэм къыхокIыр…
Къыддоджэгу апхуэдэу
Дыгъэр гъуэрэгъуапщкIуэ.
Йошри, бгы дурэшым
Дохьэж хьэмылашкIуэу.

        СызэвгъэдэхащIэ
Щыгъын щабэ цIыкIур
ГъэкIэ зэзыхъуэкI,
Вагъуэ ижым хуэдэу
ЩIэдыдэн зылъэкI,
ТIэкIу къызэтеувыIэ,
Губгъуэ тхьэкIумэкIыхь,
СызэгъэдэхащIи
ЩIэпхъуэжи къэжыхь.
Пкъымызагъэ хъыжьэ,
Ужьэ бгъэгуху цIыкIу,
Уэри тIэкIу зыIэжьэ,
ДызэрыгъэцIыху.
Уи щхьэм Iэ дэзгъалъэ,
Сыноплъыну сфIэфIщ,
Сыту удахащэ,
Си псэм уриIэфIщ.
Губгъуэ хьэндырабгъуэ,
Зыныблумыгъэх,
ЗыщIыпIэ тетIысхьи
Сурэт зытезгъэх.
Дамэхэр хъарзынэу
ТхыпхъэщIыпхъэу щIащ,
Фэгъу нэхугъэ куэдкIи
КъэгъэщIэрэщIащ…
Псэущхьэ дахащэу
ЩыIэм саIущIэнщ,
Гуапэурэ сепсалъэу
Сэ седэхэщIэнщ.

        СеIэзащ
Тхылъ щIэщыгъуэ гъэщIэгъуэн
ХыфIадзауэ къызогъуэт.
Ар зыгуэрым иIыгъащ,
Хуэсакъакъым, сигу ебгъащ.
Тхылъ зеиншэр згъэкъэбзащ,
СедэхащIэу сеIэзащ.
Къыдэху напэр дызошхэж,
ЩIыфэр екIуу тызолъхьэж.
А тхылъ щIагъуэр щащIыгъам
Сурэт Iэджи хуащIыгъащ.
Хьэрф зырызу къыхахащ,
Тхылъ зэкIужу зэдашхащ.
Мис, а псоми гугъу дехьам
Ар ди пащхьэ къралъхьащ:
«Фыхуэсакъыу феджэ, фIыгъ,
Дэ фIы куэдкIэ дыфщогугъ!»

        Зегъэхьэзыр
ЩIалэ щIагъуэщ ди Хъызыр.
Плъагъумэ уохъур арэзы.
И Iэпкълъэпкъыр зэрегъэкI,
Инжыджыпсым зыщегъэпскI,
И псыкъуэжым йосыкIыф,
КъыщикIыжкIи йосыхыф.
Макъ жьгъырури къытхуегъэIу,
Инжыдж уэрри къыщIодэIу.
АдырыщIу бгы натIабгъуэм
ИмымащIэ пцIащхъуэ абгъуэ.
Хъызыр ахэм ехъуэпсащ,
Я лъэтэкIэм хуэусащ:
«Дамэр псынщIэу щIэзупскIэф,
Мыбдеж щыIэ къыфщIэхьэф?!
Уэр зэхуакухэм фыдолъэт,
Бгыхэм шэуэ фаблолъэт…»
Хъызыр аурэ лIышхуэ хъунщ,
Ахэм хуэдэу лъэтэфынщ.
Абы папщIэ ди Хъызыр
Иджы, мес, зегъэхьэзыр!

 Хьэнфэн Алим  

 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: