Къуэпсыр быдэмэ, лъэпкъыр лъэщщ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыб­лагъэ зэхыхьэ дахэ щекIуэкIащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъумрэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ Iэужьым и гъэмрэ хуэгъэпсауэ Инарыкъуей щекIуэкIащ адыгэ фащэм теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн. Ар жэрдэм ящIри къызэрагъэпэщащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и Iэтащхьэ Шэрий Ислъам, къуажэ библиотекэм и унафэщI Джатэжьей Ритэ, ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэу Пщыншэ Маритэрэ Абазэ Дианэрэ.
ЖыпIэнуракъэ, зи гугъу сщIа гупым зэхыхьэ гуапэхэр, щIэблэм ящхьэпэну зэIущIэхэр, тхыгъэрэ макъамэу зэхэухуэна пшыхьхэр щIэх-щIэхыурэ жылэм щрагъэкIуэкI. 
Псом хуэмыдэу къуажэдэсхэр щыгуфIыкIащ абы кърагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм: КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор, усакIуэ цIэрыIуэ, нэхъыжьыфI ХьэIу­пэ ДжэбраIил, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, усакIуэ Ацкъан Руслан, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Мэрзей Аслъэнбэч сымэ. абыхэм яхуэзэу ябгъэ­дэсын папщIэ къуажэдэс нэхъыжь куэдым зыкърагъэхьэлIат зэIущIэм. Апхуэдэу Iуэху щхьэпэм хэтащ «ЦIыхум и лэжьыгъэр ­хъу­мэнымкIэ IуэхущIапIэм» и лэжьакIуэ Мэкъуауэ Анетэ, «Зэчий» и фIэщыгъэу, ­зэ­фIэкI зиIэхэм къызэрагъэпэща зэгухьэныгъэр зи жэрдэм Шэрий Маринэ сымэ. 
Ижь-ижьыж лъандэрэ хьэщIэгъафIэу къалъытэ къуажэхэм ящыщщ Инары­къуейр. Абыхэм я Iуэху зехьэкIэм къигъэ­лъэгъуащ ахэр пасэрей хабзэм нобэми зэрытетыр. 
ФIэхъус гуапэрэ хъуэхъубжьэкIэ хьэ­щIэхэм япежьащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ КIуащ Володэ, егъэджакIуэ Джэрмэншык Хьэжмурат, нэхъы­жьыфI­хэу Дукъуэ Хьэжбий, Шэрий Тимошэ, Шыдакъ Аслъэнбий, Пщыншэ Хъызыр сымэ, нэ­гъуэщIхэри.
ЩэнхабзэмкIэ унэм и пэIущIэ пэшым пасэрей хьэпшыпхэмрэ тхылъ лъапIэ­хэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэ екIу щагъэуват. 
Пшыхьыр зыхуэгъэпса адыгэ фащэм ехьэлIауэ музейм, къуажэдэсхэм яIэ хьэпшыпхэр, тхылъхэр, архивхэм къыщагъуэтыжа тхыгъэхэр, цIыху цIэрыIуэхэм жаIахэр щыплъагъунут. Лъэпкъ тхыдэм и къигъэхъуапIэр, адыгэм и къежьапIэр здэщыIэр къуажэхэращ. Армырамэ апхуэдиз хуабагъэ щхьэ къапкърыкIрэт а пэшым щыплъагъу хьэпшыпхэм, унэлъащIэхэм. ЧийкIэ хуа бжыхьым фIэдзауэ фIэлът пасэрейхэр махуэ къэс зэрыIэбэу щыта хьэпшыпхэр, бжьын, бжьы­ныху, нартыху блахэр. Нэрылъагъут къызэгъэ­пэщакIуэхэм мы Iуэхур егугъуу зэрагъэ­хьэзырар. Абы иджыри щыхьэт техъуэрт  нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри, адыгэ фащэкIэ хуэпауэ утыку къызэрихьар. Гуапэ дыдэт пэшым цIыхур щIэзу къызэ­ре­кIуэлIар, ар къуажэдэсхэр зэрызэкъуэтым и щыхьэту къэплъытэ ­хъунущ.
Пшыхьыр езыгъэкIуэкIахэр лъэпкъ фащэм, абы дуней псом щиубыда увыпIэм, ар зэрызэхэлъ Iыхьэхэм зэпкърыхауэ тепсэлъхьащ. Абыхэм и гугъу ящIащ ар Дунейпсо Адыгэ Хасэм и фIыгъэкIэ ­ЮНЕСКО-м адыгэхэм ейуэ къызэрилъытар. ЦIыхухъу, цIыхубз фащэхэм япкъ­рылъ пкъыгъуэхэм ягъэзащIэ къалэныр къы­зэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ. 
ХьэIупэ ДжэбраIил псалъэ щратым, хабзэм, бзэм, гъэсэныгъэм дежкIэ мыпхуэдэ зэхыхьэр зэрыщхьэпэр къыхигъэщащ. 
- Дунейр къызэрыхъурэ классикэ жыпхъэм иту фащихщ къахуэгъэщIар. Абыхэм адыгэ фащэр ящыщщ. Лъэпкъ фащэм фIэкIа димыIами, лъэпкъым и цIэр ирилъэпIэну ирикъунт, - жиIащ ХьэIупэм. Еджэну, щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну, дэнэ щыIэми я къуэпсхэр ящымыгъупщэу псэуну пэшым щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэм, нэхъыжьыфI и хьэлу, ар еущиящ. «Инары­къуейм и мафIэс» уэрэдымкIэ куэдым ­къацIыхуа жылэм дэлъ хабзэжьхэм зэры­щыгуфIыкIыр жиIащ къэпсалъэм. Лъэпкъ Iэужьыр яхъумэрэ лъэпкъ лъэужьыр ямыгъэкIуэду иджыри илъэс куэдкIэ жылэр фIэрафIэу псэуну ехъуэхъуащ ХьэIупэр къуажэдэсхэм.
Мэрзей Аслъэнбэч псалъэ щратым и тхылъхэм ящыщ зы къуажэ библиотекэм тыгъэ хуищIащ.
ХьэщIэхэмрэ пшыхьым и зэхэублакIуэ­хэмрэ псалъэ гуапэкIэ КIуащ Володэ, Гувэжокъуэ ДжэбраIил, Джэрмэншык Хьэжмурат сымэ зыхуагъэзащ. Лъэпкъ фащэм, адыгагъэм, хабзэм теухуауэ абы усэ къыщеджащ къуажэ школым щеджэхэу Шыдакъхэ Дианэрэ Кристинэрэ, Хьэткъут Даянэ, Юлдашевэ Саёрэ, ХьэтIэхъу Имран, Умар Алан, Хъыбий Миланэ, Дадэ Ахьмэд, Хьэщэ Илонэ, Саркисовэ Марианнэ сымэ. 
Я уэрэд, къафэ дахэхэмкIэ къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ Тэрч къалэм Сабий гъуазджэхэмкIэ и школым и гъэсакIуэ цIыкIухэм (я егъэджакIуэхэр – Ирыгу ФатIимэт, Абазэ Мадинэ, Къуэн Iэсият сымэщ), «Инарыкъуей и удз гъэгъахэр» гупым, Шэрий Маринэ сымэ.
Джэрмэншык Хьэжмурат къуажэм ­теу­хуауэ зэхилъхьа усэм абы къыщеджащ.
Пшыхьыр езыгъэкIуэкIахэм щхьэхуэу я цIэ къраIуащ мы Iуэхур къызэрагъэпэщын папщIэ мылъкукIэ закъыщIэзыгъэкъуа ­къуажэдэсхэу КIуащ Володэ, Умар Артур, Шэрийхэ Юрэрэ Анзоррэ, Джатэжьей Аслъэн, Щомахуэ Аслъэн сымэ.
«Къуэпсыр быдэмэ, лъэпкъыр лъэщщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. А къуэпсым и быдагъыр куэдкIэ елъытащ адыгэ ­къуажэхэм дэлъ хабзэмрэ адыгэбзэмрэ. Псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэм зыдезыгъэхьэха цIыхухэм нэхъыщхьэ дыдэр – зэкIэлъыкIуэн, зэрылъагъун зэрыхуейр - яIэщIоху. Мыпхуэдэ зэхыхьэ гуапэхэм, ­хуа­бэхэм ухэта иужькIэщ ар къы­щыбгурыIуэр.

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: