Шэджэм си гум къинэнущ

Пензэ областым хыхьэ «Сурские просторы» газетым щолажьэ нобэ зи IэдакъэщIэкI дыкъеджэ Соковэ Ольгэ. «Си щIыналъэ» фестивалым хэту, Ольгэ зригъэлъэгъуащ Шэджэм псыкъелъэхэр. Игу къинэжахэр езым и псалъэкIэ къыдоIуэтэж:

Нобэ диваным укъимы­кIыуи нэгузегъэужьакIуэ укIуэ­фынущ. Компьютерым и «дзыгъуэр» тепIытIи, уигу ящыхуэ сурэтым къридзэ псыежэххэм, бгыхэм, тенджызхэм я дахагъым. Си щхьэкIэ, апхуэдэ зып­лъыхьыкIэр сигу нэсыркъым. Дунейм и дахапIэхэр си нэкIэ слъагъумэ, нэхъ къызощтэ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ апхуэдэ гугъэ къыхуесхьэкIырт Кавказ Ищхъэрэм. Си ныбжьыщIэгъуэм а щIыналъэм сригъэхъуэпсауэ щытащ урыс усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил. Нэхъ балигъ сызэрыхъу­рэ, Кавказыр тхылъкIэ зэз­гъэцIыхурт. «Си щIыналъэ» фестивалым и фIыгъэкIэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкIуэну Iэмал згъуэ­тащ. Налым ещхь Налшык къал­эри зэзгъэлъэгъуащ.
Шэджэм псыкъелъэхэм сы­зэ­рыцIыкIурэ си гур яхуэ­мы­­пIейтейуэ си фIэщ хъур­къым. Кавказ къуршхэм телъ­­ мылыпсыр зыщIэзыфа псым бгыщхьэм къехыу ­гъуэгу кIуэцIрех. Мы къуэращ си «шэрхъ репортажыр» зытеу­хуар. Мис, Шэджэм псыкъелъэ цIэрыIуэхэр. Ахэращ «Дети капитана Гранта», «Земля Санникова» фильмхэр щытрахар. Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт нэхъ умылъагъуу къыщыбгъа­нэ мыхъунур жыпIэмэ, ар мы Шэджэм псыкъелъэхэращ.
Псым узыщIешэ. ЦIыхури процент 70-кIэ псыуэ зэхэту жаIэ. Ауэ метр 60 лъагагъым къехуэх псыр – ар зи дахагъыр къыпхуэмыIуэтэн гуэрщ. Мыбдежым къыщехуэх мывэхэм уащIэдэIумэ, Шэджэм псыкъелъэхэм къыбжаIэну зыхуейр къыбгурыIуэнкIи хъунущ.
Зы псым тIэу ухэмыхьэфыну жаIэ. Шэджэм теухуауэ а псалъэхэр тIэунейрэ пэжщ. Псым и фэм гъэм и щытыкIэм елъытауэ зехъуэж. Зэм узэпхрыплъу, зэм щIыхуу, зэм хужьу, псы къэкъуэлъам хуэдэщ. Уи Iэр хэплъхьэмэ, исыну къыпфIощI. Пэжыр жысIэмэ, сэ сышынащ ар сщIэну – уэшх къешхагъащIэу псы Iуфэм уIухьэну тIэкIу шынагъуэт.
Кавказым, дэнэкIэ уплъэми, щэху гуэр къыщызэIупхыу къыпщохъу. Уи лъэгум шындырхъуохэр щIолъэт. Гъуэмб­хэм я зым дыгъужь анэ ису жаIэ, мы щIыпIэхэр ихъу­мэу. Ари щIыналъэм хузэхалъхьа шыпсэ къыщIэкIынщ, ар­мыхъу­мэ сыту зыми имы­лъагъу­рэ дыгъужь анэм и шырхэр. Кавказым пэжымрэ къэгупсысамрэ щызэхэухуэнащ. Адыгэ пщащэ тхьэIухудхэм хамэ зэрыпхъуакIуэхэм зыIэрамыгъэхьэн папщIэ, бгыщхьэм зыкъызэрырадзы­хыжа тхыдэхэр, я щхьэц кIыхь­хэр къуршхэм фIэнэурэ ахэр иужькIэ псыкъелъэ зэрыхъужахэр… Сыт апхуэдэ хъыбархэм «пцIыкIэ» ущIеджэнур?
Псыкъелъэшхуэм и теплъэр щIэх-щIэхыурэ ехъуэж. Нобэ ар балъкъэр бзылъхугъэ Лизэ «турист гъуэгум» тету ищэ цыхъарым изогъэщхь. ЛIэщIы­гъуэ куэд хъуауэ цым елэжьын IэщIагъэм хопсэукI бгырыс балъкъэрхэр. ПсэлъэгъуафIэу къыщIэкIа Лизэ къызжиIащ урысыцIэ къыщIыфIащар, ауэ и IэщIагъэм бгъурыту сурэт тесхыну схуегъэдакъым. Упсэу, цIыхубз IэпэIэсэ, иджы си щыгъынхэм Iэлъыным икIыну пIащIэу зэIупща уи цыхъарри хэлъщ.
Нобэ псыкъелъэхэм зып­лъыхьакIуэ куэд щызэтрихьащ. Мэзкуу щыщ Ленэрэ Димэрэ, къызэрыщIэкIымкIэ, Шэджэм етхуанэу къокIуэ. Мыбдежым щызэбгрыкI къарум щыщ зы­щIашэн щхьэкIэ. Тэтэрстаным щыщ Гузел етIуанэ классыр «тху» защIэкIэ къэзыуха и пхъу­рылъхур къишащ, саугъэт папщIэу Шэджэм псыкъе­лъэхэр иригъэлъагъуну. Ныбжь­ зиIэ зэщхьэгъусэхэу Давыдовхэ Владимиррэ Неллирэ Саратов щыщщ. Ахэр «Маяк» зыгъэпсэхупIэм щIэсщ, «хым хуэдиз» гукъэкIыж зэрыздахьыжынур ящIэу. Нэхъ пасэу мы щIыпIэм зыщызыгъэпсэхуа я ныбжьэгъум жиIэжахэращ унагъуэр Налшык къэзышар.
Зыри зэдмыгъэлъагъуу­ къэдгъэ­на хуэдэкъым. Ды­кIуэжыну зыдогъэхьэзыр. Абы ирихьэлIэу, «Акрополь-центрым» и унафэщI Къардэн Хьэ­сэн пщIэ къытхуищIыну гукъыдэж егъуэт. Езыр спортым хэтауэ, тренеру лэжьауэ, тхыдэ фэеплъхэр зэхуэзыхьэс щIалэм музей цIыкIу хуэдэу и IуэхущIапIэм къыщызэригъэпэща ­къуэгъэнапIэм щIэлъ Iэщэ­хэр, тхылъхэр, хьэпшыпыжьхэр, дэф­тэрхэр дегъэлъагъу. Къэ­ралым и хъумапIэ нэхъ лъэрызехьэхэм къехъуэпсэн хуэдэу зэрехьэ Хьэсэн и фэеплъхэр. Апхуэдэ хэкулI гъэщIэ­гъуэным и гъусэу иухащ ди нэгузыужьыр. Аращ щIыжысIэр: «Шэджэм, сожьэж бжесIэркъым! Сэ къэзгъэзэжынущ!».

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: