Ди щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр

Гуэл щхъуантIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIы­пIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщщ, хьэщIэу къакIуэр дихьэхрэ ди цIыхухэм гупсэхугъуэ щагъуэту. Псори зэхэту къапщтэмэ, гуэлхэр тху мэхъу икIи Ипщэ, Ищхъэрэ гуэл щхъуантIэу зэхедз. Апхуэдэуи абыхэм я гъунэгъуу щытщ Гуэл щэхумрэ Гуэл гъущэмрэ.
 
Нэхъ телъыджэу къалъытэр, дауи, Ищхъэрэ гуэлхэращ, абы гектари 2,4-рэ еубыд, метр 279-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ и кууагъщ. Псым и хуабагъыр гъэмахуэми щIымахуэми зэхуэдэщ, градуси 9 иIыгъыу аращ. Гуэлым псы зыри хэлъадэркъым, ауэ гъэщIэ­гъуэнракъэ, езым псы литр ме­луан 70-м нэс зы жэщ-махуэм къыщыщIож.
Иджырей къэхутэныгъэхэм къы­зэрагъэлъэгъуамкIэ, гуэл ­лъабжьэм бгъуэнщIагъхэр, тоннелхэр куэду щыIэщ икIи ахэр псори зэпыщIащ. Гуэлым и щIагъым псы щIож, псынэхэр щы­Iэщ. Псори зэхэту махуэ къэс ап­хуэдэ псыуэ гуэлым къыхэ­лъа­дэр метр зэбгъузэнатIэ мин 70 ­хъууэ къабжащ.
*   *   *
Ди республикэм щыIэ Тамбукъан гуэлым хэлъ ятIэм и сэбэпынагъыр «Налшык» курортымрэ «Кавказские Минеральные Во­ды» зыгъэпсэхупIэхэмрэ хуабжьу къыщагъэсэбэп. Абы и ятIэр Хы лIам ейм хуагъадэ. А ятIэр Iыхьищу зэтелъщ, илъэс 700 лъандэрэ зэтрихьэу. Гуэл лъабжьэм щIэлъ ятIэ хущхъуэр тонн мелуани 2,5-м нос. 1886 гъэм къыщыщIэдзауэ ме­дицинэми косметологиеми къы­щагъэсэбэп, ауэ ди цIыхухэм пасэрей зэман жыжьэ лъандэрэ зрахьэлIэ.
ЯтIэм къыдэкIуэу гуэлым и псыри минералкIэ къулейщ, зы литрым грамм 30 хэлъу къахутащ. Сульфид ятIэкIэ зэджэр зыгъэпсэхупIэхэм куэду зэбграш, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэры­ты­пIэхэр, тхы къупщхьэхэр егъэ­хъуж, Iэпкълъэпкъ псом дежкIи сэбэпщ.
Тамбукъаным и кууагъыр метр 1,4-рэ мэхъу, абы зыщыбгъэпскI хъуркъым.
*   *   *
«Нарзанхэм я ауз» щIыпIэр Хасаут псыр щежэх аузым дэтщ, метр 1300-кIэ хы щхьэфэм нэхъ­рэ нэхъ лъагэщ. Ар хуабжьу сэ­бэпщ узыншагъэм дежкIэ. Нарзаныр псыежэххэм я гъунэгъуу къызэрыщыщIэжым къыхэкIыу, абы холъадэ. Аузым километрищ хуэдизкIэ укIуэцIрыкIмэ, нарзан къыщIэжыпIэу 20 урихьэлIэнущ. Аращ абы «Нарзанхэм я ауз» щIыфIащари.
Мы псы хущхъуэ телъыджэр къэкъуалъэу къыщIэж щхьэкIэ щIыIэщ, илъэс хъурейм градуси 10 иIыгъыу аращ. Нарзан къы­щIэ­жыпIэ нэхъыщхьэхэр зэбгъэлъэгъуа нэужь, псыр здежэх лъэныкъуэмкIэ уехмэ, адрейхэми урихьэлIэнущ.

*   *   *
Джэдмышх псыкъелъэр Дзэ­лыкъуэ щIыналъэм щыIэщ, Хьэ­бэз жылэм километр 11 хуэдизкIэ пэжыжьэу. Джэдмышхым туристхэм «Пащтыхь псыкъехуэх­хэр» фIащащ. «Пащтыхь пыIэкIэ» еджэхэри щыIэщ.
Дахэщ икIи гъэщIэгъуэнщ псыкъелъэхэр. Хэти псыгъуэу, хэти хъыжьэу къохуэх ахэр бгы лъагэм. Абыхэм я лъагагъыр зэхуэмыдизми, ику иту метр 60 хъууэ хуагъэфащэ.

*   *   *
Джилы-Су аузым и щIыпIэ телъыджэщ зыплъыхьакIуэхэр хуаб­жьу дэзыхьэх БыдапIэхэм я аузыр. БыдапIэ хъужыр хуабжьу телъыджэщ – метри 10-15 зи лъагагъ мывэ папцIэхэр дыгъэм пэ­лыду губгъуэм итщ. Жыжьэу ­уеп­лъ­мэ, мывэм IэкIэ къыхаIущIыкIа дахэ гуэру уIуоплъэ, зэрыт щIыпIэм мамырыгъэр щахъумэ фIэкIа умыщIэну. АрщхьэкIэ, ар цIыхукъым зыщIар, атIэ щIы­уэп­сым къигъэщIауэ аращ, гъунэгъу ухуэхъумэ, зыкIи зэры­зэмы­кIуа­лIэр плъагъуу.
Ахэр щIыуэпсым и фэеплъщ, жьыми, псыми, уэсми нэхъ гъэ­щIэгъуэн ящI фIэкIа, фэншэ дэмыхъуу.
*   *   *
Шэджэм аузым удэту удэжеймэ, Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм километритIкIэ нэхъ пэмы­жы­жьэу Псыкъелъэ цIыкIу­хэм уахуо­зэ.
АдэкIэ нэхъ удэкIуеймэ, аузыр нэхъ зэв мэхъу, метр 25-рэ фIэкIа и мызэхуакуу. Мис абдеж щы­щIе­дзэ Шэджэм псыкъелъэ нэхъ инхэр. Абыхэм я нэхъыщхьэр Каярты псым хэхуэращ. Зыплъы­хьа­кIуэхэм яфIэгъэщIэгъуэнращи, псыр метр 50-60-кIэ къохуэх. ­Язы­ныкъуэхэр бгы зэхуакухэм къыдож.
А щIыпIэм псэмрэ гумрэ зэры­зыщагъэпсэхум уасэ хуэщIы­гъуейщ. Хьэуар къабзэщ, нэм къип­лъыхьыр телъыджэщ, псы щIыIэ ткIуэпсхэм уи гупсэхугъуэр нэхъри щIагъэбыдэ.

*   *   *
ЩIыуэпскIэ къулей Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къэ­кIуахэр абдеж къыщызэтеувы­Iэркъым. Шэджэм аузым адэкIэ докIри, Эль-Тюбю къуажэ цIыкIум я лъэр нахус. Мис абдеж нэми псэми я IутIыжщ. МэзкIэ щIэ­гъэна къурш абрагъуэхэм къаухъуреихь удз щхъуантIэ защIэкIэ щIэгъэна тафэшхуэр. БгыкуэщI уисыну уи щIэщыгъуэ?! А щIы­пIэр абы хуэщIащ. Нэхъыбэж къи­лъыхъуэрэ уи гум? АтIэ къэ­лъэтыхь.
Эль-Тюбю парадром щолажьэ, къэзылъэтыхьу есахэри зэи уэгум имыхьахэри уафэм драхьейуэ. Парадромым и инструкторхэр уи гъусэу удрахьеинущ, бзухэм ­къыщалъэтыхь лъагагъым уиту губгъуэ куэщIым укъиплъэнущ, къуршыщхьэ задэхэр зэбгъэлъагъунущ. Ар мэ­лы­жьыхьым къы­щыщIэдзауэ щэ­кIуэгъуэ пщIондэ зэIухащ, жэрдэм зиIэ псори ирагъэблагъэу.
*   *   *
Пщащэ щхьэцкIэ зэджэ псы­къелъэхэр Терскол бгым и ипщэ джабэмкIэ къыщытщ, метр ­3100-кIэ хы щхьэфэм нэхърэ нэхъ лъагэу­. Абы узэрыIуплъэу бгы­рыс пщащэм и щхьэцыгъуэ пIащIэ кIыхьыр уи нэгу къыщIегъэхьэ. Псыкъелъэхэр метр 30-кIэ къохуэх. Метр 15 я бгъуагъщ. Ахэр къы­­зыщIэжыр Гара-Баши мы­лы­лъэращ. Мыри щIыпIэ те­лъы­джэщ псым и макъ, жыгхэм я даущ, хьэуам и IэфI зыхэпщIэу махуэр бгъэкIуэну ухуеймэ. Унэсыну тIэкIу нэхъ гугъуми, туристхэм фIыуэ ялъагъу щIы­пIэщ.  Ди лъахэм зыплъыхьакIуэ къэкIуауэ Пщащэ щхьэцхэр зрамыгъэлъэгъуауэ кIуэжыр мащIэщ.

*   *   *
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIы­­пIэ гъуэзэджэхэм ящыщщ Шаурту мылылъэ. Зи гугъу­ тщIыр мыл бгъуэнщIагъщ, Шаурту псыр къызыщIэжырщ. Абы узэ­рыхуэкIуэ лъагъуэм «Шэ­джэм» турбазэм къыщыщIедзэ. Лъэ­су фIэкIаи  удэкIуеифынукъым.
УдэкIуея нэужь узыIуплъэр телъыджэщ – бгъуэнщIагъым – бгы гъуанэм - псышхуэр къож. Абы и Iэхэлъахэр мыл гъурыджэщ, ухуэсакъмэ, гъунэгъу захуэпщIу улъэIэсыфынущ. Ауэ езы ­бгъуэнщIагъым ущIыхьэну шынагъуэншэкъым, псом хуэмыдэу ар гъэмахуэм къэткIу зэпытщи, уи зэран къыхэкIынкIэ хъунущ.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: