Ахъмэтыр ягу къагъэкIыжСоциалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Шэджэм, Бахъсэн, Аруан щIыналъэхэм я япэ секретару лэжьа Ахъмэт Мусэбий къызэралъху-рэ илъэси 100 зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Кэнжэ дэт «Пять колец» спорт IуэхущIапIэм. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ- кIуэ Казбек Ахъмэтым теухуауэ къигъэхьа тхыгъэм къеджащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафIэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. КIуэкIуэ Казбек и тхыгъэм итт Ахъмэтыр Хэку зауэшхуэм зэрыщыIар, взводым и командиру, офицеру зэрыщытар. Къэмылэнджэжу фашистхэм зэрезэуам и щыхьэтщ адыгэ щIалэм кърата «Вагъуэ плъыжь» орденыр, медалхэр. Абы къыщигъэзэжар 1947 гъэрщ. И адэжь щIыналъэм къызэрысыжуи лэжьапIэ къратащ. ЯпэщIы-кIэ комсомол Iуэхум пыщIауэ щытащ. Жыджэру зыкъэзыгъэлъэгъуа щIалэм иужькIэ къыхуагъэфэщащ парт IэнатIи. Обкомым и инструктору, къудамэм и унафэщIу лэжьащ. И Iуэху зехьэкIэр къабыл зэращIам и нэщэнэу, 1952 гъэм абы и пщэ далъхьэ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн: илъэс 30 фIэкIа и ныбжьыр мыхъуауэ, партым и Шэджэм, кIэлъыкIуэу Бахъсэн, итIанэ Аруан райкомхэм я япэ секретару зэрыщытар.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|