Псыпэр зэрыжэм…

Адыгэ уэрэдус, джэгуакIуэ, усакIуэ ХьэхъупащIэ Амыр­хъан къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэси 140-рэ ирокъу. Псэужамэ, илъэс 95-рэ хъунут Амырхъан и къуэ Хьэсэни - и адэм и Iуэ­хум къыпызыща, зезыгъэубгъуа шыкIэпшынауэ Iэзэр, адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэр. А адыгэлI щэджащэхэм я фIыгъэ куэд хэлъщ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм и фIыпIэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр цIыхубэм я деж екIуу нэхьэса зэрыхъуам, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэу щыта макъамэ Iэмэпсымэ хьэлэмэтыр - шыкIэпшынэр - зэрымыкIуэдыжам.

ХьэхъупащIэ Амырхъан 1882 гъэм Аруан райным хыхьэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. И адэ Iэсхьэд джэ­гуакIуэу, хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ фIыуэ ищIэу щытащ. Абы и фIыгъэкIэ щIалэщIэм пасэу уэрэдхэр, гъыбзэхэр зэхилъхьэу щIедзэ. Зэманыжьым халъхуа, зи сабиигъуэри щIалэгъуэри дэкъузауэ зыгъэкIуа Амырхъан псэукIэщIэм цIыхубэм къы­хуихьа фIыгъуэ псори къи­гъэлъэгъуэну хущIэ­­къуащ. Аращ ар гъа­щIэщIэм и телъхьэу занщIэу къыщIэувар, и уэрэдхэмкIэ властыр иIэту.

Адыгэ IуэрыIуатэм и нэщэнэхэр къызыхэщ, абы и жыпхъэхэм изагъэ уэрэдыжьхэм­кIэ, усэхэмкIэ, гъыбзэхэмкIэ, жыIэгъуэхэмкIэ ХьэхъупащIэм къеIуатэ гъащIэм щилъагъу залымыгъэр, цIыхухэр зыгъэпуд Iуэхугъуэхэр.

Хэку зауэшхуэм и илъэсхэми зауэ нэужьми усакIуэм и къалэмыпэм тхыгъэ куэд къыщIэкIащ. Апхуэдэхэщ «ЛIыфI нэщэнэ», «Къардэн Къубатий», «Жэмборэ Щэуал» усэхэр, нэгъуэщIхэри. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 60 - 70 гъэхэм ХьэхъупащIэм и творчествэм нэхъри зиужьащ. А лъэхъэнэм Амырхъан и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхыгъэ хьэлэмэтхэу «Щынэ хужь», «Къарэмырзэ и фалъэ», «Гъыбзэ», нэ­гъуэщIхэри. Апхуэдэу дунейм къытехьащ усакIуэм и лэжьы­гъэхэр зэхуэхьэсауэ зэрыт тхылъ щхьэхуэхэр. Хьэхъу­пащIэм и рассказхэр, поэмэхэр, усэхэр нэхъыбэу зытеухуар гъащIэжь блэкIар къэ­гъэлъэгъуэнымрэ совет лъэ­хъэнэм и фIыгъуэхэр Iэты­ным­рэщ.

ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъа усакIуэм мызэ-мытIэу къы­хуагъэфэщащ къэрал дамы­гъэхэр, депутату хахащ. Хьэ­хъупащIэ Амыр­хъан «цIыху­бэ усакIуэ» цIэ лъапIэри къы­фIащащ.

ЦIыхубэ уэрэдус щэджащэм бгъэдэлъа зэфIэкIыр и къуэ Хьэсэни хэлът. «КъБР-м щэн­хабзэм­кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр хуэфащэ дыдэу зы­фIаща Хьэсэни лъэкI къигъэнакъым цIыхубэ IуэрыIуатэр, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным­кIэ, егъэфIэ­кIуэнымкIэ.

«Иужьрей джэгуакIуэкIэ» еджэу щытами, Тхьэм и фIы­щIэкIэ, абы и деж щиухакъым ХьэхъупащIэхэ я унагъуэм и щэнхабзэ зэфIэ­кIыр. Абы пищащ Хьэсэн и къуэм и къуэ Амырхъан. Зи адэшхуэм и адэжым и цIэр зыфIаща Амырхъан 1980 гъэм къалъхуащ. Лъэпкъ зэчийм къыпызыщэну зыщыгугъа щIалэ цIыкIум Амырхъан-нэхъыжьым и цIэр игъэпэжащ. 1995 гъэм гъуаз­джэмкIэ училищэр къиуха нэужь, Амырхъан-нэхъыщIэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ ГъуазджэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым. Хьэсэн и хъуэпсапIэу щыта, ауэ икIэм хунэмыгъэса лэжьыгъэ­ми къыпищащ къуэрылъхум. «ШыкIэпшынэ» ансамблыр щалъхуа къуажэм къыщызэригъэпэщащ. ЩIалэ­щIэм бгъэдэлъ къару, щIэны­гъэ, зэфIэкI псори адэжьхэм хаша щэнхабзэ лъагъуэр гъуэгу бгъуфIэ зэ­­­ри­­­­щIыным хуэгъэпсащ. Иджыблагъэ Амырхъан къы­дигъэ­­кIащ и уэрэдхэр зытет «Къэбэрдей» дискыр. Абы тет уэрэд 12-м ящыщу 5-р езы щIалэм итхыжащ.

ЩIэныгъэлIхэм, къэхута­кIуэхэм къызэралъытэмкIэ, лъэпкъ гъуазджэм и къулеягъ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Хьэ­хъу­пащIэ зэадэзэкъуэхэм  я гъащIэ зэчиифIэхэр, я твор­чествэр. Апхуэдэхэращ лъэпкъ гъуазджэр, щэнхабзэр зыхъумэр, абыхэм зезыгъэужьыр.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также: