Лъэужь дахэПасэм щыгъуэ адыгэхэм джэгуакIуэшхуэхэр яIэт, гуп-гупурэ е я закъуэу къуажэ-къуажэхэр къызэхакIухьурэ я уэдэрхэмкIэ, шыкIэпшынэм кърагъэкI макъамэ дахэхэмкIэ цIыхухэр трагъэурт, я нэгу зрагъэужьырт, лъэпкъым и щIэблэр яущийрт. Апхуэдэхэт Агънокъуэ Лашэ, Абазэ Къамбот, Шэрджэсым щыщ Мыжей Сэхьид, Адыгейм щыпсэуа Хьэгъэудж Мыхьэмэт, мыдэкIэ Къэбэрдейм къэдгъазэмэ, ШэрыIужь Мыхьмуд, ХьэхъупащIэ Iэсхьэд, абы и къуэ Амырхъан нэгъуэщIхэри. Абыхэм я щхьэ Iуэхукъым зэрахуар, атIэ къызыхэкIа я лъэпкъым и тхыдэр ящымыгъупщэнырщ, цIыхухэр зэрагъэIущынырщ. А цIыху зэчиифIэхэм я лъагъуэм ирикIуащ ХьэхъупащIэ Амырхъан и къуэ Хьэсэни. «Уи адэжь и лъагъуэрэ уи адэжь и благъэрэ умыбгынэ», жыхуаIэрат адыгэхэми, Iэсхьэд и къуэ Амырхъани и адэм и гъуэгум ирикIуэжауэ щытащ. Куэдым ящIэж, Амырхъан уэрэд езыми иусу, ахэр екIуу жиIэу, усэфIхэр зэхилъхьэу зэрыщытар. Хьэсэн шыкIэпшынэ еуэкIэр и адэшхуэм къыбгъэдихат, уэрэду ищIэмрэ пшыналъэу шыкIэпшынэм къригъэкIхэмрэ и адэм деж щызригъэщIат. ДжэгуакIуэжьхэм джэгун, усэн нэхъ Iуэху ямыIамэ, Амырхъанрэ Хьэсэнрэ я колхоз лэжьыгъэри я унагъуэ Iуэхури зэдахьын хуейт. Классих фIэкIа къэзымыуха Хьэсэн и адэм и гъусэу колхоз губгъуэм щылэжьащ, абы и ужькIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым Iутащ. Ауэ лэжьыгъэм къыщыдэхуэм деж, и сабиигъуэм къищта шыкIэпшынэр дахэу игъэбзэрабзэрт, утыкухэми къихьэрт. Къуажэми Хэкуми щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхуэс куэдым Хьэсэн и макърэ и шыкIэпшынэрэ щигъэIурт. Хьэсэн и пшыналъэрэ и шыкIэпшынэмкIэ псоми къацIыхуа нэужь, радиом кърагъэблагъэрэ и уэрэдхэр къату щIадзащ. Ар ХьэхъупащIэм и дежкIэ насыпышхуэт. Абы гугъуехьыпщIэу къыIэщIалъхьэ сом бжыгъэратэкъым Хьэсэн зыщыгуфIыкIыр, атIэ и макъыр цIыхубэм зэрызэхахырт. Ар хуейт езым ищIэмкIэ цIыхубэм ядэгуэшэну. Ар абы къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ: Хьэсэн жиIэу, и шыкIэпшынэмкIэ дежьуужу уэрэдрэ къызэрыфэ пшыналъэу ятхауэ щIэлъыр куэд мэхъу. Уэрэдрэ макъамэу 70 - 80 зигу изыубыдэфыр IуэрыIуатэм елэжь щIэныгъэлIхэм Iэзэу къалъытэ. Ауэ Хьэсэн гукIэ ищIэу 200-м щIигъу дигъэтхауэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом щIэлъщ. Ауэ щыхъукIи, а дигъэтхахэр дахэ защIэт, гъэщIэгъуэнт. Абыхэм яхэтт зэи зэхэдмыха, щыIэххэуи дымыщIа уэрэдхэр, къафэхэр. Апхуэдэхэт - «Къандэхъухэ ЦIау», «Ахьмэдыжь», «Си къуэш, си пщафIэ», «Чалацэ», «Дзадзунэ» уэрэдхэр, нэгъуэщI куэди. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым сыщыщылэжьа илъэсхэм дэ дгъэхьэзырауэ щытащ Хьэсэн къыджиIэжа уэрэдхэр зэрыт тхылъ куэд. Хьэсэн мыхъуатэмэ, а уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ дунейм тетами темытами ямыщIэжу кIуэдыжынут. Ауэ, а лIы Iущым и фIыгъэкIэ, ахэр игъащIэкIэ мыкIуэдыжын хъугъуэфIыгъуэу лъэпкъым къытхуэнащ, апхуэдэуи езы щэджащэм и фэеплъи хъуащ. ХьэхъупащIэм и лъэкIыныгъэр, и фIыщIэр абы къыщынэртэкъым. Ар зэуэ шыкIэпшынэр езым дэшхуейм къыхищIыкIырт. Си деж къакIуэрт, къызэлъэIурти, пхъэх тIыгъыу дэшхуей хадэм дихьэрт, къудамэ гъупцIахэр къыпытхырт. Къэпым илъу ихьырти шыкIэпшынэ къыхищIыкIырт. Абы ищIа шыкIэпшынэхэр Адыгейми, Шэрджэсми, ди Налшык музейми, ди институтми щIэлъщ. Абыи къыщынэркъым – Хьэсэн игъэса шыкIэпшынауэ куэд ди щIалэгъуалэм яхэтт. ХьэхъупащIэм и шыкIэпшынэм и макъыр ди адыгэ хэкухэм я мызакъуэу, Тыркум, Иорданым щигъэIуащ. Ди пасэрей шыкIэпшынэр а лIы щэджащэр мыхъуамэ, кIуэдыжынкIэ хъунут. Хьэсэн и цIэмрэ пасэрей шыкIэпшынэмрэ зэгуэхыпIэ ямыIэу зэпхащ. Аращ ар къэралпсо утыкухэм щIэрыщIэу изыхьэжар. Апхуэдэт Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъу 1957 гъэм Москва щекIуэкIа гуфIэгъуэ иныр. Щауэжь Елмырзэ и гъусэу лъэпкъ пшынэ еуэ гупышхуэм хэту Хьэсэн и шыкIэпшынэр игъэбзэрабзэу Москва щыIащ. Абы щыгъуэми, а гупыр зэуа шыкIэпшынэхэр Щауэжь Елмырзэрэ Хьэсэнрэ ящIат. ХьэхъупащIэ Хьэсэн цIыхугъэ зыхэлъ, ныбжьэгъу зи куэд, нэхъыжьми нэхъыщIэми хуэфащэ пщIэ яхуэзыщI, зи щхьэми пщIэ хуэзыщIыж лIыт. Сыт щыгъуи нэфIэгуфIэт. И унагъуэм дапщэрэ си закъуэуи гъусэ сиIэуи симыхьами, и ерыскъы Iэнэр зэтету фIэкIа срихьэлIакъым. Амырхъан сэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжь пэтми, ныбжьэгъу нэхъыщIэу дэгушыIэгъуу сриIащ. Хьэсэн сэ нэхърэ нэхъыщIэт, ауэ дызэдэгушыIэу, фIыуэ дызэрылъагъуу дызэдэлэжьащ. Хьэсэн и макърэ и шыкIэпшынэмкIэ къыздежьууэ уэрэд куэд радиом едгъэтхауэ щытащ. Апхуэдэу зэадэзэкъуэм я уэрэдымрэ я шыкIэпшынэмрэ я фIыщIэкIэ цIыхугъэ дызэхуэхъури, тIури дунейм ехыжыху, дызэдэлэжьащ, дызэныбжьэгъуащ. «Укъыщалъхум бгъэгуфIащ, ущылIэжкIэ бгъэгъыжыфтэмэ», - жеIэ пасэрей псалъэжьым. Ди ныбжьэгъуфIу, цIыху пэжу, адыгэлI нэсу дунейм тета ХьэхъупащIэ Хьэсэн Амырхъан и къуэр псэужатэмэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут. Куэд къимыгъэщIами, лъэпкъым куэд хуилэжьащ Хьэсэн. Аращ ар нобэ фIыкIэ дигу къыщIэдгъэкIыжыр. ЖыпIэнурамэ, лъэужьышхуэ лъэпкъым къытхуигъэнащ, адыгэ лъэпкъыр псэуху, Хьэсэн и макъ гуакIуэмрэ и шыкIэпшынэм и жьгъыру макъымрэ щыIэнущ. «ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», - жаIэ игъащIэми. Хьэсэн къызэринэкIа лэжьыгъэр инщ адыгэ макъамэ щэнхабзэм дежкIэ, игъащIэкIэ мыкIуэдыжын налкъутналмэсщ ар къызыхэкIа лъэпкъым и дежкIи.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
06.05.2024 - 16:09 →
ЦIыхум зезыгъэузэщI
06.05.2024 - 15:22 →
Сом меларди 3,3-рэ хухах
06.05.2024 - 15:17 →
Адыгэбзэр зыгъэшэрыуа тхьэмадэ
|