Зэщхьэгъусэхэм папщIэ ущие

Тхылъ зыIэщIэлъу, пасэрей алыдж гупсысакIуэ Плутарх и цIэр зэхэзымыха дэнэ къипхыжын? Афины къалэм пэгъунэгъу Беотие щIыпIэм къыщыхъуа щIэныгъэлIыр дунейм къыщытехьа илъэсхэр шэчыншэу убзыхуауэ щыткъым. Ауэ тхыбзэ зызыужьа зиIэ лъэпкъ къэс щызэIэпах Плутарх и «ГъащIэ гъуэгу зэмыщхьхэр». Нобэ зи пычыгъуэ фи пащхьэ къитхьэ «Зэщхьэгъусэхэм папщIэ ущиер» Плутарх езым и благъэ пщащэ унагъуэ зэрихьэм ирихьэлIэу зэхилъхьауэ щытащ.

Плутарх Полианрэ Эвридикэрэ сэламым я нэхъ гуапэр ярех!

Бзэм псалъэ хэIэтыкIа куэд хэт щхьэкIэ, щхьэпагъ и лъэныкъуэкIэ мы иджыпсту етшэжьа нысашэ хъуэхъум къытекIуэн щыIэкъым. Сыту жыпIэмэ, абы унагъуэ зэдаухуэну мурад зыщIахэр етхьэкъури, зэрышагъащIэхэр зыр адрейм щабэрэ гумащIэу хущытыным хуеунэтI. Аращи, тыншу фигу фхуиубыдэн хуэдэу, мызэ-мытIэу зэхэфха щIэныгъэм щыщ щапхъэ кIэщIхэр къыхэсхыурэ, тIуми фи зэхуэдэ тыгъэ ныфхузогъэхь.

 Солон нысащIэр щауэм и гъусэу лэгъунэм къыщIэнэн ипэ, хьэиуэ ишхыну чэнджэщ иритырт, абы и макъымрэ и нэкIумрэ IэфIрэ гуакIуэу къыщыхъун папщIэ.

Беотей щIыналъэм и хабзэмкIэ, нысащIэр щIахъумапэри, и щхьэм адыгэжыхапхъэ (спаржэ) ухуэнам къыхэщIыкIа пыIэ щхьэратIэгъэж: банэ къурэ зытет а къэкIыгъэм пхъэщхьэмыщхьэ IэфI къыпокIэ. ЩIалэр нысащIэм дилъагъункIи хъуну щыуагъэхэм ягъэгужьейуэ щIэмыпхъуэжмэ, зэман дэкIмэ, ар Iэсэлъасэрэ жыIэдаIуэу къызэрыхущIэкIыжыным щагъэгугъыу аращ апхуэдэ щIыкIэу.

Япэрей зэфIэнэгъуэхэр нысащIэм дэзымышэчыфыр жызумыр зэрымыхъум щхьэкIэ хыфIэзыдзэм ещхьщ. ДэмыкIуэ щIыкIэ ялIхэм дагъуэ яхуэзыщI нысащIэхэри бжьэр къызэредзэкъар ишэчу, фо безыр хыфIэзыдзэм хуагъадэ.

 Ипэм деж зэрышагъащIэхэр зэдэуэнымрэ зэжьэхэуэнымрэ хуэсакъын хуейщ, шынакъ зэкIэрыгъэпщIагъащIэхэр узэрецырхъыу зэрылъэлъэжыр зыщамыгъэгъупщэу. Ауэ, зэман дэкIмэ, ардыдэхэм мафIэри гъущIри япэлъэщыжынукъым.

Къамылыр, хьэуазэр, тхьэкIумэкIыхьыцыр мафIэм псынщIэу епхъуатэри, асыхьэтми мэункIыфIыж. ЩIалэгъуэ зэщIэгъагъэмрэ Iэпкълъэпкъ щIэращIэмрэ лъагъуныгъэр къызэщIегъаплъэ, ауэ зэщхьэгъусэ щIалэхэм я псэ къабзагъымрэ я щэныфIагъымрэ дэмыIэпыкъумэ, щIэх мэужьых.

ЛIы Iущым едэIуэн нэхърэ, лIы акъылыншэр зригъэдэIуэныр нэхъ къэзыщтэ цIыхубзыр зи нэр жан цIыхум и гъусэн нэхърэ, нэф къришэкIыну нэхъ къэзыщтэм ещхьщ.

И узыншагъэкIэ е къарууншагъэкIэ шым мышэсыфым, езы шыр етIысэхыу ирегъасэ. Апхуэдэ дыдэу, лъэпкъыфI къыхэкIа цIыхубз бей къэзышэ щIалэм езым хьэлыфI зыхилъхьэным и пIэкIэ, и щхьэгъусэр иреудых, нэхъ тыншу кърихуэкIын папщIэ. НэхъыфIтэкъэ, шым ещхьу, абы и пщIэри и щIыхьри ихъумэу, IумпIэ къудейкIэ ирикъуу щытамэ.

 Мазэр дыгъэм бгъэдэкIмэ, нэхуу маблэ, ауэ пэгъунэгъу зэрыхъуу, фэншэ мэхъури, плъагъужыркъым. Нэмыс зыхэлъ нысащIэри цIыхум и щхьэгъусэм бгъурыту фIэкIа яхыхьэркъым. Ар къыщытым деж, зыми зыкъримылъагъуу унэм щIэсщ.

Геродот захуэтэкъым, бзылъхугъэм и щыгъыным и гъусэу и укIытэри зыщех щыжиIэм. Хьэуэ, цIыхубз къабзэм щыгъыныр щыщихкIэ укIытэ щетIагъэ. УкIытэр нэхъ иныху лъагъуныгъэри нэхъ куущ.

МакъитI щызэдежьум деж, макъамэр зышэр макъ нэхъ гъумырщ. Зэщхьэгъусэ акъылыфIэхэм я дэтхэнэ Iуэхури зэгурыIуэурэ ящIэ, лIыр зэрытхьэмадэр нэрылъагъуу, унафэ пыухыкIар абы зэрыIэщIэлъыр наIуэу.

ЯлIхэм ахъшэ куэд зэрагъэкIуэдым ирибампIэ нысащIэхэм Iуэхур зыIутыр гурыIуэгъуэу яжепIэмэ, тыншу акъылэгъу мэхъури, лIым и мылъкур зэрагъэзэхуэн щIадзэ.

Катон зыгуэр сенатым хигъэкIыжауэ щытащ, и пхъур щыту и щхьэгъусэм ба зэрыхуищIам щхьэкIэ. Ар ткIииIуэ къыщIэкIынт, ауэ хамэхэм ялъагъуу узэхуэIэфIыну, IэплIэ-ба зэхуэпщIыну щыемыкIукIэ, нэхъри нэхъ емыкIужкъэ хамэхэм укъалъагъуу ушхыдэнымрэ узэфIэнэнымрэ? НысащIэм Iэщабэ-Iущабэу узэрыхущытыр бгъэпщкIуу, ауэ щыхъукIэ, псоми зэхахыу уеущиерэ дагъуэ хуэпщIу?!

Гъуджэр дыщэрэ дыжьынкIэ гъэщIэрэщIами, узэрыщытыр къимыгъэлъагъуэмэ, мыхьэнэ иIэкъым. Апхуэдэ дыдэу, и лIым емыщхь икIи имыакъылэгъу нысащIэ бейр зыми ищIыскъым. УщыгуфIэкIэ уи нэгур нэщхъейуэ къридзэмэ, е уи нэгу зэхэуфар нэщхъыфIэрэ зэщIэлыдэу къищмэ, зэкIуэкIащ а гъуджэр, зэрыхъуни щыIэкъым. Аращи, и лIыр къыдэджэгуну е къыхуэгумэщIэну щыхуейм деж зи нэщхъыр зэхэзыуфэр, ауэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху гуэрым щыпэрыткIэ дыхьэшхыу къэзыжыхь нысащIэр гум техуэнукъым. Япэрейм абы и лIыр Iумпэм зэрищIыр къегъэлъагъуэ, етIуанэр – къызэрыфIэмыIуэхум и щыхьэтщ. НысащIэм гукъыдэж щхьэхуэ иIэн хуейкъым - и нэщхъеинри, и гуфIэнри, гузэвэнри, дыхьэшхынри и лIым ейм техуэу щытын хуейщ.

Я щхьэгъусэхэр къадэшхэну зыфIэмыфI лIыхэм ахэр я закъуэ шхэуэ ирагъасэу аращ. Апхуэдэ дыдэу и щхьэгъусэм пхъашэIуэу хущытым ар нэгъуэщI зэштегъэупIэ къилъыхъуэным ирехулIэ.

Пащтыхьхэм пшыналъэ яфIэфIмэ, я пащтыхьыгъуэм пшынауэ куэд къохъуэ, Iущыгъэ яфIэфIмэ – щIэныгъэхэр йофIакIуэ, бэнэныр яфIэфIмэ - лIы Iэчлъэчхэм я бжыгъэр мэбагъуэ. Апхуэдэкъэпсу, и теплъэм елIалIэIуэ лIым и нысащIэр зыгъэщIэрэщIэн IуэхукIэ къэувыIэжыкIэ имыщIэу мэхъу. ЦIыху зэпIэзэрытым икIи щэныфIэм и щхьэгъусэм шыIэныгъэ зыхэлъ бзылъхугъэ къабзэ къощIыкI.

Аркъэнхэр зэхаухуэнэху нэхъ быдэ зэрыхъум хуэдэкъэпсу, зэпсэгъухэри нэхъ быдэу зэрыубыда мэхъу, зыр адрейм зэрыфIэлIыкIым хуэдэу адрейри къыхущытыжмэ. Езы къэхъугъэм ахэр IэпкълъэпкъкIэ зэрегъэубыдри, зыуэ зэхепщэ. Апхуэдэ зэгъусэкIэрщ зэпсэгъухэм фэ дахэ къатезыгъауэр, езыхэм ей-имей къыхамыгъахуэу, псори зэдагуэшу. Псы зыхэкIа махъсымэм махъсымэкIэ дызэреджэм хуэдэ дыдэу, унэри абы щIэт псори лIым ейуэ ябж, и нэхъыбэр бзылъхугъэм дыщасэу къыздишами.

Еленэ нэпсейт, Парис бзылъхугъэкIэ ерыщт, Одиссей акъылыфIэт, Пенелопэ и лIыр игъэпэжырт. Абы къыхэкIыу, зы нэчыхьыр насыпыфIэ хъури щапхъэу ящтащ, адрейм Илиадэм щекIуэкIа гузэвэгъуэр къигъэщIри, алыджхэми хамэхэми зэран яхуэхъуащ.

Плутарх и ущиехэм и кIэм нэс къеджэну хуейм ахэр яхигъуэтэфынущ щIэныгъэлIым и лэжьыгъэхэм «Наставление супругам» фIэщыгъэм щIэту.

 

 

 

 

ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: