И Iуэжь дахэмкIэ тщIыгъущ

Урысей Федерацэмрэ Адыгеймрэ я цIыхубэ артисткэ, композитор, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Сэмэгу Гуащэнагъуэ псэужатэмэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 90 ирикъунут.

Лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, и гъуэгу щыпхызышыжа а бзылъхугъэм хуэдэщ «и IэщIагъэм къыхуигъэщIат» зыхужаIэр.

Сэмэгу Гуащэнагъуэ Тохъутэмыкъуей щIыналъэм хыхьэ Псэйтыку къуажэм 1928 гъэм къыщалъхуащ. 1950 гъэм егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэта иужь, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирихьэкIащ. Римский-Корсаков и цIэр зэрихьэу Ленинград дэт консерваторэм щезыгъаджэхэм ящыщ Мейкъуапэ къэкIуауэ зэфIэкI зиIэхэр къыхахыу зэрыщыIэр зэхэзыха Гуащэнагъуэ тегушхуэри, адыгэ уэрэдыжь зыбжанэкIэ абыхэм я пащхьэ ихьащ. Гъыбзэр къызэрымыкIуэу къызэрехъулIэм и закъуэкъым консерваторэм щезыгъаджэхэм гу зылъатар, адыгэ хъыджэбзым макъ лъэщ зэриIэр шэч къы­зытумыхьэжынт.

И насып къихьри, Сэмэгу Гуащэнагъуэ Ленинград дэт консерваторэм еджакIуэ ягъэкIуащ. Пщащэм  «5» защIэкIэ къиухащ ар. ЩIэныгъэм хуэпабгъэ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэр композитор IэщIагъэм Тбилиси дэт консерваторэм щыхуоджэ. Псом хуэмыдэу егугъуу едж адыгэ макъамэр.

1963 гъэм дунейм къытехьащ Гуащэнагъуэ и япэ тхылъыр, «Гупсысэхэр» зыфIищар, зэхуихьэсыжа уэрэдхэр зэрытыр. Сэмэгум и творчествэр фIыуэ зылъагъухэр хуабжьу щыгуфIыкIат 1968 гъэм абы къыдигъэкIа «Гъатхэм и макъхэр» тхылъым. 1976 гъэм абы къыкIэлъыкIуащ «Уигу сызэрилъыр сощIэ» уэрэдылъэр.

 Адыгэхэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ 1998 гъэм лъэпкъ уэрэдыжьхэм ятеухуауэ Сэмэгум къыдигъэкIа тхылъыщIэм. Пасэрей уэрэдхэр екIуу зыгъэзащIэхэм я сурэтхэмкIэ гъэдэхат ар. Бэрэтэрэ Хьэбидэт, Уджыхъу Гуащэхъурей, Сэмэгу Рахьмэ, сымэ, нэгъуэщIхэми я сурэтхэм ущеплъым деж, лъэпкъ гъуазджэм и тхыдэм уриплъэж хуэдэщ.

 Адыгэхэм я щэнхабзэм теухуауэ Сэмэгу Гуащэнагъуэ и Iэдакъэ къыщIэкIа уэрэдхэм дунейр зэлъащIысащ, уеблэмэ хуабжьу ди гуапэ мэхъу ахэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэми зэрагъэзащIэр. Абы и уэрэдхэм зэ едэIуэгъуэкIэ цIыхухэр итхьэкъуу зэрыщытам и хъыбар куэд къаIуэтэж.

Сэмэгу Гуащэнагъуэ щIалэгъуэм, гухэлъ къабзэм, дуней дахэм къищынэмыщIауэ, гум хыхьэрэ нэпсыр къезыгъакIуэ гъыбзэхэри иIэщ.

Адыгейм и композиторхэм я тхьэмадэ Къэгъэзэж Байзэт и псалъэхэмкIэ си тхыгъэр сухыну сыхуейт: «Ди республикэм щызэхашэ гуфIэгъуэ дауэдапщэ щIагъуэ къанэркъым Гуащэнагъуэ и уэрэдхэр щамыгъэзащIэу. Ар езыр къытхэмытыжми, и Iэужь дахэмкIэ сыт щыгъуи тщIыгъущ».

ЩОМАХУЭ Залинэ.
Поделиться: