Зи цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ уахътыншэ Къалмыкъ Руслан

ЩыIэу къыщIэкIынкъым фIыуэ зыцIыхуауэ мы тхыгъэр зытеухуа адыгэ щIалэ нэсым и кIуэдыжыкIэ хъуар гущIыхьэ зыщымыхъуа икIи ар зыщыгъупщэжын. Балигъ ныбжьым итхэм фIы дыдэу ящIэж 2005 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 13-м, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ Налшык къалэ дэт лэжьапIэ IэнатIэхэм къатеуауэ зэрыщытар IэщэкIэ зэщIэузэдауэ террористхэр. Псом япэ иту лейзехьэхэм япэщIэува гупым ящыщт СОБР-ым и унафэщIым и къуэдзэ, милицэм и подполковник Къалмыкъ Руслан Аслъэнбий и къуэр. Лъыгъажэ зауэм уIэгъэ къызылъыса и ныбжьэгъур укIыпIэм къыщришым, шынэ зымыщIэ щIалэ хахуэм и гъащIэр щызына биишэр къытехуауэ щытащ. Мызэ-мытIу апхуэдэ зэпэщIэувэныгъэ, Кавказ Ищхъэрэм къыщыхъуауэ, Руслан ягъэкIуауэ щытат икIи сытым щыгъуи къыхэжаныкIыу, фIыщIэрэ щытхъурэ иIэу и къалэныр дагъуэншэу зэригъэзэщIам папщIэ дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщат. «За доблесть в службе», «За воинскую доблесть», «За боевое содружество», «200 лет МВД России», «За отличие в службе» медалхэр,нэгъуэщIхэри. ЛIыгъэ зэрихьэу, хахуэу зи къулыкъур зыгъэзэщIа Къалмыкъ Руслан ди къэралым и Президентым и унафэкIэ УФ-м и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. Ди жагъуэ зэрыхъуащи, илъэс 40 щрикъу гъэр и гъащIэм и кIэухыу къыщIэкIат. Руслан и цIэр фIащащ щеджа Бахъсэн и ещанэ курыт школымрэ и зы уэрамымрэ.

Къалмыкъ Руслан зэман кIэщIым и къулыкъукIэ дэкIуеят икIи милицэм и подполковник хъуат. Абы етIуанэ щIэныгъэ нэхъыщхьэр Урысейм и МВД-м и университет Санкт-Петербург дэтым щызэригъэгъуэтат. Хьлэлъэщ Руслан блэкIа зэманым иту сытепсэлъыхьыну и сабиигъуэм щыщIэдзауэ езвыри и адэ-анэри, и къуэш – и шыпхъухэри сцIыхуу дыкъекIуэкIащ, и унэ сригъэблагъэрэ сигъэхьэщIэу, жэщи сыщыщигъэIа къэхъуу. Абы и щхьэгъусэ Ерыжокъуэ Эльмири езы Руслани ди Къэбэрдей-Балъкъэр университетым сащыдеджащи, мащIэкъым дахагъэу ядэслъэгъуар.
Зи нэгур зэIухауэ щыта щIалэ угъурлымрэ сэрэ тхыдэмкIэ къудамэм дыщызэдеджащи, сщIэжкъым ар зыгуэрым щхьэкIэ тхьэусыхауэ е къэгубжьауэ. ГушыIэ дахэ хэлът, фIы дыдэу еджэрт, щIэныгъэм игури, и псэри апхуэдизкIэ хузэIухати нэхъыбэ зэрызэригъэщIэным нэхъуеиншэу хущIэкъут. ГъащIэр апхуэдизкIэ фIыуэ илъагъути, узыншагъэ, акъылыфIагъэ теухуауэ зыбузэщIын папщIэ щхьэпэ хъуну сыт хуэдэ Iуэхугъуэри и нэт икIи и псэт. ЦIыхугъэм теухуауэ щыIэтэкъым узэригъэщIэхъун. КIэщIу жыпIэмэ, нэмысрэ хабзэрэ яхэлъу дунейм и адэ-анэм яхуэфэщэн щIалэ щэджащэ къагъэхъуат.
Абы щыгъуэ дзэ офицер къулыкъуми дыхурагъаджэрти, гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым а лэжьыгъэм и псэр зэрыхуэкъабзэм, щIэныгъэр тыншу къызэрипхъуатэм, зыхуагъасэм зэрыхуэIэижьым. Зыгуэрым лей къытехьэу гу лъитамэ, зэи къэхъуакъым, имылъэгъуа нэпцI зищIу, шынэу блэкIауэ. Iэмал гуэр щыIэххэм, IэштIым зауэм нимыгъэсу къуэншам зэрымызахуэр къыгуригъэIуэжырт, псори игъэсабырыжт. СщIэжыркъым ар къыщемыхъулIа къэхъуауэ. 
Абы фIэфIт гушыIэ хъыбархэр, ар я къуажэм е спортым теухуамэ, зэш имыщIэу къодэIуэфынут. Езыми пфIэгъэщIэгъуэнын куэд ущIигъэдэIуфынут. Арагъэнщ ди зэхуэзэхэр псынщIэу блэлъэту къытщыхъуу щIыщытар. Куэд иуасэт апхуэдэ уэршэрэгъу, и ныбжь емылъытауэ, чэнджэщэгъу Iущ, цIыхугъэ зыхэлъ щIалэр уи ныбжьэгъуну.
 Руслан унагъуэ зэпэщ къыщыхъуат, зыхуей щагъэщIатэкъым, ауэ щыкIатэкъым, «сызыхуейр согъуэт» жиIэу и пэр дригъэзейтэкъым. Сыт хуэдэ зэфIэкI имыIами, адыгэ щIалэ нэсу икIи къызэрыгуэкIыу щытащ. 
И сабиигъуэм щыгъуэ и анэшым нэкIуэжауэ, Зеикъуэ къуажэм дыщызэхуэзамэ, зэш имыщIэу е футбол, е гъуэрыгъуапщкIуэ, е нэгъуэщI зыгуэр джэгунут псынщIэ дыдэу и ныбжьын гуп къызэригъэпэщынурэ. . Мы дунейм теттэкъым, Iэмал гуэр щыIэххэу, зэрызигъэпсэхун. ПщIэнтIэпсыр икъуэкIыу, мафIэм хуэдэу къызэщIэплъауэ къижыхьынут.
ЩыцIыкIуами балигъыпIэ щиувами фIыуэ къэзылъагъу ныбжьэгъу пэж щыщIакъым Руслан. Езыми зыми и жагъуэ ищIтэкъым, акъыл бгъэдэлъти уи дзыхь зэбгъэз хъунури къыбгуригъаIуэрт. Нобэ и цIэ къипIуам, и нэхъыбапIэм гушыIэ дахэщ е я гум къинэжа хъыбар гуапэщ къыпхуаIуэтэжынур. Си гукъэкIыж тхгъэр зыгуэр сIэщIыгъупщыкIыу кIэщI сфIэмыхъуам, быдэу фи фIэщ зэрыхъун, егъэлеиныгъэу мэскъал хэзмылъхьа.
Егъэлея гугъущ Къалмыкъ Руслан фIыуэ пцIыхуауэ мыпсэужу уи нэгу къыщIэбгъэхьэныр. Си щхьэкIэ ар сытым и дежи къыпыгуфIыкIыу си нэгу щIэтынущ. Шэч къытесхьэркъым, симызакъуэу, апхуэдэхэр зэрыкуэдыкIейм. 
Апхуэдэ гукъэкIыж мыухыжрэ пщIэ лейрэ къэзылэжьа адыгэлIым и цIэр, дауи, уахътыншэщ. Къигъэна бынунагъуэр хуэфащэу куэдрэ кIэлъыпсэун ухъу.

 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: