Хэт нэхъыфIу ищIэрэт?!

Къэхъуа

         Щхьэлыкъуэ къуажапщэмкIэ къежэхыж таксир къэзгъэувыIэу: «Налшык «Дубки» бэзэрым сышэ», - жысIэу щIалэ лъагъугъуафIэм зыщыхуэзгъазэм, къалэм нэс нэщIу зэрымыкIуэжынур и гуапэ хъуауэ, сызыбгъурегъэтIысхьэ. Нэрылъагъут сыкъызыбгъэдэхута щIалэр зэрышофёр IэкIуэлъакIуэр: гъуэгум иIэ кумблъэмбхэм машинэр иримыгъауэу, ахэр Iэзэу къызэринэкIыу, скоростыфIи иIыгъыу кIуэрт. Арати, апхуэдэурэ зы теуэгъуэ ткIуауэ, таксистым рулыр зэриIыгъ и Iэ ижьым и Iэпхъуамбапщэр зэрыпымытыжым гу лъызотэ. Арыншами тIуми зыри жыдмыIэу дызэрыкIуэр къысхуемыгъэкIуу, абы и Iэм сеплъурэ соупщI:

         - Уи Iэпхъуамбапщэм къыщыбгъэщIар сыт, къуэш?

         - Циркуляркэм пихащ. Ауэ абы зэреджэр «Iэпхъуамбапщэкъым», атIэ «зыгъэлъагъуэ» Iэпхъуамбэщ.

         - «Зыгъэлъагъуэ Iэпхъуамбэ». Апхуэдэ псалъэ адыгэбзэм хэту къыщIэкIынкъым. Ауэ языныкъуэхэм урысыбзэм къытраIуэнтIыкIауэ, «мор» е «модрейр» жаIэу, зыгуэр къагъэлъэгъуэнумэ, нэхъыбэу къагъэсэбэпыр аращ. Е мыпхуэдэу зыгуэрхэр къыщапщым дежщ, - жысIэу си Iэпхъуамбэшхуэмрэ Iэпхъуамбапщэмрэ зэкIэщIызохри, Iэбжьэ тездзэурэ ар къызэрапщ щIыкIэр таксистым изогъэлъагъу, адэкIи пызощэ: - Шэч хэмылъу, адыгэхэм абы Iэпхъуамбапщэ щIыфIащари арагъэнущ.

         - Уэ узырыурысыр нэрылъагъущ. Ауэ апхуэдэу Iэзэу адыгэбзэр дэнэ щыпщIэр?

         - Пэжщ, сэ сыурысщ. Ауэ, сызэрыурысу, адыгэбзэр фIыуэ зыщIэу къызыщыхъуж зыкъом щыдэзгуэж щыIэщ.

         - Хьэуэ, къуэш, - къыпогуфIыкI шоферыр. – Хэт дэбгуэжми, адыгэбзэкIэ уэ сыпхуигъэкIуэтынукъым, сыту жыпIэмэ, сэ ди университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и факультетыр къэзухауэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ сиIэщ. Ауэ плъагъуркъэ, школым щезгъэджэным и пIэкIэ, мис – такси къызохуэкI.

         Адыгэбзэр фIыуэ зэрищIэм шэч лъэпкъ къытримыхьэжу, игурэ и щхьэрэ зэтелъу таксистыр зэрыпсалъэр тIэкIу сфIэемыкIу хъуауэ жызоIэ:

         - Уэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ узэриIэр гъэщIэгъуэн къысщыхъуакъым. Къэбуха факультетри си дежкIэ зырикIщ. Сызыхуейр адыгэбзэр фIыуэ пщIэрэ умыщIэрэ зэхэзгъэкIын къудейращи, иджыпсту сызэрыноупщIынухэм я жэуап тэмэм къызэптыжыфыну пIэрэ?

         - Ара уи гугъэр? – зыхуэарэзыжу къыпогуфIыкI мор. – А уэ зэрыжыпIэм хуэдэу, хуэмыхуу сыкъыщIэкIмэ, псалъэ узот узыхуей дыдэм пщIэншэу усшэну. Аращи, къызэупщI.

         - Хъунщ. Iэпхъуамбитхум ящыщ зым зэреджэм деж ущыуакIэщ. Ар хыдогъэкIри, къэнэжа адрей плIым я цIэхэр къызжеIэт.

         - Iэпхъуамбэшхуэ… IэпхъуамбэжьакIэ…

         - Пэжщ. Пэжщ. АдэкIэ-щэ?

         Таксистым машинэр нэхъ хуэм ещI. АрщхьэкIэ, адэкIэ къыпищэнур ищIэркъым, гугъу зэрехьыр нэрылъагъуу, хогупсысыхь. Арати, зыкъом ткIуа нэужь:

         - Къысхуэгъэгъу, - жи абы, укIытауэ, - адрей къэнахэм зэреджэр сщыгъупщэжащи, сыт сымыщIэми, къысхуэщIэжыркъым.

         - Сэ узгъэпIащIэркъым. Гупсыси, пщIэуэ щытмэ, къэщIэж! – жызоIэ, ар зэрыукIытэм гу лъызмыта хуэдэу фэ зытезгъэуауэ. АрщхьэкIэ езым арыххэу пегъэщ:

         - КъыщысхуэмыщIэжкIэ, сыгупсысэкIэ сыт и мыхьэнэж? Аращи, укъызэрыстекIуамкIэ зызумысыжу си IитIри пхузоIэт, иджы уэ адрей къэнахэм зэреджэр къызжеIэ.

         - Хъунщ-т1э, щумыщ1эжк1э, дяпэкIэ пщымыгъупщэжын хуэдэу уи гум иубыдэ. Мы Iэпхъуамбэ ещанэм зэреджэр курытщ.

         - Е зи унэр бэгъуэн! Уэлэхьи, пэжым! Сэ сщIэрт ар! Ауэ къысхуэгубзыгъыжакъым!

         - Мыдрей къыкIэлъыкIуэм, - си IэмкIэ езгъэлъагъуурэ, адэкIэ пызощэ, - Iэпхъуамбэ курытымрэ IэпхъуамбэжьакIэмрэ я кум дэтым зэреджэр Iэпхъуамбэ цIэншэщ. Нэхъри гурыIуэгъуэу бжесIэнщи, мыбы цIэуэ щы иIэщ: Iэпхъуамбэ цIэншэ, цIэимыIуэ, ди урысыбзэр зэрадзэкIауэ, адыгэхэр абы еплIанэ IэпхъуамбэкIи йоджэ.

         - Берычэт бесын, Тхьэм уигъэпсэу. Уэлэхьи, дяпэкIэ ахэр сщыгъупщэжмэ, си Iуэхум!

         Арати, апхуэдэурэ «Дубки» бэзэрым дынэсу счётчикым къридза ахъшэр таксистым щыхуэсшийм:

         - Хьэуэ, хьэуэ! Сэ жысIам сепцIыжыркъым, ахъшэ лъэпкъ къыпIысхынукъым! Фи урысхэм жаIэр пэжщ: «ИгъащIэкIэ псэуи, игъащIэкIэ еджэ». Упсэу! СымыщIэ къэзбгъэщIащ, - си Iэр къеубыдри йожьэж щIалэр.

 

КОММОДОВ Геннадий.
Поделиться:

Читать также: