КIыщокъуэ Алим и усэ къарур

Критик, литературэхутэ, си егъэджакIуэ Сокъур Мусэрбий мыр къыджиIэгъат «Шум и гъуэгу» усэ тхылъым теухуауэ: «Зауэр зэриухрэ зы илъэс фIэкIа мыхъуауэ, интернат ди республикэм япэ дыдэ къызэIуахауэ, ди егъэджакIуэ Къамбий ХьэматI тхылъ цIыкIу иIыгъыу ныщIыхьауэ щытащ. Тхылъым и жинтым къэбыфэу шу сурэт тету, а шу сурэтыр лъэта хуэдэу къыпщыхъуу тещIыхьауэ, и цIэри тетыжу: КIыщокъуэ Алим «Шум и гъуэгу» жиIэу. А тхылъым ита усэхэм ящыщ зы «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу, схузэфIэкIым, мычэму си шыр согъэлъэхъу…» жери ди ущиякIуэм къригъажьэри, а усэми къытхуеджащ, езы тхылъ псоми къытхуеджащ, сыхьэтитху махуэм дызэджэнур Алим а и тхылъым игъэкIуауэ щытащ. «Шум и гъуэгур» Алим и мыяпэ тхылъ щхьэкIэ, дэ ди щIэблэм ар къызэрацIыхуар аращ».

          Сборникым ихуа усэхэм укъыщеджэкIэ, Алим уи нэгум наIуэ дыдэу къыщIегъэувэ къиIуэтэжхэм я сурэтыр, – зауэ гуащIэм уIуешэри, сэлэтым и псэм телъа гузэвэгъуэр, и гурыгъу-гурыщIэхэр, игъэва хьэзабыр усэбзэкIэ къыбжиIэжурэ къыбгурегъаIуэ, зыхыуегъащIэ. УсакIуэми абы щхьэкIэ зыгуэрхэр лейуэ къигупсысыни, гугъу дехьу игъэщIэрэщIэни хуейтэкъым, атIэ адыгэ шум къикIуа зауэ гъуэгуанэр игу къигъэкIыжурэ, усэбзэкIэ къиIуэтэжауэ арат.

1948 гъэм къыдэкIащ Алим сабийхэм папщIэ игъэхьэзыра таурыхъхэр: «Елбэздыкъуэ», и тиражыр мини 3 хъууэ; «Бажэ пшынэ», мини 5 хъууэ; «ЩIалэгъуэ щIыналъэ» усэ тхылъхэр дунейм къытехьащ, мини 2 хъууэ. Мыхэр апхуэдизу псынщIэу зыбграхырти, иджыри къыдагъэкIыжырт. Тиражхэр нобэрейм евгъапщэт. ЗэфIэгъэувэжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэм къыдэхуэу, мыпхуэдиз литературэ лэжьыгъи и плIэм икIт Алим.

«Щхьэлыкъуэм» и гугъу тщ1ымэ, мыр Алим иужьрей дыдэу игъэхьэзыра, ауэ дунейм къытехьауэ имылъэгъужа усэ тхылъщ. Алим фIыуэ къыгурыIуэрт и дуней гъащIэр икIэм зэрынэсар.

Сборникым и редакторыр усакIуэ Бицу Анатолэщ. Анатолэрэ Алимрэ зэмыныбжьми, зэныбжьэгъу дыдэурэ къекIуэкIат. Бицур ящыщщ КIыщокъуэр икIэм нэс зыгъэпэжа зырызым.

Анатолэ иджыри щIалэу, Москва Литературэм и институтым щIэсу, а тIур гъунэгъу зэхуэхъури, нэхъыжьыр дунейм ехыжыхуи зэкIэрыхуакъым – усакIуэр хэкум къихьэжмэ зэхуэзэу, къалэшхуэм щыIэмэ, зэрыщIэу къекIуэкIахэщ. «Щхьэлыкъуэ» усэ тхылъым Бицур редактор хуэхъунри, ауэ сытми къэхъуатэкъым – Алим ищIэрт мы Iуэхур Анатолэ фIы дыдэу зэрызэфIихынур – и щхьэм нэхъри нэхъ дзыхь Бицум хуищIырт. Езы тхылъыр Алим дежкIэ лъапIэ дыдэт – мыр усакIуэм и иужьрей псалъэт жысIаи.

Бицу Анатолэ усэ тхылъым хэзышэ и псалъэм, «Уахътыншэ» зыфIищам, щетх: «Си гъащIэ ябгэр щызухынум шы жэр сытесу среух», – зэгуэр зэрыжиIа дыдэм хуэдэуи иухащ Алим и гъащIэр: поэзием и шагъдий щхьэмыгъазэм къемыпсыхыу – ажал уз бзаджэ къеуэлIар къыпэмылъэщу, къалэм жанкIэ лъащэу. Абы и щыхьэтщ иужьрей дыдэу КIыщокъуэм къыдигъэкIыну игъэхьэзыра, ауэ дунейм къытехьауэ имылъагъужа мы тхылъыр. Тхылъым и Iэрытхыр Москва къикIыу сэ сыщылажьэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм пощткIэ къыщиутIыпщым абы си цIэкIэ къыдыщIигъуауэ щыта тхыгъэм мыпхуэдэу итщ: «Зи гугъу сщIа тхылъыр мыращ. Ар нэхъ Iув сщIыфынут, ауэ си къарур къемэщIэкIащ. Дыпсэумэ, адрей схутемытхэжари незгъэхьынщ. МысыхьэткIэ си къарум хэщI защIэурэ йокIуэкI. Зыгуэр къысщымыщI щIыкIэ зэ закъуэ ди деж сыкIуэжу сигу къызыхуэкIахэр слъэгъуащэрэт, жысIэу сигури си псэри фи дежкIэ нэгъэзауэ сопсэу…».

КIыщокъуэ Алим и усэ тхылъу и (8) адыгэбзэ къабзэкIэ къыдэкIат. Ахэр: «Бгы лъапэхэм деж», 1941 гъ., «Шум и гъуэгу», 1946 гъ., «ЩIалэгъуэ щIыналъэ», 1948 гъ., «Партыр ди пашэу», 1953 гъ., «Мывэ хуабэ», 1964 гъ., «Дамыгъэ», 1969 гъ., «Батырыбжьэ», 1977 гъ., «Вагъуэ махуэ», 1980 гъ. Иужьрейуэ дунейм къытехьа «Щхьэлыкъуэ» усэ сборникым ихуахэри зырызыххэу мы тхылъхэм кърахащ. Ауэ, къызэрыхэзгъэщащи, «Щхьэлыкъуэм» хуигъэхьэзырауэ усэщIэхэри иIэт усакIуэм. Сыт и уасэт «Си илъэсищэр»!

Усэ тхылъхэм дэтхэнэми щхьэхуэу утепсэлъыхьыну гухэхъуэщ – ахэр ди усыгъэм и фIыпIэщ, адыгэбзэ къабзэм и лъагапIэщ.

Совет къэралыгъуэшхуэм цIыху мелуан 280-м щIигъу щыпсэуащ. ТхакIуэ-усакIуэхэр егъэлеяуэ и куэдт, ауэ абыхэм ящыщу Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэ дыдэр зыхуагъэфэщауэ щытар 73-рэщ зэрыхъур. Ди усакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим абыхэм яхэтщ.

 Алим и Хэкур зэрилъэгъуар и усэхэм екIуу къыхощ. Деплъынти зым:

  Уи жьэгу мафIэ щыужьыхым,

  Си адыгэ хэку,

Дэп жьэражьэ сыпхуэхъункъэ,

Си адыгэ хэку.

Къурш псы уэру сыкъехуэхми,

Си адыгэ хэку,

Пшахъуэ налъи пщыщ исхакъым,

Си адыгэ хэку.

Зы уIэгъэ уэ къыптехуэм,

Си адыгэ хэку,

УIэгъищэу зыхызощIэ,

Си адыгэ хэку.

Дыщэ шууэ уищI сихьэжмэ,

Си адыгэ хэку,

Сэламыхьу сыныпхуокIуэ,

Си адыгэ хэку.

 

 

 

БАКЪ Зерэ, егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмк1э доктор
Поделиться:

Читать также: