Зэи ящыгъупщэнукъым

Тырку литературэм и новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъа Хьэткъуэ Умар (Омер Сейфеддин) дунейпсо литературэми увыпIэ хэха щеубыд. Абы и тхылъхэр къэрал куэдым къыщыдэкIащ. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ Умар и новеллэхэр тIощI гъэхэм и кIэм къыщыщIэдзауэ урыс журналхэм къытохуэ, и тхыгъэ къыхэхахэр тхылъ щхьэхуэу 1957, 1975, 1987 гъэхэм Мэзкуурэ Ленинградрэ къыщыдокI. Тхылъищми ит новеллэхэр, повестхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Печенев Игорь, Яковлевэ Нелли, Кормушин Иван сымэ. «Омер Сейфеддин пщIэшхуэ иIэщ иджырей тырку литературэбзэр убзыхуа зэрыхъуамкIэ, - жеIэ Печеневым. - Япэ итхэми, езым и зэманым псэуа тхакIуэхэми ар къащхьэщокI и бзэр нэхъ къызэрыгуэкIыу, цIыхубэр зэрыпсалъэм нэхъ пэгъунэгъуу зэрыщытымкIэ.
Хэт хъуну-тIэ зи гугъу тщIы адыгэ щIалэр? Абы и творчествэм нэхъ куууэ щыгъуазэ публицист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд етх Хьэткъуэ Умар и адэ Сэфудин истамбылакIуэм зэрахэхуар. Тыркум нэса нэужь, ар зы щIыпIэм икIрэ адрейм Iэпхъуэу куэдрэ екIуэкIащ. ИкIэм-икIэжым Мрамор тенджызым и Iуфэм пэмыжыжьэ Гёнен жылагъуэм дотIысхьэ. I884 гъэм абы къыщалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ хъуну щIалэр.
Хьэткъуэм литературэм и гъащIэр пищIэну и пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. И ныбжьыр илъэс пщыкIутI фIэкIа мыхъуауэ, Умар Эдерне къалэм дэт дзэзешэ еджапIэм щIотIысхьэ. Ар къеухри, Истамбыл макIуэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурад иIэу. ИкIи абы «Мектебе Хьэрбийе» еджапIэ нэхъыщхьэр къыщеухри, илъэс зыбжанэкIэ дзэм къулыкъу щещIэ.
I908 гъэм екIуэкIа революцэм и ужькIэ Тыркум куэду къыщыдагъэкIыу щIадзэ сатирэ, гушыIэ журналхэр. Абыхэм къытрадзэ усэхэр, хъыбархэр икъукIэ къащхьэщыкIырт япэрей классикэ сатирэм и щапхъэхэм. Тхыгъэхэм я нэхъыбэр пэджэжырт зэманым къигъэув къалэнхэм, литературэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм я зэныкъуэкъум. Абыхэм яхэтт пародиехэр, эпиграммэхэр. А зэманым щыIа тырку сатирэм и гугъу щащIкIэ, япэу зи цIэ жаIэр Хьэткъуэ Умарт. Абы и тхыгъэ гъэпсыкIэм и лъабжьэщ псэ щабагъэр, гу пцIанагъэр, Iущыгъэ зыхэлъ акъыл гъэтIысакIэ къэIуэта гупсысэхэр, апхуэдэуи хъуэр, гушыIэ шэрыуэхэр.
Сэ тырку литературэм и новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъа, зи IэдакъэщIэкIхэм дунейпсо литературэм увыпIэшхуэ щиубыд тхакIуэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Сейфеддин Омер (Хьэткъуэ Умар) и хъыбарым нэIуасэ сызэрыхуэхъуам теухуауэ мыр къэсIуэтэжынут. 20I4 гъэм Тыркум щыдгъэкIуа махуэхэм ящыщ зыр зытедухуар тхакIуэр къыщалъхуа щIыпIэмрэ Гёнен къалэ дэт и фэеплъымрэ зэдгъэлъэгъунырт.
Истамбыл брам (паром) абрагъуэм дыщитIысхьэри, Мрамор хым сыхьэтитIым щIигъукIэ дызэпрысыкIащ. ЦIыху 800-рэ машинищэм щIигъунрэ къызэщIикъуэу псыщхьэм теува кхъухьым техникэ и лъэныкъуэкIэ и лъэщагъым уемыгупсысынкIэ Iэмал иIэкъым брамым ущискIэ. Хы щхьэфэр зэгуипхърэ лъэужь къэукъубеяр къигъанэу кIуэцIрыкI паромым ис цIыхухэр зэшыркъым, балигъхэр тхылъ йоджэ, щхьэгъубжэм доплъ, мэуэршэр, сабийхэр щыджэгун плIанэпэ хэха иIэщи, я унэ щIэсыж хуэдэщ – мэкъакъэ-мэпщIыпщI. ШхапIэр щхьэхуэщ, тыкуэн хэтщ, кIэщIу жыпIэмэ, сыхьэтищым нэблагъэр щыбгъэкIуэныр гугъукъым икIи зэшыгъуэкъым.
Брамыр Бандырма кхъухьтедзапIэм есылIэри, щхьэж и машинэ исыжу щIым къытелъэдэжащ я Iуэху здэщыIэм кIуэну. Дэ километр 44-кIэ Бандырма пэIэщIэ Гёнен къалэ дыкIуащ. Абы къыщытIущIащ а къалэм щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ГъущI Гюролрэ (убыхщ) абы и къуэдзэ Аслъэн Гъазмирэ (къэбэрдейщ). Хасэм драгъэблагъэри я Iуэху зыIут, я зэхыхьэкIэ-зэхэтыкIэм дыщагъэгъуэзащ. Тхьэмадэр щылажьэ, цIыхухэр щызэхэс, шей щефэ пэшхэр къэтплъыхьащ, адыгэм и тхыдэр къызэрыщ сурэтхэр, картэхэр блынхэм фIэдзати, зэдгъэлъэгъуащ, Хасэм и тхьэмадэу щытахэм я сурэтхэр фIэлъти, абыхэм я цIэри зэдгъэщIащ.
- Унагъуэ щитI хуэдиз дэсщ Гёнен, къуажэ I5 къепхащ, - къыддогуашэ Аслъэн Гъазми. – Абыхэм нэхъыбэу абазэхэхэр, шапсыгъхэр, убыххэр щопсэу. Сэ схуэдэу нэхъ жыжьэ къикIауэ, къэбэрдей унагъуэ зытхух дэсу аращ. Сэ сыкъыщыхъуар Къайсэрщ, мыбы сыкъэIэпхъуауэ илъэс 20-м щIигъуауэ сыщопсэу, сыщолажьэ.
 Гупыж зиIэ псори мы Хасэм къыщызэхуосри, я бзэр зэрагъащIэ, сабийхэр лъэпкъ къафэм щыхуагъасэ. ЦIыху нэхъыбэ къыщекIуалIэр щэбэт, тхьэмахуэхэрщ, адрейхэм мэлажьэри, щIалэгъуалэ куэд ущрихьэлIэнукъым. Ауэ зи ныбжь хэкIуэтахэр сыт щыгъуи къыщIыхьэу, щызэдэуэршэру, нэхъыщхьэращи, я анэдэлъхубзэкIэ щызэпсалъэу апхуэдэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, илъэс 40-м нэмысахэм бзэр фIыуэ ящIэжкъым, ауэ адыгэбзэр зэзыгъэщIэжыну хуей щIалэгъуалэ куэд щыIэщи, егъэджакIуэхэр ядолажьэ.
Кирилл алыфбейращ ныбжьыщIэхэр зэредгъаджэр. Ар латин хьэрфхэм хуэгъэкIуэн хуейуэ зэрыжаIэм дегъэщхьэжагъуэ. Латин алыфбейм техьэну жызыIэхэр лъэпкъым и епцIыжакIуэу къызолъытэ сэ. Пэжщ, Адыгэ Хасэм къекIуалIэ цIыкIухэм къохьэлъэкI, ауэ хуейм зригъэщIэнущ. Хьэрфыпкъ зэмыщхь Iэджэм тет бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрагъащIэ цIыхухэм. Дэ адэжь хэкум къикIыу къытIэрыхьэ адыгэбзэ тхылъхэр псори зэрытхар кириллщ. Сэ сызэреплъымкIэ, дэнэ къэрали щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэр кириллкIэ яджын хуейщ.
Гюролрэ Гъазмирэ ди зэманыр тхузэрагъэзахуэу дыщIэкIуа псори зэрытхузэфIагъэкIыным егугъуащ. Хасэм щедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэм къыкIэлъыкIуэу бысымхэм дашащ Сейфеддин Омер и фэеплъым деж. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар зэрыт утыкуми, абы бгъурыкI бульварми ди лъэпкъэгъу тхакIуэ телъыджэм и цIэр зэрахьэ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ хэкурысхэм Хьэткъуэр дэзыгъэцIыхужар. Сейфеддин Омер и новеллэхэр адыгэбзэм дахэу иригъэзэгъащ Къэрмокъуэ Хьэмид. ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ бысым щIалэхэмрэ Хьэткъуэм и фэеплъым удз гъэгъа Iэрамэ тралъхьащ а махуэм.
АдэкIэ дэ дыщыIащ дунейпсо литературэм и классикым и цIэр зэрихьэу Гёнен дэт библиотекэм. Абы студентхэр щоджэ, щолажьэ, Омер и IэдакъэщIэкIхэр иту къыдэкIа тхылъ псори, нэгъуэщI куэди щыбгъуэтынущ. Мы къалэм къыщыхъуа щхьэкIэ, Омер и гъащIэм и нэхъыбэр щигъэкIуар, щылэжьар Истамбылщ, щыщIалъхьари аращ. Щыхьэрышхуэм дгъэзэжа нэужь, дэ зэдгъэлъэгъуащ Зинджирлик хьэблэм дэт кхъэм щыIэ и кхъащхьэри.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: