ЩIыуэпсыр егъафIэ

Дыкъэзыухъуреихь дунейр гурэ псэкIэ щызыхыбощIэ Фазиль Искандер и усыгъэм, щIыуэпсым и хьэлыр, зэманым и кIуэкIэр къыщыбгуроIуэ.
ГукъэкIыж щыпхышащ и усыгъэм, дэтхэнэри и гъащIэ хигъэплъэжу! Искандер и усыгъэр узэрыбауэ хьэуам къыхонэ, дахагъэ гуэр щыплъагъукIэ усэхэм хэт псалъэхэр уигу къагъэкIыу.
Искандер и усыгъэм къыхощ гъэмахуэ курыкупсэ: Iэщ хъушэр псым зэпрокI, Iэщыхъуэм дыIуощIэ, кхъуей ягъэгъум Iугъуэмэ къыпех, псыкъелъэм и макъ зэхыбох, псынэпсым и IэфIыр, хьэуам и къабзагъыр зыхыбощIэ, пцIащхъуэхэм къалъэтыхь, хьэм и кIапэр егъэджэгу.

Фазиль Искандер
Къызоджэ бгыхэр

Къызоджэ бгыхэр, бгыхэр, бгыхэр,
Я лъапэм къыщыщIэж псынэпсыр.
ЩызекIуэрт уафэм пшэ щIэрыпсхэр.
Сэ щIэгъэкъуэнкъым сызылъыхъуэр,
Сэ сапыщIащ а бгыхэм къуэпскIэ.
СопщIыхь иджыри губгъуэ псыфхэм.
Сэ сыIухьэнути псыкъелъэм
Сеплъынт: псы кIапсэхэр кIэзызу
Хьэуам къыщыфэрти телъыджэу!
Пщыхьэщхьэ пшэплъ уафэбгъум изу
Къищыжырти псы-гъуджэм!
Мес, балиейм къудамэ лантIэр
Псы нэпкъым хуэму щхьэщеупскIэ.
Псы Iуфэм щаубгъуауэ щIакIуэр,
Щытоу мэлыхъуэ лIыжьхэр.
Сэ згъэзэжынут бгым я лъахэм!
КъэсщIэжу си гур зыщIэгъуахэр.
Си нэгу щIокIыжыр: дыгъужь анэм
ЩэIужу и дзэр зэригъэшхырт,
ЗэпишхыкIынути гъущI хъарыр.
Iугъуэмэр-щэ! Хьэуам хыхьауэ,
ДокIуейри хокIуэсэжыр пшэм.
Зэман нэхъ IэфIхэр щызгъэкIуауэ,
Си адэжь пщIантIэм пэсщIыжауэ,
Си нэгум къыщIохьэж шэтэр.
Iугъуэм едгъэурти, тхъур пыжу,
Дыгъэм и плъыфэу кхъуей хъурей!
Сыкъегъэхуабэ гукъэкIыжым!
Абы нэхъыфIи сыт сыхуей?!
Мес, губгъуэ бейм щыхъуэкIуа жэмхэм,
Я шхуэлыр гъэшым къызэгуичыу,
КъызэранэкIри мэз кIырхэр,
ГъэзэщIэжыным хуэхьэзырхэу,
Псыежэх щIыIэм зэпрокI.
Ныбжьэгъухэ, сэ сыфщIыгъущ иджыри,
Дгъэпэжкъэ псалъэр тхьэрыIуэншэу!
Дэ куэд тлъэкIащ, тлъэкIынщ иджыри,
Бгыр дякум дэтмэ джэрпэджэжу.
Къэзгъэзэжынущ, къэзгъэзапэу.
Мэзым пхырокIри лъэс лъагъуэ,
Абы теувэм зэ си лъапэр,
Сыхьыхьэжынщ дуней абрагъуэм.
Абдежым, куэбжэр пэкIэ Iуихыу,
Сэ къыспежьэнущ хьэ Парий.
И кIапэр гуфIэу игъэджэгуу.
Къыдэлъеинкъэ ар си бгъэгум!
Абы нэхъ фIыгъуи сыхуэмей!

Псынэ
Дэшхуей жыгыжь зыщхьэщыт псынэр
Сэ щысхъумэнт сыт хуэдэ Iейми.
Къыхих къысфIощIыр сэ гъущIымэ
Псы щIыIэмыл къыдрикIейм.

Зэгуэрым, къыщикIухь къуэкIийм
Псы щIыIэ Iейуэ щыхуэлIауэ.
Си адэшхуэм ар ехат и джийм,
ЖиIат: «Мыбдеж щызмухуэм унэ, дауэ?!»

Псынэпс! Къабзащэу, узыпхыплъу!
Псэ зыIут псори игъэтхъэжу.
Зэ пIухуэххамэ щIыIэмылу,
Iэпкълъэпкъым псэщIэ къыхилъхьэжу.

ЩIы щIагъ кърикIуэ псым и IэфIыр
ЦIыхухэм зыхащIэри, IуащIащ
И щIагъкIэ Iэщыр яхур псафэ,
АбыкIи псынэр сэбэп хъуащ.

Псынэпсыр уэру къыдрикIеймэ,
Къару мыкIуэщI къыпфIощIыр хэлъ.
ТкIуэпс удзыфэшхуэ ипхъ нэхъейуэ,
Къудамэм тхьэмпэ пегъэлъэлъ.

Пщэдджыжь къэсыху, кхъуэщыныр сIыгъыу
Псом япэ псынэм сэ сынэст.
КъысIэщIэна кхъуэщыныр кIыргъыу
Сэ си гур Iэджэм, Iэджэм нэст.

Псынэпсым хэплъэрт хьэцыбанэр,
Нэ пIащэ хъужуи, сыдихьэхт.
Зы бэдж цIыкIу закъуи, лъакъуэ жану,
Псы щIыIэмылым щхьэщыцIэфтт.

Шу блэкIыу, псынэм къыIущIамэ,
Абдежым шым къыжьэдикъуэнт.
«ЩIалэфI, сегъафэт зы псы фалъэ!»
ЖиIэнти, си гур хигъэхъуэнт.

УдзыпцIэм щигъэджэгут и фIалъэр,
Гъуэгужь зыкIуа шы увыIам.
Псы ефэ шум и натIэ зэлъэм
ЩыупщIыIужт, пщIэнтIэпс къекIуар.

Махуэшхуэ хъуамэ, фадэ пIащIэм
Игъэчэфаи къэхъут щыплъагъу.
Псынэпсым деж, дэшхуейм и щIагъым
ЩыIурихыну, пIэ яубгъут.

Хьэблэ хъыджэбзхэр псым зэрыхьырт,
КъагъэIут абыхэм дыхьэшх макъ,
Дэшхуей къудамэм къуэзэрыхьрэ
Псы зытракIэмэ – кIий макъ.

Уоу, сытым хуэдэу къыхэскIыкIрэт,
Я макъ кIэзызыр хьэуам хэзу!
Я дамэ пщтырхэм мо псы щIыIэр
ЩагъэлъеижкIэ дыжьын щIыIуу,
Пщащэ Iэпкълъэпкъым къыхихут гъуэз.

ЗэзыдзэкIар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться:

Читать также: