ЦIыхугъэшхуэм и щапхъэт

«Зауэр лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэщ», - жиIащ пасэрейм. Апхуэдэ куэдым адыгэр къыпхрыкIащ, и напэр, и псэр къабзэу, и нэмысыр лъагэу. Тхыдэм мымащIэу къыхэнащ ди адэжьхэм ябгъэдэлъу щыта лIыхъужьыгъэмрэ яIа зэфIэкIымрэ теухуа тхыгъэхэр. Зыщыдгъэгъупщэ мыхъунухэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм и зэманым Беслъэней къуажэдэсхэм зэрахьауэ щыта лIыгъэри.  

Псом хуэмыдэу фIыщIэ яхуэфащэщ Ленинград блокадэм къыхаша сабийхэр зэзышэлIа адыгэ бзылъхугъэхэм. Мы Iуэхум теухуауэ фильм трахауэ щытащ «Бесленей. Право на жизнь» и фIэщыгъэу. Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ Шэрджэс драмэ театрым мы гупсысэр и лъабжьэу,   игъэува спектаклри Налшык къалэм Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щагъэлъэгъуауэ щытащ.

…1942 гъэм и шыщхьэуIу мазэм беслъэнейдэсхэр гъэунэхупIэ ихуат. Бийм къиувыхьа Ленинград къалэм къыдаша сабийхэр зэрыс мафIэгур Кавказым къэсын щхьэкIэ мазиплIкIэ гъуэгу тетат. Армавир (Ермэлыхьэблэ) къэсыпатэкъым фашистхэм эшелоныр щызэтракъутам. Абы къела сабий зеиншэхэр мэжэщIалIэрэ къарууншэ хъужауэ шыгухэм ирагуашэри, зы жылэм дэкIрэ адрейм дыхьэурэ (щIакхъуэ Iыхьэ къыхуаший фIэкIа нэгъуэщIкIэ зыкъыщIамыгъэкъуэфу), сытми, Беслъэней къуажэм и Iэгъуэблагъуэхэм шыгухэр къэсащ. А тхьэмыщкIэ гупыр къыщалъэгъуам, жылэдэс цIыхубзхэр къэуIэбжьат, зэщIэгъуэгат, ауэ зыгуэр щIэн хуейти, зэчэнджэщыжри, сабийхэр IэплIэкIэ къащтэурэ унагъуэ-унагъуэкIэ зэбграхащ. Арати, зы жэщым и кIуэцIым Беслъэней къуажэр сабий 32-кIэ нэхъ бей хъуат. Бзылъхугъэхэр еплъакъым сабийхэр зыщыщ лъэпкъми, (я нэхъыбэр нэмыцэм игъэкIуэдыну зыщIэхъуэпс журт лъэпкъым щыщт). «Адыгэм и хьэлкъым гуауэ къызыщыщIам и щIыб хуигъазэу», - арат бзылъхугъэхэм я гупсысэр зытеухуар.

А зэман хьэлъэм щыгъуэ жылэдэс цIыхубзхэм щIэгъэкъуэныфIу яIар колхозым и тхьэмадэ Лэхъу Хъусинрэ старостэ Уэхъутэ Мырзэбэчрэт.  Абыхэм я къару къызэрихькIэ жылэр зэкъуэту, епцIыжакIуэ къахэмыкIыу зэтраIыгъащ. А тIурщ зи фIыгъэри Ленинград блокадэм къыхаша журт сабийхэм я цIэхэр Беслъэней къуажэм дэсхэм я цIэ-унэцIэхэр зэрыт тхылъым псынщIэгъуэкIэ зэрыратхар.  

Агъыржьэнокъуэхэ, Адзынхэ, ГъукIэкъулхэ, Мырзейхэ, Къардэнхэ, Къамбийхэ, Уэхъутэхэ, Цейхэ, нэгъуэщI унагъуэхэми я бын хъуа сабийхэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм щахъумат, икIи зэралъэкIкIэ гъуэгу зырыз трагъэуват.

Нэхъ зэман дыджу ди тхыдэм къыхэна Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди нэхъыжьхэм цIыхугъэшхуэ зэрызэрахьар дэркIэ щапхъэфIщ. Абыхэм бэлыхьу яшэчамрэ лIыгъэу зэрахьамрэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Хахуагъэ, лIыхъужьыгъэ къэзыгъэлъэгъуа цIыху псэемыблэжхэм я фэеплъми пщIэ хуэщIыпхъэщ.

 

 

 

 

 

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: