Хьэмтал и пшыхь гукъинэхэрДи адыгэ IуэрыIуатэм лъагъуныгъэ хуэщIынымкIэ си гъащIэм щIыпIэшхуэ щеубыд си егъэджакIуэхэм къинэмыщIауэ, сызэрыцIыкIу лъандэрэ зи таурыхъ, хъыбар мыухыжхэм сащIэдэIуу сыкъэзыгъэтэджа си адэ къуэш Шэрджэс Хьэмтал. Ар нэгъэсауэ хуэIэижьт адыгэ IуэрыIуатэм и теплъэу хъуам: таурыхъхэм, шыпсэхэм, къебжэкIхэм, хъыбарыжьхэм, уэрэдыжьхэм. ШыкIэпшынэ, къамыл хуэдэхэм емыуэфми, адрей псоми хэзагъэрт, дахащэу гуп зэхигъэст, къыхуэт щымыIэжу и гуащIэкIи, и ерыскъыкIи жумартышхуэт. Адыгэлхэм, апхуэдэр лIыгъэуи къащымыхъуу, махуэ къэс къызэрыгуэкI я гъащIэм щызэрахьэрт лIыгъэкIэ узэджэ хъун Iэджи. Апхуэдэт Хьэмтали. Ар и закъуэу вы IэжьитI зэкIэрыщIакIэ Къэсейхьэблэ (Хьэбэз) икIырти, Шелканкэ кIуэрт (километри 110-рэ дэлъщ), мэкъу IэжьитI кърилъхьэрти, къэкIуэжырт, гуахъуэ нэхъ Iэщэ имыIыгъыу, выхэм къатебэнэну пылъ дыгъужьхэм абыкIэ езауэу. Езы Хьэмтал къызэрымыкIуэу пкъы псынщIэт. Шыбэгукъуэ мэл пщыIэм тесу, абы мэз бжэн ирихужьэри, кърихуэкIыурэ игъэмэхри, зэрыпсэууэ къиубыдыгъат. Си нитIкIэ слъагъуу, адыгэ хакIуэм адыгэ уанэ лъагэри телъыжу къыхуагъэуври, лъэбакъуэ зытхух нэхъ къыIумыкIуэту щхьэпрылъат, уанэ щхьэнтэр нэхъ здэлъахъшэмкIэ зыхуимыгъазэу. Мэлыхъуэ башыр игъэувырт, ар IитIкIэ иубыдырти, башым и щхьэкIэр имыгъэсысу, и пкъыр кърихырт, турникым деж зэрыщащIым хуэдэу. Хьэмтал хьэсэпэхъумэу, мыхъумыщIагъэ къезыщIа щIалэр шыгу зэрысымкIэ щIэпхъуэжат, шитIыр теутIыпщхьарэ хьэмкIэу. Езыр абы кIэлъыщIэпхъуэщ, гум ипкIэри щIалэ еIуящIэр къиубыдат, а лъэхъэнэм езым и узыншагъэр мыщIагъуэж пэтми… А си адэ къуэшым апхуэдэ хъыбару теIукIам гъуни нэзи яIэкъым. Адыгэхэм бжьыхьэ щIыIэр къэблагъэу бадзэхэр щымыдымыж зэманым деж, «бжьыхьэ укIын, щIымахуэ шхын» - жаIэрти, мэл-бжэнхэр яукIыурэ, бгъуэ щIауэ палъэжырт, шыуарэ бо тхыцIакIуэхэм фIэдзауэ, джэдуи дзыгъуи лъэмыIэсыну. Сэ сощIэж Хьэмтал апхуэдэ бгъуэуэ пщыкIутхум нэс пилъэжу щыщытар. Пэжу, ахэр езым и закъуэ ейтэкъым, и ныбжьэгъухэми къыхуашэрт бжьыхьэ гъэлъэхъу пшэрхэр, бгъуэ ирагъэщIыну. Сыту жыпIэмэ, я зэхуэсыпIэу, щIымахуэ псом я зэштегъэупIэу яIэр Хьэмтал и унэрат. И щхьэгъусэ Муслъимэти «зи IэгуитIыр зи Iэнэ» жыхуаIэм хуэдэт, хьэлэлт, и унагъуэр зыхуэфIыр къихьэм щимыущэхуу. ФIы дыдэу зэрылъагъуу, къызэдэхъуа-зэдэлажьэ защIэу а унагъуэм сыт щыгъуи къызэхуэсхэт МыкIытIэ ХъуатIэ, Тыуаршы Алий, Мэзукъэбз Умар, ДыщэкI Исмэхьил, Даур Хьисэ, Тхьэкъуахъуэ Шотэ, Мысрокъуэ Исхьэкъ, си адэ къуэшхэу Iэмин, Индрис, си адэ Инус сымэ. Абыхэм нэгъуэщIхэри къащыхыхьэжыр мащIэтэкъым. А зэныбжьэгъухэр зэхуэса нэужь, фадэр я нэрыгъыу зэи слъэгъуакъым, зыгу-зыщхьэ жыхуаIэм хуэдэу зэхущытти, яIэм щыщу зыри къуагъ зэхуащIыртэкъым. СызэрыцIыкIу лъандэрэ абыхэм сащIэдэIуурэ сыкъэтэджати, жьэм къемыкIу псалъэрэ гуо макърэ къахэIукIыу зэи зэхэсхакъым, щыгушыIэкIэ, зэкIэщIэтIэу, щIэнэкIалъэ зэрыщI пэтми. Я сэмэркъор гум еуэртэкъым, цIыхур зыгъэикIэу и пIэ къизыштэкъым, дахэт, узыгъэнэщхъыфIэт. ЗэрызэхэтIысхьэу, япэ бжьэр къытрагъэзэжу зэIузыгъэщIа Тхьэм хуаIэтырт, фIыщIи хуащIрэ иджыри куэдрэ зэхуэсыну лъэкIыныгъэ къазэрыритыным щIэлъэIуу. Абы иужькIэ, хуэмурэ икIи шэщIауэ, дунейми хэгъэгуми щыхъыбархэм тепсэлъыхьырт, мащIэ тIэкIу ирагъахъуэмэ, бжьэм хъуэхъу дахэ тражыIыхьу, ерыскъым нэхъ егугъуурэ, адыгэ хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ хыхьэжхэрт. Мис абдежырат сэ сыт щыгъуи сызэжьэу къысхуэмыгъэсыр! Фади ямыIуэхуэжу куум зэрыхэшэрт, зым дигъэхуар адрейм щIигъужурэ, ди лъэпкъым и къэхъуа-хъужахэр кърагъэкIуэкIырт, жаIам и пэжыпIэм иризэдэуэжхэу. Хьэмтал и ныбжьэгъухэм Iэнэ къахуищтэн фIэфI дыдэу, езыри гупзешэ хъарзынэу щыт пэтми, фадэр и жагъуэт, адыгэ махъсымэ тIэкIу нэхъ, уи аркъэи шагъыри пхузыIуилъхьэнутэкъым. А и щэныр и ныбжьэгъухэм фIыуэ ящIэрти, я фадэр кIащхъэ хъуауэ зэралъагъуу: - Уэлей, мы Хьэмтал мыхъуми зы бжьэ егъэфэн хуейкIэ! – жиIэрти, зыгуэрым къахидзэрт. Адрейхэми ар къыдащтэ хуэдэу защIырт. Ар зэрызэхихыу, Iуэхур зытетыр Хьэмтал къыгурыIуэрти: - Хъунщ-хъун, джаур простоижь гуп, иджыпсту сокIуэ! – жиIэрти, къыщIэкIырт, е езыр фадэхьэ кIуэрт е нэхъыщIэ гуэр игъажэрт. Сэ абыхэм я зэхущытыкIэ дахэм, зэрызэхуэгумахэм, я хъыбар мыухыжхэм, уэрэдыжьхэм зэи темыкIыжын IэфIыгъэу си гум къралъхьащ Хэку фIылъагъуныгъэр, адыгэ щыпкъагъэр, нэмыс къабзэр, зи куууагъыр лъащIэншэ ди анэдэлъхубзэм пщIэуэ хуэсщIыр, гъащIэ хьэлъэм и гугъуехь псоми узэрытекIуэфын къарууэ зэныбжьэгъугъэр, гушыIэ дахэр, щхьэр зыми хуэмыгъэлъэхъшэныр зэрыщытыр! Си гъащIэм зыгуэр щыслъэкIамэ, зи фIыщIэр абыхэм къахэсха гъэсэныгъэмрэ щапхъэ дахэхэмрэщ! Еянэ классым сыхэст сэ абыхэм я Iэнэ кIапэ къызапэс щыхъуам, абы ипэкIэ, сахэдэIухьми, бжэ къуагъ къуэсущ сызэрыщытар. Пасэу мандолинэм сеуэу зезгъэсати, а гуп дыгъэлыр зэрызэхуэсу, дэнэ сыщыIэми сыкъагъуэтырт, сызыхашэрти, макъамэу къизгъэкIыф псоми срагъауэрт, адыгэ уэрэди, а зэманым убгъуауэ ягъэзащIэу щыта урыс уэрэд хъарзынэхэри кърызагъэшырт, езыхэм жаIэхэми зэрыслъэкIкIэ садежьурт, макъкIэ е пхъэ пшынэмкIэ. Ауэ школыр къэзухыу, дзэ къулыкъури сщIэкIыу къэзгъэзэжыху, а лIы хъарзынэхэм зы къахэкIакъым къыздэгушыIэ хуэдэуи бжьэ къысхуишиину! АбыкIэ сэ абыхэм пщIэуэ ноби яхуэсщIым гъунэ иIэкъым. Къулыкъум сыкъикIыжри, институтми сыщIэтIысхьауэ, сэр щхьэкIэ Хьэмтал и ныбжьэгъужьхэм яхуищI пшыхьым дежщ япэ дыдэу фадэбжьэ къыщысхуашияр. Ар си пащхьэм кърагъэувэщ, хъуэхъу тражыIыхьри, си адэмрэ си адэ къуэшхэмрэ щIэсу сэ бжьэ къазэрыхуэзмыщтэнур ящIэрти, ахэр псори щIагъэкIри къызагъэIэт, ауэ сэ бжэ къуагъымкIэ зызгъазэри, итIанэщ къызатам сыщыхэIубар. ЩIагъуэ дэмыхуу сэ абыхэм сахэсащ ажал щысхьыншэр зэныбжьэгъужьхэм къахэIэбэу щIидзэху. Псом нэхъапэу а гущIэгъуншэм яхиудар гупыр зэхуэзышэс, зи ерыскъыщхьэ игъащIэм тезымыпIа ди Хьэмталт. Зыхьари иджыри зи Iэзэгъуэ къахуэмыгъуэта лышх узыжьрат. ТIэщIэкIащ псоми шхэпсу къытхэта ди адэ къуэш хьэлэлыр. Пасэу ибэу къанэри, мы дунеижьым абы тыншыгъуэ щиIакъым, хуэмыарэзыуи зы цIыху къызэринэкIакъым. Езыр цIыху щабэт, гуапэт, хэт зыкъыхуигъэзами, зыгуэр лъэкIыххэнумэ, «хьэуэ» жриIэртэкъым. Зыми щымыукIытэжу, лIы хьэдагъэ хуащIауэ щытащ абы и ныбжьэгъухэм. А гуп хъуэпсэгъуэм ящыщу нобэ зыри псэужкъыми, зи пащхьэ ихьэжар арэзы къахухъу, дэ дазэрыхуэарэзым хуэдэу… КъызэрымыкIуэу хъуэпсэгъуэт а зэныбжьэгъужь гупым уахэсыныр, уахэдэIуэныр. ЦIыху ныбжь къэс езыхэм я нэгущIэкIрэ дуней тетыкIэрэ къалъосри, зэхахари, ялъэгъуари, фIыуэ якIэрылъари здахьыж дунейм щехыжкIэ, абы гъазэ иIэкъым. Дэтхэнэ IуэрыIуатэми и бий шынагъуэр зэманращ. IуэрыIуатэр зыжьэдэлъ нэхъыжь гурыхуэхэм игъуэу къаIыдмыхыфмэ, лъэпкъым и Iущыгъэ телъыджэхэр лъэужьыншэу мэкIуэд. Мы Iуэху щхьэпэм хэтыпхъэт щIэныгъэ зиIэ, зи лъэпкъым гудзакъэ хузиIэ дэтхэнэри. Сыт хуэдэ гурыхуагъ уимыIами, ди жагъуэ зэрыхъущи, щхьэкIэ къэбубыду псори пхуэIыгъкъым. Сэри куэд сIэщIэкIащ а ди пэшым щыжаIахэм ящыщу, а зэманым магнитофон зэрызимыIам къыхэкIыу. Ауэ I952 гъэм къыщыщIэдзауэ тхылъымпIэ лIэужьыгъуэу згъуэтыр зэдэздэурэ зэзгъэпэщауэ щыта тхылъэжьым (тетрадым) истхэу щIэздзат а ди Хьэмтал и ныбжьэгъухэм къахэIукIа хъыбарыжьхэм ящыщ. ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться:
Читать также:
29.11.2024 - 14:18 →
Республикищым я цIыхубэ тхакIуэ
26.11.2024 - 12:26 →
Бекъул Барэсбий и гукъэкIыжхэр
25.11.2024 - 16:50 →
Си анэшхуэм и щапхъэ
22.11.2024 - 15:14 →
Адыгэ литературэ гушыIэмрэ ауанымрэ
21.11.2024 - 12:17 →
Лъэпкъыр ефIэкIуэнырт и хъуэпсапIэр
|