ЛЪЭПКЪ ПРОЕКТХЭР МЭЛАЖЬЭ

Псы къабзэкIэ къызэрагъэпэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, щIы щIагъым псы къабзэ къыщIэзыш инженер ухуэныгъэхэр Лашынкъей къуажэм къыщагъэщIэрэщIэж. Псы зэфэнкIэ абы къызэрегъэпэщ жылэм щыпсэум и нэхъыбапIэр, цIыху 4000 хуэдиз.
«ПсэупIэмрэ къалэр зэIузэпэщ щIынымрэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «Псы къабзэ» къэрал проектырщ а лэжьыгъэм трагъэкIуадэ мылъкур къызыхэкIар. А Iуэхугъуэм хыхьэу псы зэрыщIэж системэр зэрагъэпэщыжащ, бжьамийхэр ирашэлIащ, линиещIэхэр къыхашащ. Псыр щIым къызэрыщIаш Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр къагъэщIэрэщIэжащ, ар тэмэму лэжьэн папщIэ, иджыри апхуэдэ зы каптаж ягъэувынущ.
«Псыр къыщIэзыш инженер ухуэныгъэмрэ псыр зэрыщIэжымрэ къэгъэщIэрэщIэжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэремыкIуэкIрэ илъэс 40-м нэблэгъащ, аращ ар «Псы къабзэ» программэм щIыхэдгъэхьар, абы и мыхьэнэр къыдгурыIуэу. ТхузэфIэкI къэдгъанэркъым ди къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн папщIэ. Нобэрей объектым ехьэлIа лэжьыгъэхэр мы бжьыхьэм зэфIэдгъэкIыну мурад диIэщ», - жиIащ къуажэ администрацэм и унафэщI Хьэгъэжей Хьэсэн. 
Лашынкъей къуажэм дэт «Псынэгуагуэ» псынэм цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Проектым и фIыгъэкIэ къуажэдэсхэм псы къабзэ яIэнущ, я псэукIэри нэхъ тынш, шынагъуэншэ хъунущ. 

Къуажэдэсхэм яфI зыхэлъхэм егупсысу

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Псынэдахэ къуажэм цIыхухэм зыщагъэпсэхун парк къыхузэрагъэпэщ «ПсэупIэмрэ къалэр зэIузэпэщ щIынымрэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «Къалэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзэп» къэрал программэм ипкъ иткIэ. 
Дзэлыкъуэ районым и щIыпIэ администрацэм и IэщIагъэлI Къанкъул Азэмэт зэрыжиIамкIэ, иджыпстукIэ паркыр къахухьащ, лъэс лъагъуэхэм къанэ щымыIэу плиткэхэр тралъхьащ. Апхуэдэуи щIыпIэр къызэрагъэнэхуну уэздыгъэхэр падзащ, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыхухэр зрадзэнухэр ягъэуващ, жыгхэр хасэ. 
Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр икIэм нэсащ, паркым цIыхухэм зыщагъэпсэху хъуным пыщIа иужьрей Iуэхугъуэхэр зэфIагъэкIыж. Ар къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ узыншагъэм щыкIэлъыплъ медпунктымрэ пэгъунэгъущ. Япэм щIы нэщI бгынэжауэ, ежьужьхэм зэщIащтауэ щытар, иджы нэр зыгъэгуфIэ, къуажэдэсхэм зыщагъэпсэхун жыг хадэ дахэ хъуащ. 
ЦIыхухэр зэкъуэзыгъэувэ, нэхъри зэгъунэгъу зыщI IуэхугъуэфIхэри паркым щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкIыну я мурадщ. Къуажэм дэс цIыху 1600-м нэблагъэм ар я кIуапIэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым. 
Зи гугъу тщIы программэм ипкъ иткIэ мы махуэхэм Дзэлыкъуэ районым къыщагъэщIэрэщIэж цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэу 4.
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: