Календарь событий

16 апреля 2021

Дунейм щыхъыбархэр

Путин Владимиррэ Байден Джозефрэ зэпсэлъащ

Дунейм щынэхъ лъэщ къэралхэм ящыщщ Урысей Федерацэмрэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ - абы шэч къыщIытепхьэн щхьэусыгъуи щыIэкъым. АтIэ а лъэщагъыр зэпымыууэ ягъэлъэгъуэн хуейуэ къызэралъытэр армырауэ пIэрэ а тIур щызэфIыр мащIэрэ щызэпэщIэтыр нэхъыбэу къыщIэгъуэгурыкIуэр, лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэ жыхуаIэм хуэдэу, зым и ехъулIэныгъэхэр адрейм ирифыгъулIэ хуэдэ?

Мэрем пшыхь

Бжыгъэ Зы и закъуэу псэурти, зэшырт. Гугъущ уи закъуэу упсэуну. Ар фIыуэ ищIэрт Зы. «Куэдщ си щхьэ закъуэ-си лъакъуитIу сызэрыпсэуар. Сежьэнщи, гъусэ схуэхъун гуэр къэзгъуэтынщ», - жиIэри Зы гъуэгу теуващ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыгъэщIэрэщIэжынымрэ къыщыгъэсэбэпынымрэ я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№16-ПП
2021 гъэм мазаем и 15-м               Налшык къалэ

Дахагъэм и гъуджэ

«Кабардинка» къэфакIуэ гупыр къы­зэ­рызэрагъэпэщам теухуауэ дэфтэр пыухы-кIахэр щIэлъкъым КъБР-м и архив Iуэху-щIапIэм. Зэрыхабзэщи, сыт хуэдэ художественнэ гупми гъащIэм лъэбакъуэ щичауэ къыщалъытэр ар цIыхухэм япэу щаIущIарщ. 

Красножан и гъэсэнхэр Инджылызым макIуэ

Ди лъахэгъу цIэрыIуэ Красножан Юрэ япэ ехъулIэныгъэ ин Урысей Федерацэм и цIыхубз футбол командэ къыхэхам къыщихьащ - абы и гъэсэнхэм хуитыныгъэ ягъуэтащ гъэ къакIуэ Инджылызым щекIуэкIыну Европэм и чемпионатым и кIэух зэпеуэм хэтыну.