Календарь событий

14 апреля 2021

Жэрдэм телъыджэхэр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт академик гуп. 2001 гъэ

 

 

Дунейм щыхъыбархэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым дыщэ гъэтIылъыгъэхэри иIэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм дыщэ щIэлъу иджыблагъэ къыщагъуэтащ геологхэм. ЩIыпIэр пэжыжьэкъым Тырныауз вольфрам-молибден къыщIэхыпIэм.

Вагъуэхэм хуэдэу гъуэгум фыщылыд

Къэбэрдей-Балъкъэрым Космонавтикэм и махуэм и  щIыхькIэ ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм сабийхэр ящIыгъуу  ирагъэкIуэкIащ «Сияй на дороге, как звезда на небе» зыфIаща Iуэхугъуэ.

Зыужьыныгъэм хуича лъэбакъуэ ин

Уи анэ къилъхуам утетхыхьыну ­гугъущ: абы хужыпIэфынур фIыщи, узыщытхъужу уакъыщыхъун­кIэ хъунущ, арщхьэкIэ а къалэныр сэ сщегъэпсынщIэ си шынэхъыжь Хьэ­тIутIэ цIыху нэIурыту, и IуэхущIафэхэмрэ дуней тетыкIэмрэ куэд щыгъуазэу зэрыщытам. Абы кIэ­рымылъаи пхукIэрылъхьэнукъым, бгъэдэлъаи пхубгъэдэхынукъым.

ЦIыхубэм фIыкIэ ягу къинэжа

Бэрбэч ХьэтIутIэ си къуажэгъуу икIи си ныбжьэгъуфIу щытащ. Ди Аушыджэр жылэжьым дэт курыт школым дыщызэдеджащ. ИужькIэ, 30 гъэхэм я пэщIэдзэхэм, ди гъуэ­гуанэхэр зэхэкIащ икIи куэдрэ дызэримыхьэлIэу екIуэкIащ. ХьэтIутIэ Налшык дэт педтехникумым щIэтIысхьащ. Зэман дэкIри, сэри а еджапIэм сы­кIуащ, ауэ абы щыгъуэ Бэрбэчыр Ленинград щеджэкIэт.

ГъащIэм и нэхунэ

ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм ди къэралым ще­кIуэ­кIа щIэныгъэ-техникэ революцэм къигъэува къалэнхэм ящыщт зызыужь экономикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр. ГъащIэм и бэуэкIэр псэкIэ зыхэзыщIэ Бэрбэч ХьэтIутIэ, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, а Iуэхум егупсысакIэщ иджыри кандидат лэжьыгъэр щигъэхьэзыр зэманым.

Лъэпкъым и къуэ гъуэзэджэ

КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яхэтщ. 1958 гъэ

 

КъБКъУ-м и япэ ректор

Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и ­Совет районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1916 гъэм мазаем и ­25-м къыщалъхуащ. Илъэсибл школыр 1931 гъэм абы къы­щиу­ха нэужь, Бэрбэчым еджэным щыпищащ Новочеркасск къалэм дэт курыт школым. Налшык дэт педагогикэ техникумым егъэджакIуэ IэщIагъэр щызригъэ­гъуэтри, 1936 - 1940 гъэхэм и щIэ­ныгъэм щыхигъэ­хъуащ Крупская Надеждэ и цIэр зэрихьэу Ленинград дэта институтым.

Къэралпсо утыкур ягъэбжьыфIэ

 

Урысей Федерацэм каратэмкIэ и ныбжьыщIэ зэпеуэ Орёл къалэм мэлыжьыхьым и 3-6 махуэхэм щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм абы фIыуэ зыкъыщагъэлъэгъуащ.